Владикавказ зэрыщызэпеуэнум зыхуагъэхьэзыр
Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьэным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, абы хэтащ республикэм и щIыналъэхэм къикIа, 2004 - 2006 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэу 50-м щIигъу. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Тэркъан Казбек, Мэкъуауэ Рустам, Хъыжьрокъуэ Умар, Зэшэз Къантемыр, Индрей Къантемыр, Абазэ Аслъэн, Къэнэмэт Алихъан, КIыщ Елдар, Балъкъыз Елдар сымэ. Дыжьын медалхэр цIыхуипщIым хуагъэфэщащ, домбеякъ медалхэр тIощIым иратащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм Iэмал ягъуэтащ КИФЩI-м пашэныгъэр къыщыхьыным теухуауэ мазаем и 1 - 5-хэм Владикавказ къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ щекIуэкIыну зэпеуэм хэтыну. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
06.05.2024 - 15:33 →
Тхум щыщу тIум
06.05.2024 - 14:02 →
Спорт хъыбархэр
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
|