МурадыщIэхэм хуагъэуш

Урысейм къыщыхалъхьа, «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» зи фIэщыгъэ лъэпкъ пэхуэщIэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэфIигъэкIащ.
КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, 2023 гъэри цIыхухэмрэ автомашинэхэмрэ щызэхэзекIуэ гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным, телъхьэным икIи зегъэубгъуным, цIыхубэм я тыншыгъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ къызэгъэпэщыным тещIыхьауэ екIуэкIащ.
«Жылагъуэм дэлэжьэныр, едгъэкIуэкI Iуэхугъуэхэр абы къызэрыщыхъум теухуауэ лэжьыгъэр гъэпсыным мыхьэнэшхуэ идот. Илъэс къэс дубзыху ди лэжьыгъэр иужьрей илъэс зыбжанэм зэфIэдгъэхьа хъуа Iуэхугъуэхэм нэхъ пасэм зэрыщытам иралъыткIэрэ, наIуэ къохъу цIыхум иIэ хъуа еплъыкIэ нэхъыбэр пыщIа зэрыхъуар. Абы Iэмал къыдет зыхуэдгъэувыж къалэнхэмрэ цIыхубэр зыхуэныкъуэмрэ зэпхауэ жэрдэмхэр къыхэлъхьэным», – щыжаIэ къулыкъущIапIэм. Урысейм иджыблагъэ цIыхухэм зэрыщеупщIам къигъэлъэгъуахэр абы щыхьэт тохъуэ.
УФ-м Гъуэгуухуэ IэнатIэмкIэ и къулыкъущIапIэм и унафэщI Новиков Роман зэрыжиIэмкIэ, гъуэгухэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ къэралым щекIуэкI лэжьыгъэмкIэ цIыхубэм я нэхъыбэр арэзыщ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр зэрекIуэкIым, гъуэгухэр хэпщIыкIыу зэрефIакIуэм, цIыху зэхэзекIуапIэхэмрэ машинэ зэхэзежапIэхэмрэ дамыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ техникэ IэмалхэмкIэ зэрызэщхьэщагъэкIым гу лъымытапIэ иIэкъым.
Республикэм Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» къэрал программэр зэрылажьэ щIыкIэм, гъуэгуухуэ IэнатIэм къащехъулIэмрэ щыщIэныгъэ зиIэхэмрэ зрагъэщIэн папщIэ цIыхубэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ зэралъэIэсыным, я Iуэху еплъыкIэхэр лэжьыгъэхэм зэрыхалъхьэным иужь итщ.
«КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэмрэ гъуэгуухуэ лэжьакIуэхэмрэ ящIыгъуу гъуэгущIэхэр щытралъхьэ е ахэр щызэрагъэпэщыж жылэхэм щIэх-щIэхыурэ докIуэ. IэнатIэм щекIуэкI лэжьыгъэхэм ди нэIэ ятетщ, щыщIэныгъэ тлъагъухэр унафэщIхэм яжыдоIэ, цIыхум зэран къыхуэхъужын, и ягъэ къызэкIын нэмыщIысыныгъэхэр, Iэмал зэриIэкIэ, блэдгъэкIыркъым», - жиIащ Урысейпсо цIыхубэ фронтым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ щIыналъэ къудамэм щыщ Тхьэмокъуэ Анзор.
2023 гъэм къриубыдэу жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгуухуэ лэжьыгъэр щекIуэкI зы щIыпIэ къамыгъанэу кIуащ.
- Дэ къызэрыдгурыIуамкIэ, гъуэгухэм цIыхухэм яIэ экономикэ икIи жылагъуэ хуитыныгъэхэр къызэрагъэпэщ. АбыкIэ гуныкъуэгъуэ щыIэ хъуа нэужь, щIыналъэм щекIуэкI IуэхуфIхэми бжьыгъэ тредзэ. Апхуэдэ къэмыгъэхъунырщ дызыхущIэкъури, зыкъытхуагъэза нэужь, икIэщIыпIэкIэ а щIыпIэм дыкIуэу Iуэхур зыIутыр зэхэдгъэкIыну иужь дитщ. Ар IэмалыфI дыдэщ гъуэгуухуэхэм я лэжьыгъэм и фIагъри къэплъытэну. 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгуу щытралъхьэ икIи ухуэныгъэхэр щекIуэкI щIыпIэхэм псоми дыщыIащ. Жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ къалэнхэр зэрыдгъэзащIэм къыхэкIыу, гъуэгухэм я фIагъыр зыхуэдэмрэ гъуэгуухуэ мардэхэр зэрагъэзащIэмрэ къыщытпщытащ, щыщIэныгъэ щытлъагъу щIыпIэхэм яхудиIэ гуныкъуэгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр дгъэхьэзырурэ къулыкъущIэхэм я пащхьэ итлъхьащ. Къыхэгъэщын хуейщ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм апхуэдэ жэрдэмыр игъуэу къызэрилъытэр, цIыхум и арэзыныгъэр ипэ игъэщыныр нэхъыщхьэу къызэрилъытэр, - жиIащ Тхьэмокъуэ Анзор.
