Лэгъупыкъур телъыджэщ

Лэгъупыкъур уафэм къоувэ уэшх ткIуэпсхэр дыгъэпсым къыщыпэцIум деж. Япэ дыдэу абы хэт плъыфэхэр къриIуауэ щытащ инджылыз математик, физик, астроном Ньютон Исаак. Япэ щIыкIэ абы игъэщхьэхуащ плъыфитху: плъыжь, гъуэжь, удзыфэ, щхъуэ, шакъафэ. ИужькIэ плъыфэхэм я бжыгъэр макъамэм и нотэхэм япэбжу къилъытащ. Лэгъупыкъур хъурейщ. Хъурей ныкъуэу ар щIэтлъагъур щIым диплъыкIыу абы дызэрыхудэплъейм къыхэкIыущ. Кхъухьлъатэм уису лэгъупыкъум уеплъмэ, ар зэрыхъурейр къэплъэгъунущ.
Языныкъуэхэм деж зы лъэгъупыкъум и хъуреягъкIэ етIуанэ, тIэкIу нэхъ фагъуэу къыхыболъагъукI. Уэшх ткIуэпсхэм нэхур тIууэ щызэтепщIыкIыу аращ. ЕтIуанэ лэгъупыкъур и плъыфэкIэ зэгъэзэкIа хуэдэщ - шакъафэр и щIыIумкIэ, плъыжьыр и кIуэцIымкIэ щыIэщ. Апхуэдэу зэпэщылъ лэгъупыкъуитIым я зэхуакум уафэр щынэхъ фIыцIафэщ. Абы йоджэ Александр и уафэ бзыгъэкIэ. А фIэщыгъэр пасэрей алыдж гупсысакIуэ, Афродийский Александр и цIэм къытехъукIыжащ. Ди эрэм и 200 гъэхэм ар япэу лэгъупыкъуитIым я зэхуакум щыплъагъу уафэ бзыгъэм тетхыхьауэ щытащ.
ЩыIэщ «мафIэ лэгъупыкъукIэ» щIэныгъэлIхэр зэджэри. Апхуэдэ лэгъупыкъу къыщыунэхум деж дыгъэм и нэхур зытридзэр уэшх ткIуэпсхэркъым, атIэ мыл кристалл цIыкIухэрщ. Нэхур телъыджэу тредзэри, теплъэ узытхьэкъу иIэ мэхъу лэгъупыкъуми. Пэжщ, апхуэдэм ущрихьэлIэр зэзэмызэщ.
Къапщтэмэ, ди зэманым цIыхухэм зрагъэсащ IэрыщIу лэгъупыкъу къагъэхъуу. Абы папщIэ, хьэуам псы хаутхэри, нэху трагъадзэ. Нэху трегъэдзэным Iэмал щхьэхуэ иIэжщ, щэху куэд хэлъу. Ар бгъэзэщIэнуи тыншкъым.
1637 гъэм лэгъупыкъум и теориер игъэбелджылауэ щытащ франджы философ, математик Декарт Рене.
Жэщу лэгъупыкъу къыщыпхуэлъагъур зэзэмызэххэщ. Абы щыгъуэм ткIуэпсхэм тридзэр мазэм и нэхурщ. Нэхъыбэрэ а къэхъукъащIэ дахэр къыболъагъу пщэдджыжьым е пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу. Сыту жыпIэмэ, лэгъупыкъху къэунэхун папщIэ дыгъэм и нэхур уэшх ткIуэпсхэм ялъэIэсын хуейщ градус 42-рэ хуэдизыну къуапэм (угол) щыIэу. Аращ шэджагъуэм лэгъупыкъу къыщIэмыхъур.
ГъэщIэгъуэнщ лэгъупыкъу зэфэзэщи зэрыщыIэр. Апхуэдэ лэгъупыкъухэр плъыжьщ е хужьщ.
2016 гъэм, мэлыжьыхьым и 5-м Канадэм, ахъшэ щащI пащтыхь унэм (монетный двор) дыжьын ахъшэ къыщыщIагъэкIащ лэгъупыкъу тету. Ар «дунейм и къэхъукъащIэхэр» серием щыщ. Лэгъупыкъу тращIыхь хабзэщ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм я ныпхэмрэ я гербхэмрэ, логотипхэм.
Нэхъыбэ дыдэрэ уафэм ита лэгъупыкъум 1994 гъэм гъатхэпэм и 14-м Великобританием щыкIэлъыплъауэ щытащ. Ар пщэдджыжьыр сыхьэти 9-м щегъэжьауэ, шэджагъуэм сыхьэтыр 3 хъуху кIуэдыжакъым.
 

 

 

ХЬЭГЪЭБАНЭ Залинэ.
Поделиться: