Я зэфIэкIхэр къалъытэу къыхахНалшык къалэм футболымкIэ и спорт еджапIэм и щIалэ ныбжьыщIищым иджыблагъэ зэгурыIуэныгъэхэр иращIылIащ Урысей Федерацэм и Премьер-лигэмрэ (РПЛ), Япэ лигэмрэ (ФНЛ) щыджэгу командэхэм ящыщхэм. Псалъэм къыдэкIуэу, Хэжь Астемыр хыхьащ Сочэ къалэ и «Сочи» футбол командэм, Хьэшкул Астемыр «СКА-Хабаровск»-м (ФНЛ), Къардэн Заур Мэзкуу и «Локомотив»-м. Налшык къалэм футболымкIэ и спорт еджапIэм мы зэманым зыщагъасэ ныбжьыщIэ 345-м, абыхэм тренер 12 ядолажьэ. ЕджапIэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэгъэпэщащ, щIэныгъэ-методикэ семинархэр щIэх-щIэхыурэ ирагъэкIуэкI. Абыхэм кърагъэблагъэ тренер цIэрыIуэхэр, спорт медицинэмкIэ, физиологиемкIэ IэщIагъэлIхэр, нэгъуэщIхэри. 2023 гъэм и щэкIуэгъуэм еджапIэм къыхуагъэфэщащ «Сабий футболымкIэ центр» фIэщыгъэр. Абы Iэмал кърет лэжьыгъэ, къызэгъэпэщыныгъэ, методикэ, финанс я лъэныкъуэкIэ РФС-м и гулъытэ ягъуэтыну. Апхуэдэуи хуитыныгъэ иIэщ РФС-м и программэ хэхахэм, проектхэм, грантхэр къэхьыным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэм хэтыну, тренерхэм я Iэзагъэм хагъэхъуэну, зыуэ щыт методикэм тету сабийхэр футболым хуагъэсэну, зэхьэзэхуэхэм кIуэну. БАТОКЪУЭ Албэч.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|