Ласицкене зэкIэ ещанэщЛукашевич Юрийрэ Середкин Вячеславрэ я фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ атлетикэ псынщIэмкIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Челябинск къалэм. Абы щызэпеуащ Урысеймрэ Белоруссиемрэ я спортсменхэр.
Зэхьэзэхуэм хэтащ лъагапIэхэм елъэнымкIэ Олимп Джэгухэм я чемпионкэ Ласицкене (Кучинэ) Марие, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ещанэ увыпIэм фIэкIа къыхуэхьакъым. Япэ увыпIэр иубыдащ Белоруссием щыщ Демидик Каринэ. Абы къищтащ метр I,92-рэ лъагагъыр. ЕтIуанэ хъуащ ди къэралым и спортсмен ныбжьыщIэ Спиридоновэ Наталье (метр I,90-рэ). Ласицкене къищтащ апхуэдэ дыдэ лъагапIэр, ауэ абы елъэгъуэ нэхъыбэ тригъэкIуэдащ.
«Нобэ къэзгъэлъэгъуахэм арэзы сыкъащIыркъым, ауэ ар си гум езгъэжалIэркъым. Си тренерым зэрыжиIэм хуэдэу сщIынущ - абы ещIэ Iуэхур зэрыхъунур икIи адэкIэ сыкIуэтэн хуейуэ аращ. Иджы сэ сыхэтынущ Мэзкуу къалэм мыгувэу щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм, абы иужькIэ - «Битва полов», «Урысей щIымахуэр» зэпеуэхэм, Урысей Федерацэм и чемпионатым, нэгъуэщIхэми.
Си узыншагъэм сытегузэвыхьыркъым, си Iэпкълъэпкъри хуэхьэзырщ къыспэщылъ лъагапIэхэм. Къысхуэнэжыр си техникэм селэжьын хуейуэ аращ», - жиIащ Ласицкене Марие зэпеуэ нэужьым.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
02.05.2024 - 16:33 →
Гуп зэпеуэм щыяпэщ
|