Шэч хэлъкъым - къулыкъущIапIэм и лэжьыгъэр къэзыIэтхэм ящыщщ ар жылагъуэм пыщIауэ, абы и лъагъукIэхэм я нэIэ тригъэту къызэрекIуэкIым. Абы иупх хъунущ Урысейм зи гъуэгухэр нэхъыфIу къалъыта хэгъэгуитхум Къэбэрдей-Балъкъэрри зэрахэхуам. Дагъуэ гуэрхэр щыхуащI къыхэкIми, гъуэгуухуэ IэнатIэм и къалэнхэр нэсу зэригъэзащIэр, иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэм щыщIэныгъэ къызэрыхэмыкIыным зэрыхущIэкъур нэрылъагъущ. Ауэ, нэхъыщхьэращи, екIуэкI гъуэгуухуэ лэжьыгъэхэм цIыхум халъэгъуащ я узыншагъэр зыхъумэ икIи тыншыгъуэхэр къахузэзыгъэпэщ жэрдэмхэр. Гъуэгу хуэIухуэщIэхэм ехьэлIа упщIэхэм жэуап езытахэм псоми апхуэдэ гупсысэхэр къыхэщащ.
«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» къэрал программэр зэрыщылажьэ щIыкIэм ехьэлIауэ цIыхухэр къыщагъэпсалъэм, машинэ жапIэ тIуащIэ зиIэ, сэмэгумкIи ижьымкIи хуэзэу лъэмыжхэр зэраухуэр, щыIэхэр а мардэхэм тету щIэрыщIэу зэрызэрагъэпэщыжыр, гъуэгухэм зэрызрагъэубгъур, абыхэм я нэзхэр зэрагъэбыдэр, жылагъуэ-экономикэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм я екIуэлIапIэхэр зэIузэпэщ зэращIыр къыхагъэщащ. Псом хуэмыдэу абы и IуэхукIэ зи арэзыныгъэр къэзыIуатэр къуажэдэсхэрщ. Иджырей гъуэгу ухуэкIэ мардэхэм къагъэув гъуэгу занщIэм телъ асфальт пIащIэр техауэ геотекстиль илъхьэныр, ар къатитIу зэтелъхьауэ асфальтбетонкIэ гъэбыдэжыныр, гъуэгу напщIэхэр къэIэтыныр . Абы къищынэмыщIауэ, Iэмалыншэу зэпрыкIыпIэхэмрэ зэблэкIыпIэхэмрэ яхуэфащэ нагъыщэхэмкIэ къыхагъэщын, къуажэм и кIыхьагъкIэ гъуэгум тет къэувыIэпIэхэри къагъэщIэрэщIэжын хуейщ. ЦIыхухэм яхэупщIыхьахэм къызэрыхагъэщамкIэ, гулъытэ хэха зыхуащIа мы щхьэхуэныгъэхэм зыпэрыт Iуэхур бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ къагъэбеящ, зэмыгупсыса е жэрдэмым къыхамылъыта гупсысэ куэдым щIэрыщIэу хагъэплъэжащ.
Къэрал программэм къызэригъэувымкIэ, 2030 гъэм ехъулIэу щIыналъэ гъуэгухэм я процент 60 нэхърэ мынэхъ мащIэр зэгъэпэщыжауэ, процент 85-м хуэдизым уэздыгъэ пкъохэри тегъэувэжауэ щытын хуейт. Тхьэмокъуэ Анзор гуапэу къыхегъэщ а къалэнри гъуэгуухуэ IэнатIэхэм и кIэм зэрынагъэсыр. «Иужьрей илъэсхэм гъуэгуухуэ IэнатIэм къызэринэкIа лэжьыгъэхэм уащыхэплъэжкIэ, апхуэдэу щыщIэныгъэшхуи хэлъауэ пхужыIэнукъым. Ауэ гу зылъедгъэтэжа зыбжанэ зэригъэзэхуэжащ, икIи, нахуэ зэрыхъуащи, апхуэдэ кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэ къыптетыныр лэжьыгъэр фIы и лъэныкъуэкIэ зыунэтIщ, щыщIэныгъэхэмрэ нэмыщIысыныгъэмрэ зыгъэкIуэдщ», - жиIащ Тхьэмокъуэм.
«ЦIыхум гъащIэр гъуэгум тету ехь, абыхэм я шынагъэншагъэр къызэгъэпэщыныр, щызекIуэ щIыпIэхэр фIагъ и лъэныкъуэкIэ дагъуэ имыIэу къэIэтыныр узэбакъуэ мыхъун хабзэщ, ар зыхуей хуэдгъэзэныр ди хьэкъщ. ЦIыхухэм я нэIэ къызэрыттетым дыщымыгуфIыкIыу къанэркъым, абы ди лэжьыгъэр еузэщI, мурадыфIхэм дыхуагъэуш», - щыжаIэ КъБР-м Транспортымрэ гъуэгу хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэми.
 

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: