|
Политикэ
9 марта, 2022 - 10:10
Лыджыдэ Аслъэн Хьэжысмел и къуэр Налшык район судым и суд участкэ №6-м и зэзыгъэкIуж судыщIэ къулыкъум гъэувыным и IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
9 марта, 2022 - 09:45
Тхьэмахуэм щIигъуауэ Украинэм щекIуэкI Iуэхум дэтхэнэ зыри дегъэпIейтей. Дэ - журналистхэмрэ блогерхэмрэ - мамырыгъэм дыщIохъуэпс, нэхъапэм ди къэралышхуэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр къэдгъэлъагъуэу зэрыщытам икIэщIыпIэкIэ дыхуэкIуэжыну дыхуейщ. Иджыпсту ди гур зэтар нэгъуэщI зыгуэрщ.
3 марта, 2022 - 13:48
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм граждан зыхъумэжыныгъэр къыщызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIынымкIэ положенэм», Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I6 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м къыдигъэкIа Указ №37-УГ-мкIэ къащтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ
2 марта, 2022 - 13:00
Нобэ зи гугъу тщIыну лъэпкъыр псоми яцIыхуу къащIохъу. Хэт зэ мыхъуми зэ «уи Iэгум сигъаплъэ» жиIэу, цыджан зыбгъэдэмыхьар? Аркъудейр мымащIэу пIэрэ «хэт цыджанхэр зымыцIыхур» жыпIэн щхьэкIэ?
26 февраля, 2022 - 08:36
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и Правительствэм хэтхэмрэ щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ зыхэта зэIущIэ. Абы нэхъыбэу щытепсэлъыхьащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм я цIыхухэу зи псэупIэр IэмалыншагъэкIэ IэщIыб зыщIахэм ядэIэпыкъун зэрыхуейм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм.
26 февраля, 2022 - 07:00
КъБР-м и Парламентым хэт КПРФ фракцэм и унафэщI Пащты Борис абы теухуауэ жеIэ: «ДНР-мрэ ЛНР-мрэ щхьэхуит щIыналъэу къэлъытэныр ди партым и жэрдэму зэрыщытам тызощIыхьри, дауи, сэ апхуэдэ унафэр дызоIыгъ. Абы, псом нэхъыщхьэу, кърикIуэнуращи, лажьэ зимыIэ жьыкIэфэкIэхэр, бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ зэрызэтраукIэм кIэ игъуэтынущ. Къапщтэмэ, иужьрей илъэси 8-м яукIахэмрэ уIэгъэ ящIахэмрэ мин 10 бжыгъэкIэ къыпхуэбжынущ, зи насып якъутахэр - мини 100-кIэ. КъищынэмыщIауэ, Донецк, Луганск щIыналъэхэр зыми и унафэм щIэмыту къэлъытэныр Минск унафэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ щытами, ягъэзэщIакъым.
21 февраля, 2022 - 13:16
Политик лъэщу, къулыкъущIэ пэжу, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щаIэу лажьэ IэщIагъэлI цIэрыIуэу адыгэр зэрыгушхуэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ зи фэеплъ нэху дунейм къытезына, ноби зи цIэр фIыкIэ ираIуэ Тыркуин Анатолэ. Мэздэгу щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа щIалэр балигъыпIэ щиувэм еджакIуэ здиунэтIар Налшыкщ. И хэкужь къихьэжу щIэныгъэ зригъэгъуэта нэужь, абы игъэзэжакъым, нэгъуэщI щIыпIэ Iэпхъуакъым, атIэ и щIэныгъэри зэфIэкIри и адэжь лъахэм къыхуигъэсэбэпу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэуащ.
17 февраля, 2022 - 07:00
«Уа, спорт, уэ умамырыгъэщ!» - а къыхуеджэныгъэм щIэту зэхыхьэу щытащ игъащIэ лъандэм бзэкIи фэкIи зэтемыхуэ къэралхэм я спортсменхэр Олимпиадэ щекIуэкIкIэ. Пекин щызэхэт щIымахуэ зэхьэзэхуэм Украинэм и хъуреягъкIэ екIуэкI политикэ Iэуэлъауэхэр къызэрыхэзэрыхьам а псалъэхэр пщагъэгъупщэ.
17 февраля, 2022 - 06:00
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалым и IуэхукIэ
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалыр гъэувыным и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2021 гъэм шыщхьэуIум и 4-м къыдигъэкIа Указ №90-УГ-м ипкъ иткIэ унафэ сощI:
1. Къэщтэн мы къыкIэлъыкIуэхэр:
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалым и положенэр;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалым тепсэлъыхьыр;
15 февраля, 2022 - 11:48
ШэджыхьэщIэ Мухьэмэд Хьэгуцырэ и къуэр 1923 гъэм мазаем и 23-м Тэрч районым хыхьэ Урожайнэ къуажэм къыщалъхуащ. Налшык педучилищэм щеджа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ институтым и япэ курсыр къиухауэ, 1942 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм я къуажэм игъэзэжри, абы дэт илъэсибл еджапIэм лэжьэн щыщIидзащ.
Страницы
|