Жылагъуэ

Жэуаплыныгъэ лъагэ

Ди гуапэ зэрыхъущи, адыгэ лъэпкъым и мащIэкъым Хэкум, щалъхуа щIыналъэм ехъулIэныгъэ къахуэхьыным зи щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ, гурылъ къабзэхэмрэ жыджэрагъымрэ хьэлэлу хуэзыгъэлажьэ цIыхухэр. Апхуэдэ цIыху гуащIафIэхэм, Тхьэшхуэр къызэрыхуэупсауэ бгъэдэлъ я зэчийм и лъэныкъуэщIэхэр къызыкъуэзыххэм, дзыхь къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри езыгъэфIакIуэхэм, шэч хэмылъу, ящыщщ Емуз Нинэ Гъузер и пхъур.

Балъкъэрхэр езым яфIэфIу Урысейм зэрыгухьар ягъэлъапIэ

Музыкэ къэрал театрым махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ, балъкъэрхэр езым яфIэфIу Урысейм зэрыгухьэрэ илъэси 196-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.
Пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Созаев Ильяс, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ, тележурналист Аттаев Азнор сымэ. Балъкъэрхэм я тхыдэ гъуэгуанэм щыщ Iыхьэхэр - I827 гъэм щIышылэм и II-м балъкъэр лъэпкъыр Урысейм зэрыгухьам теухуахэр – зэIущIэм хэтахэм ягу къагъэкIыжащ.

Зы доллар закъуэ

 БлэкIа илъэсыр ди дежкIэ зыкъомкIэ щытащ зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэу. КъухьэпIэм и санкцэхэм яужькIэ иджы япэ дыдэу ячащ дунейм щытепщэ долларым къыпыкIыу къэралхэм езыхэм я щIыналъэм щызекIуэ ахъшэхэмкIэ сату зэдащIыным хуэкIуэ лъэбакъуэхэр. Ар къызыхэкIари зи лъэщагъыр нэхъыбэу долларым тещIыхьа США-м ар къэралхэм зэратрикъузэ Iэмалу къызэригъэсэбэпырщ. Абы куэд тражыIыхьащи, къытедгъэзэжынкъым.

Бзылъхугъэ усакIуэ зэчиифIэ

Балъкъэр усакIуэ Зумакуловэ Танзиля бадзэуэгъуэм и 18-м 1934 гъэм Iуащхьэмахуэ районым хыхьэ Гирхожан жылэм къыщалъхуащ. Абы и сабиигъуэр зауэ нэужь лъэхъэнэм ирихьэлIати, а зэманым и гугъуехь псори игъэващ. I940-I944 гъэхэм ар щеджащ къуажэм дэт пэщIэдзэ еджапIэм. АдэкIэ щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным щыпищар балъкъэр лъэпкъыр здаша Къыргъызращ.

ЕгъэджакIуэ икIи депутат

 Тэрч районым хыхьэ Инарыкъуей къуажэм и курыт еджапIэм и унафэщI Тумэ Валентинэ илъэс 25-м щIигъуауэ егъэджэныгъэ Iуэхум и гуащIэ хелъхьэ.
Валентинэ 1997 гъэм къиухащ КъБКъУ-м и филологие факультетым урысыбзэмрэ урыс литературэмкIэ и къудамэр. Мы зэманым ар Тэрч районым и щIыпIэ самоуправленэм и депутатщ, социальнэ IуэхухэмкIэ зэпымыууэ лажьэ депутат комиссэм и унафэщIщ.

Пэрытхэр ягъэфIэжащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм щIыналъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуитIым щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ иджыблагъэ щагъэфIэжащ.

Къуршхэм я мафIэ ужьыхыжахэр

Дунейм и зэхэлъыкIэм телажьэ щIэныгъэлIхэм Кавказ къуршхэр иджыри къэукъубеинкIэ хъуну вулканыщIэхэм къинэмыщIауэ, «вулкан фIейкIэ» зэджэхэми хабжэрт.

ИлъэсыщIэ хъуромэ

Гуэдзэн щIэныгъэ щрату Налшык дэт «Эрудит» центрым сабийхэм папщIэ игъэхьэзыра илъэсыщIэ нэгузыужь зэIущIэ щригъэкIуэкIащ «Искож» хьэблэм.
 ЯпэщIыкIэ IуэхущIапIэм и егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ фащэ дахэхэр ящыгъыу къызэхакIухьащ япэмыжыжьэу щыт сату щIапIэхэр, Iуэхутхьэбзэ зэмылIэужьыгъуэхэр цIыхухэм щыхуащIэ IэнатIэхэр икIи илъэсыщIэмкIэ ехъуэхъуахэщ ахэм щылажьэхэм.

Жей быдэ уиIэн папщIэ

Еджагъэшхуэхэм ящыщ куэдым къызэралъытэмкIэ, цIыхум и гъащIэм и Iыхьэ щанэр жейуэ ехь. Ауэ нэхъ куууэ абы и пэжыпIэр къэпхутэу, жей узыншэм ихь зэманым фIэкI къыумылъытэм, ар зэрымыпэжыр мэхъур гурыIуэгъуэ. Мы Iуэхугъуэм игъэпIейтейуэ нэхъ иужьыIуэкIэ къэхутэныгъэ езыгъэкIуэкIа щIэныгъэлIхэм жей узыншэ дыщымыщIэн, пщэдджыжьым ди пкъыр жану, гукъыдэж диIэу дыкъэтэджын папщIэ дгъэзэщIэн хуейуэ мыпхуэдэ чэнджэщхэр къыдат:

НэхъыфIхэм халъытащ

Урысейм къыщыхалъхьа, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» зи фIэщыгъэ лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгуухуэ IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ иужьрей илъэсхэм зэфIигъэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