Хэку зимыIэм дунейр и унэщ

Нобэ зи гугъу тщIыну лъэпкъыр псоми яцIыхуу къащIохъу. Хэт зэ мыхъуми зэ «уи Iэгум сигъаплъэ» жиIэу, цыджан зыбгъэдэмыхьар? Аркъудейр мымащIэу пIэрэ «хэт цыджанхэр зымыцIыхур» жыпIэн щхьэкIэ?

Цыджанхэм я бжыгъэр нэгъэсауэ къэпщIэну гугъу зыщI щхьэусыгъуэхэм язщ, япэрауэ, ахэр зы щIыпIэ зэримысыр. Урысейм и гугъу пщIымэ, мы лъэпкъыр къыхэтхыкIыныгъэм щыхэмытыххэ куэдрэ къохъу. Шынэу нэгъуэщI лъэпкъхэм захезыгъатхэхэри мащIэкъым. Урысейм дызэрыт зэманым цыджан 200000 щыпсэууэ къалъытэ.

Къэралым и тхыдэ напэкIуэцI зыхэдмыщIыкIхэм яхыубжэ хъунущ 1933 гъэм цыджанхэр Мэзкуу къыдагъэIэпхъукIауэ зэрыщытар. ЗэрыжаIэмкIэ, абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар 1930 гъэхэм гъаблэшхуэ дуней псом зэрыщекIуэкIарщ. Езыхэр зэрызэджэж «рома» лъэпкъым а илъэсыр ягу къинэжащ леишхуэ къазэрытехьамкIэ. Цыджанхэр хуит ящIыртэкъым Мэзкуу, Бытырбыху хуэдэ къалэшхуэхэм километри 100 нэхърэ нэхъ пэгъунэгъуу щытIысыну. ЗдагъэIэпхъуэр езыхэм хухаха КъухьэпIэ Сыбырым щыщ къуажэхэрт.

Махуэ 12-кIэ екIуэкIащ цыджанхэм я ишыгъуэр. 1933 гъэм бадзэуэгъуэм и 10-м Iуэхур зэфIэзыгъэкIа къулыкъущIэм къалэныр зэригъэзэщIамкIэ ОГПУ-м и унафэщI Ягодэ Генрих хуитхырт: «Хъыбар узогъащIэ цыджанхэр Мэзкуу дэгъэIэпхъукIын Iуэхуу мэкъуауэгъуэм и 28-м зыщIэддзар бадзэуэгъуэм и 9-м зэрыдухамкIэ. А пIалъэм къриубыдэу унагъуэ I008-рэ, цIыху 5470-рэ, абыхэм ящыщу цIыхухъуу 1440-рэ, цIыхубзу 1506-рэ, сабийуэ 2524-рэ дгъэIэпхъуащ. А псори Томск пэгъунэгъу лэжьакIуэ къуажэхэм, къызыхэкIа лъэпкъым елъытауэ щыдгъэтIысащ».

Къэралым щыщ адрей цIыхухэми ещхьу, цыджанхэми лей нэхъ ин къащытехьауэ къалъытэр 1937 гъэрщ. Щхьэусыгъуэ къыхуалъыхъуэн хуейуэ къамылъытэххэу, зэрыцыджан къудейм щхьэкIэ, ахэр «узыхуэсакъыпхъэхэм» хабжэрти, минипщI бжыгъэкIэрэ, суди трамыщIыхьу, занщIэу тутнакъэщ лагерхэм яшэрт. 1926 гъэм екIуэкIа къыхэтхыкIыныгъэм ипкъ иткIэ цыджанхэм я бжыгъэр 6000 хъууэ щытамэ, 1937 гъэм ирихьэлIэу къэнэжар мини 2,2-рэ къудейт. Ари ябзыщIыжри, пэжыр къыщыщIэщар 1990 гъэрщ.

Я къежьапIэкIэ цыджанхэр Индием щыщ лъэпкъщ. Езыхэр щыпсэу щIыпIэм елъытауэ, зэмыщхьу зоджэж. Къафэр, джэгур, уэрэдыр, театрыр мыбыхэм къыдалъху. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, дунейм щыцIэрыIуэ лъэпкъ къафэ куэдым я лъабжьэр цыджанхэм я щэнхабзэм йокIуэлIэж. Апхуэдэщ фламенкэри, балкан лъэпкъхэм я уэрэд макъамэхэри.

Куэдым яцIыху икIи фIыуэ ялъагъу Урысейм илъэс 75-рэ хъуауэ щылажьэ, Сличенкэ Николай зи унафэщIу щыта, цIыху 70 зыхэт цыджан театрыр. Зэман дэкIри, Вахтанговым и цIэр зезыхьэ театр училищэм цыджан студие къыщызэIуахауэ щытащ абыхэм я фIыгъэкIэ.

ЕджапIэ щIэсу, лэжьапIэ Iуту ущримыхьэлIэкIэ, мы лъэпкъым къыхэкIахэм дзыхь яхуэпщIыну тыншкъым, дауи. Арагъэнщ сыт хуэдэ къэралми цыджанхэр гугъу щIыщехьыр. Ауэ абыхэм ящыщхэр лъаIуэрэ куэзырыдзу фIэкIа ди хъуреягъкIэ зэрыщыдмылъагъум къикIыркъым цыджанхэм цIыху зызыузэщIа къахэмыкIауэ. Ахэр ди щIыпIэм имысу е дымыцIыхуу аркъудейщ. А гупсысэм и щыхьэту 1979 гъэм Бланк Александр игъэува «Цыджан» фильмым нэхърэ нэхъ щапхъэфI ухуейкъым. СССР-м цIыхуу исым цыджанхэм ятеухуауэ яIэ гупсысэр ихъуэжауэ щытащ а лэжьыгъэ телъыджэм.

Аращи, шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым цыджанхэм щIэныгъэ зыбгъэдэлъ интеллигентхэри, щэнхабзэр хъумэным зи гуащIэ тезыгъэкIуадэ IэщIагъэлIхэри зэракуэдым. 2005 гъэм «цыджан барон» зыфIэзыщыжа, Молдавием щыпсэу Черарь Артур и лъэпкъэгъухэр зэщIикъуэу «Цыджан пащтыхьыгъуэ зэкъуэт» иухуэну хэтащ. АрщхьэкIэ, жыжьэ нэсакъым.

ИпэжыпIэкIэ цыджанхэм зэи езыхэм я къэралыгъуэ яIакъым, ауэ сыт щыгъуи я лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэм зэкъуимыгъэхуу игъэпсэуащ. Ара къыщIэкIынщ абыхэм я къарур къыздикIыр. Дэнэ щыпсэуми, зызымыхъуэж лъэпкъ хьэлым и цIыхур къехъумэ. Зы лъэныкъуэкIэ, абы цыджанхэм «лъэпкъ хуит» цIэ лейр къакIэригъэпщIащ, ауэ ардыдэм къыхэкIкIэ, лэжьапIэ щамыгъуэтыр нэхъыбэщ.

НобэкIэ Урысейм цыджан 200000 фIэкIа имысу жаIэ щхьэкIэ, ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Сличенкэ Николай а бжыгъэр фIыуэ хэгъэщIауэ къилъытэу щытащ. Кърым къудейр къапщтэмэ, абы щыпсэу цыджанхэм я нэхъыбэр тэтэру ятхащ. Европэм мелуан 40-м нэс ису хуагъэфащэ, Индием - мелуан 300-м нэс.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: