Нэхъ лъапIэ дыдэу ящэжа тхылъитху

 

ХХ лIэщIыгъуэм ятха тхылъ нэхъ лъапIэ дыдэхэр XXI лIэщIыгъуэм аукционкIэ ящащ.

Джойс Джеймс и «Улисс» романыр иту япэу къыдэкIа тхылъыр тхакIуэм и Iэр щIэлъыжу, ящащ доллар 460 500-кIэ.

«И восходит солнце» романыр 1926 гъэм къыщыдигъэкIам Хемингуэй Эрнест тхэн щIэзыдзагъащIэ ныбжьыщIэт. Абы къыхэкIыу тхылъым и бжыгъэр мащIэ дыдэт. 2004 гъэм тхылъхэм ящыщ зы доллар 366 400-кIэ щащащ аукционым.

Керуак Джек и «В дороге» тхылъыр доллар 185 500-кIэ ящэщ. Абы итт романыр зытхам и ныбжьэгъу Джонс Джойс зэрызыхуигъэза тхыгъэ.

Фитцджеральд Фрэнсис Скотт и «Великий Гэтсби» тхылъым и щыпэ къыдэкIыгъуэхэр псынщIэ дыдэу ящэхуауэ щытащ. Ар XX лIэщIыгъуэм америкэ литературэм и роман нэхъыфI дыдэу къалъытахэм ящыщщ. Япэу къыдэкIа тхылъхэм ящыщу къэнар мащIэ дыдэщ. Ахэм яз ящащ доллар 167 487-кIэ.

Нобель ЛитературэмкIэ и саугъэтым и лауреат Фолкнер Уильям тхэн къызэрыщIидзар усыгъэщ. Япэ дыдэу езым и мылъкукIэ, и бжыгъэр  500 хъууэ, къыдигъэкIауэ щытащ «Мраморный фавн» тхылъыр. ТхакIуэр цIэрыIуэ хъуа нэужьщ япэ тхылъым мыхьэнэ щратар. 2002 гъэм, и адэ-анэм тыгъэ хуищIа, абыхэм зэразыхуигъазэ псалъэхэр зытритха тхылъыр къагъуэтыжри, ар аукционым доллар 95 600-кIэ щащащ.

ГЪУЭТ Синэ.

 

 

Поделиться:

Читать также: