Уи нитIыр, уэсыр, си тхьэлъэIур

* * *

Уи нитIыр, уэсыр, си тхьэлъэIур,
ГъащIитI зи ныбжь щIымахуэ гъуэгур.
Уигу щIыIэрысым зыдезгъэкIуу,
Уэс налъэ йоткIухьыж си Iэгум. 

Мы жэщым уэсыр къыпыщэщу,
Къуажэ жейбащхъуэм йодэхащIэ.
Мы жэщым уи цIэр къиIущэщу,
Мазэр хъыринэ ирегъащIэ.

Уэс налъэ къэс къытощ уи нитIыр,
Уэс налъэ къэс егъэпщкIу зы щэху.
ЩIымахуэ шылэм и кум ситу
Уэс жылэ зыIэпызогъэху…

Уи нитIыр, уэсыр, си тхьэлъэIур
ЩIымахуэ вагъуэхэм яхъумэ.
Жэщыр щыупщIыIукIэ, соплъэ уэгум,
Уэс налъэ къэс щхьэц налъэ тхъууэ.
11.01.2019.

* * *
Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
НэгъуэщI дуней сыхобзэхэж,
НэгъуэщI хьэуа сыхоIубэж.
Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
НэгъуэщI щIымахуэ сытохьэж,
НэгъуэщI зыгуэрым сыхуопэж.
НэгъуэщI уэрэд, нэгъуэщI макъамэ,
НэгъуэщI уэрам, сымыцIыхуауэ,
НэгъуэщI унэбжэ, гъэбыдауэ,
ИгъащIэм зыми Iуимыхауэ.
БжэщхьэIум си лъэр къытенауэ,
Зы гъуджэ гуэр срагъэплъауэ,
Къищар сэрауэ-сэрмырауэ, 
Зыгуэрым и Iэр къишияуэ…
Ауэ…
Уи сурэт закъуэр къызощтэжри,
Зэрыдунейуэ къыслъохьэж,
НэгъуэщIу хъуари мэлъэлъэж,
НэгъуэщIу хъуари мэбзэхыж,
НэгъуэщI щIымахуэр Iурехыж,
Уи деж гупсысэм сынехьыж.
25.01.2019.

Гухэлъ уэлбанэ

Аргуэру уафэр къызогъачэ,
Аргуэру щыблэм зызошэкI.
Гъэмахуэ уэшхыр си IуфакIэу,
Гухэлъ уэлбанэ узоIуэкI.

Гухэлъ уэлбанэм и ткIуэпс уэрхэм
Щыуагъэ мин къыпхурабжэкI.
ЗыщыбгъэпщкIуа пшэ унэ гуэрхэм
Уэшх защIэу зыкъаублэрэкI.

Дыгъэм и нэкIу уримыгъаплъэу,
Лъэныкъуэ зещIри къыппокIуэкI.
СитIысхьэжауэ уафэ-тахътэм,
Гухэлъ уэлбанэ узощIэкI. 
1.07.2019.

***
ЩIымахуэр ищтыхьри и пIэм,
Уэс налъэр хьэуам щыщ хъуат.
Иджыри уIутт бжэIупэм,
(Уи щхьэцым тхъугъэ хипхъат).

Къехуэхри щэщат сыхьэтыр,
Зэманыр Iурихыпат.
Хьэлъэу си напIэр сIэтри,
Уи нэIур къэслъыхъуэжат...

ЩIымахуэр щыбзэхт си пэшым,
ЩыIэжыр сыхьэт къутат.
БжэIупэм къыIутт нэгъуэщIи,
ЩIымахуэу имыщIэхат.

Уэс налъэ щыткIужт си Iупэм,
Си нэкIум къытещт зэлъа.
ЩIымахуэкIэ си гур ипIэу,
Уи напIэм сыщIэбгъэпщкIуат.
30.07.2019.

***
Дыщэ хъарыр къызэпхъухи,
Къызбгъэдэс ныщхьэбэ…
Уафэм пшэплъыр ирекъухри,
ЩIы диям тоIэбэ.

Хьэцыбанэ мыщIэ плъыжьыр
ХокIуэсэжыр жэщым.
Махуэм банэу къыхичыжыр
Йощэщэж и куэщIым.

Уафэм пщIыхьу щызэхалъхьэм
ЩIожеикIыр къуажэр.
Си щхьэцыгъуэм Iэ къыдилъэу,
Бжьыхьэм срешажьэ.

Вагъуэ быным сызэхахри,
Уафэм щызэщIоблэ…
Тхьэмпэ хъарыр къызэпхъухи,
Къызбгъэдэс ныщхьэбэ.
23.09.2019.

***
БалигъыпIэ иува си усэр
ЛъапэпцIийуэ пщIантIэм къыдохьэж.
Дунейм щыщу зы дурэш къылъысмэ,
Щэхуу кърихьэкIхэр щеIуэтэж.

БалигъыпIэ иува си усэр
Жьыбгъэ мащIэм IэфIу хозэрыхь.
Хадэм йохьэ, жыгхэм ар йоIусэ,
Тхьэмпэ къэс дамыгъэ трещIыхь…

Тетщ бжэщхьэIум, и гупсысэр изу,
Мы екIуэлIэжыгъуэр сыту гугъу…
Къыпэплъа унэбжэ дамэдазэр,
Жьыбгъэр къыщыIухьэкIэ, мэкIыргъ.
25.11.2019.

***
Нэхущым вагъуэ ибжыжти,
ИрикIутэжт уафэ жып.
Пщэдджыжьым и Iупэ плъыжьыр
Хьэуа щIыIэмыл еIубт.

Мы къуажэм щхьэщытт удыгъи,
Жей щIыхуэ иджы ипшынт.
Адакъэм и Iуэгъуэ псыгъуэм
Хьэуам щешэкIат дыжьын.

Згъэзэжти си сабиигъуэм,
Жейбащхъуэу сытетт бжэщхьэIу.
Ирихурт уэнжакъым Iугъуэ,
Къыпихыу щIакхъуэмэ IэфI.
27.11.2019.

Хьэ банэ макъыр - жэщым

Хьэ банэ макъыр жэщым хозагъэ,
Уафэр зэсшэкIыурэ сыббгъэдотIысхьэ.
Мо гъуэгущхьиблым языр ди лъагъуэщ,
ЩыдгъэфIэжыну зэгуэр ди жьыщхьэ.

Хьэ банэ макъым жэщыр йосэжыр,
Бжьыхьэу къэсщIэжым балигъ сохъукI.
ЖэщкIэ уэздыгъэр щыблэ унэжьым
ГъащIэм и макъыр къытхущIоIукI.

Хьэ банэ макъым си гур дотыншыр,
Жэщыр си пэшым къыщохуэбэж.
Къуажэр къысIуплъэурэ нэбэнэушэу,
Щызоущэхур си гум зы пэж.
17.02.2020.

ЩIымахуэ уэрамыр

Уэсым игъафIэрт къалэ уэрамыр,
Мазэ хъурейм тхуигъэтIыгъуэрт насып.
Зэджэр уэрауэ, зэджэр сэрауэ,
Жьым дыкъифыхьурэ уэсыр ищыпт.
Жэщым хэкIуасэрт щIымахуэ уэсыр,
Къалэм зэхилъхьэрт гухэлъ уэрэд.
ЛIыгъэу си пащхьэм щызэхуэпхьэсыр
Си нэм щIэкIуадэурэ, уэсым дыхэтт.
Къалэ уэрамым щIипщытыкI си гур
Мазэ гуфIакIэм къыщыхуэбэжт.
Уэсыр чэсейуэ исэрт уи Iэгум,
ЩIымахуэ дахэт, щIымахуэ пэжт.
Уафэм гухэлъыр щыунэзауэ,
Жэщым и щIыфэм уэскIэ къеIусэрт.
ЩIымахуэ шылэу дызэхуэзауэ,
Уэсыр ди гъусэт, уэсыр ди гъусэт!
23.02.2020.

Уи уэрамым

Уи уэрамым иджы сыщогъуащэ,
Уи уэрамым иджы сыщокIуэд.
Пкъо уэздыгъэм иутхыпщI нэху мащIэм
Еукъуэдиижыр уи уэрэд.

Уэшхым IэплIэ защIэу зызошэкIыр,
ТкIуэпсхэри си лъэгу щызогъэджэгу.
Мы уэрамыр уэшхым къозэвэкIыр,
КъыщызэпырыкIкIэ уафэ гъуэгу.

Уэ, зэман, зыщIыпIи умыпIащIэ,
Мы уэшх хуабэр си плIэм томылъэф.
Мы уэрамым сыдэтащ игъащIэм,
ЖэщкIэ сыщеIубу хьэуа IэфI.

Мы уэрамым умылъыхъуэ и кIэм,
Уэшхыр си гум щызу сытегъэт.
Пкъо уэздыгъэм хэкIэзызэр уи цIэрщ,
Уэшхым щыкIэрахъуэр уи сурэтщ.
22.03.2020.

***
Къызэщыури, уэсэпс еIубауэ,
ЩIыуэпсым зеукъуэдий.
Нэхущ жейбащхъуэм пшэплъым хуищI бахэр
Ещтэжыр дыгъэ лъэдийм.

Зеукъэбзыпэри, хуиту мэбауэ,
Жьыбгъэр щоджэгу и джийм.
Къэрабэ хужьхэр жьым къищыпауэ,
Уэгу къэхъуэпсам хуеший.

Мес, псыIэрышэр бгышхуэм йопсалъэ,
ГуфIэурэ йошкIурэх.
Вагъуэхэм уэгум щызэрат пIалъэм
Уащхъуэр щоумэзэх.
14.04.2020.

Мэжджытжыг мэгъагъэ

Щогъагъэ хадэм мэжджытжыг,
Гухэлъыр щыму зэпытIыгъщ.
Гъатхэкуращ насып лэгъунэр,
Из сощIыр си Iум гъатхэм и мэр.
Жыг хадэм гъатхэр йодэхащIэ,
БэуэкIэ щIылъэм ирегъащIэ.
Псынэпсым къыхэIукI макъ псыгъуэр
Дунейм аргуэру и щIэщыгъуэщ.
Щогъагъэ си гум мэжджытжыг,
Зы гъатхэ тIуми зэпытIыгъщ.
Мо уафэ къабзэу гухэлъ гъуджэм
Ди вагъуэу дапщэ къыщыуджрэ!
Мы гъатхэм ешэкIащ удыгъэ,
Хьэуам ди плъэгъуэхэр хиIыгъэу.
Сэ гъатхэм Iурыслъхьащ уи макъ,
НыпкIэлъыжысIэу «зыхуэсакъ».

***

Си гупсысэр пкърымызэгъэжу,
МэкIэрахъуэ, мэджэрэз дунейр.
Си Iэр бутIыпщыжмэ, ущIегъуэжу,
УтепшэхъукIынущ щIы хъурейм.

Уафэм си гукъанэу дэспхъеяхэр
Уафэгъуагъуэу, щыблэу къызэгуоч.
Пшэ гуэрэным уэшхыу къыпхитхъахэр
УмыгъэудэIужмэ, ягъэ йокI.

Си гупсысэм игъэудэрэщхъуауэ,
ЩIылъэм зимыщIэжу пыхьэ-пыкIщ.
Си жэуапыр жэщым хэIуэщхъуауэ,
Уафэм вагъуэ мин щоункIыфIыкI.

Уи гъунапкъэм бжыхь къебгъэувэкIахэм
Салъэцырхъмэ, мэкъутэж дунейр!
Си уэлбанэм утеплъэкъукIакъэ,
НыплъэщIыхьэжынущ тIэуней.
4.05.2020.

Гущэкъу 

Зэгуэр, гъатхэкуу, тхурабзат гущэкъу,
Дыкъытемыхьэ щIыкIэ мы дунейм.
Пщэдджыжьу дыгъэр къиплъэри ди нэIу,
Ди Iэгум трипхъат лэдэх щыкъуей…

Сэ гъатхэ къэс си Iэгур соIуэтыж,
Пщэдджыжь къэсыхуи дыгъэ тызогъапсэ.
Уи Iэгу лэдэххэм ещхь сымыгъуэтыж,
ГущапIэм къыхэсхауэ, лэдэх кIапсэ…

Аргуэру гъатхэщ. Гъатхэ укIытэхщ.
НысащIэ джанэщ щIылъэм зыщитIагъэр.
Нэхущым гъатхэ дыгъэм сыIуплъэху,
Уи псалъэ жылэ си гум къыщогъагъэ.
5.05.2020.

***
Къуажэр хьэ банэ макъым
Iуэщхъуурэ щIожеикI.
Мы си гупсысэ къакIуэр
Жэщым къыхокIиикI.

Мы си гупсысэ къакIуэм
Уи цIэр изоудэкI.
Жэщым сIэта и кIапэм
ГъащIэ къеублэрэкI.

ПщIыхьым къыхэхуа псалъэр
Жэщым и куэщIым илъщ.
Уафэм къыщыщIэзгъалъэ
Вагъуэхэр щIыIэмылщ.

Жэщым и щIыфэ щIыхум
КъыщытрищIэм нэху,
Си гум ущыIурехри,
Уи нэм сыщIэмыплъэф.
7.05.2020.

***
Уи бгъафэм, лъахэ, сыщIэгъапщкIуэ,
КъыщысхуэщIыIэкIэ дунейр.
Си жэщыр щIэщхъукIэ къомыгъаскIэ,
Аращ, си лъахэ, сызыхуейр…
Къысщхьэщыувэ къуршу, бгыжьу,
Псыкъелъэу къыстещащэ зэм.
Уи тафэр си гум щыубгъужи,
КъыхэзгъэщIыкI сурэтхэр пшэм.
Илъэсхэм Iуащхьэу заупэпцIыр,
Си лъахэ, узошалIэ псэр,
Си щхьэцыр тхъуарэ, сэ сылъапцIэу,
КъезбжэкIыу уи лъэс лъагъуэу сщIэр.
Уи щIыфэр мэзмэ, сыныхохьэ,
Уи псыжьхэр нэпсмэ, сырахьэх.
Уи бгыжьхэм я щхьэщыгуи сохьэ,
Сыкъемыхыжу, сыкъохуэх.
ИтIани, жьыбгъэкIэ сыпхъуати,
Лажьэншэу, лъэгум сынехьэх.
УзгъэфIэжыну сыкъэплъхуати…
Уэ узогъафIэ, сыджэлэху.
Уи бгъафэм, лъахэ, сыщIэгъапщкIуэ,
Уэ къыздэпхъумэурэ си щэху.
Уэ къыппощэщыр вагъуэр хъуаскIэу,
ПщIыхь гъуэгукIэ уафэм сынихьэху.
16.05.2020.

***
Псалъэу щыIэр щIэкIуэдэжт уи нитIым,
Макъыу щыIэр зэщIэувыIыкIт.
Щыбэуэжт дунейр уи нитIым хуиту,
Щыкъабзэжти, уэщIым зэпырыкIт.

СыIурихырт, уи нэ кугъуэм ситу,
СыIурихти, мы дунейм зихъуэжт.
КъызэупщIыжынутэкъым нитIыр,
Сэ си пэжыр щIылъэми щыпэжт.

Си илъэсхэм сызэпырыкIыжти,
Уи нэхэм мы си гур щIэспIыкIыжт.
Уэ гъуэгуанэ жыжьэр уигу къэкIыжти,
НапIэм сыщIэбгъапщкIуэу, уIукIыжт.
30.05.2020.

***
Уи псэм сытехутэ псалъэ гугъэфIэжкIэ,
ГъащIэм ику сыносри… сыкъоувыIэж.
Си гум щхьэлмывэжьурэ мы дунейр щихьэжкIэ,
КъыхищыпыкIыжыр уэ къызэпта пэжщ.
Жэщ мыжейр къощIытэ, пщIыхь емыдэIуэжу,
Нытызогъэзэжри, укъызолъыхъуэж.
Жэщыр мэукIытэ, пщIыхьым тхьэ хуиIуэжурэ,
ГъащIэм ику сыносри… Къэхъуа псор мыпэж.
Уи псэм сытехутэ, гъуэгу сытемыхуэжми,
Мы сигу уэгурытыр уигу къыщегъэуэж.
Вагъуэ-щIыIу къищэщхэр уафэм изыдэжу
Си жэщ пыхьэ-пыкIыр къэгъэувыIэж.
3.06.2020.

Уэшх лъэужь

Сэ сынрокIуэжыр уэшх лъэужьым,
Уафэм зэпырыздзу лэгъупыкъу.
ЩIылъэр гъэмахуэпэм къыщоушыр,
Удзыр щыуфафэу и гущIыIу.
Сэ сыныIуотIысхьэ гъэмахуэпэм,
Къыпхуизгъахъуэу псынэпс щIыIэмыл.
Къытеуви къаплъэ гухэлъ бжьэпэм,
Псынэпс щIыфэр дыгъэм егъэкIыл.
Уэ си гъэмахуэпэм упэжыжьэщ,
Пхуэзубгъуами удз гъэгъа щыкI гъуэгу.
Уэ укъытоувэ уэшх лъэужьми,
Лэгъупыкъур къыболъхьэж си Iэгу.
5.06.2020.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: