Жылагъуэ

Зы цIыхум и зэфIэкI

Зауэм цIыхухэр зыхидзыркъым я IэщIагъэкIи, я щIэныгъэкIи, я къулыкъукIи. Къапщтэмэ, Совет Союзым и спортсмен цIэрыIуэ дапщэ хиубыда Хэку зауэшхуэм,ТекIуэныгъэм и тхыдэ напэкIуэцIхэр кIасэ дыдэу фIэкIа къызылъымысыжахэри къахэкIыу.

Урысейм и МЧС-м Управленэу КъБР-м щиIэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ яхуэгъэзауэ

Урысейм и МЧС-м и Управленэм и лэжьакIуэхэмрэ ветеранхэмрэ сынывохъуэхъу КъегъэлакIуэхэм я махуэмкIэ.
КъегъэлакIуэр IэщIагъэ къудейкъым, ар псэм щыщу, а лэжьыгъэ мытыншым укъыхуигъэщIауэ щытын хуейщ. Апхуэдэ IэщIагъэм тегушхуэхэр гъащIэм ипсыхьа, лIыгъэ зыхэлъ, шынагъуэм ерыщу пэщIэувэф цIыхущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ягъэунэхуащ МЧС-м и лэжьакIуэхэр зэрыжыджэрымрэ зэрыIэпсынщIэ-лъэпсынщIэмрэ, зыщымысхьыжу цIыхухэр ажалым зэрыщахъумэр. Iэзагъэрэ жэуаплыныгъэу фхэлъым, сыт хуэдэ насыпыншагъэми цIыхур къыхэфшыну фызэрыхуэхьэзырым папщIэ щытхъушхуэ фхуэфащэщ.

ДывгъэпIащIэ тщIэну гуапагъэ

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу

ЯфIэкIуэда фIыгъуэхэр

1917 гъэм къэунэхуа Совет республикэр щытыкIэ гугъу итт- зэпымыууэ мылъку хуэныкъуэт.Абы къыхэкIыу большевикхэм ящэн хуей хъурт щIэпхъуэжа буржуазием къытраха хьэпшып лъапIэхэр.

Унэ уардэхэм къыщIаха унэлъащIэ, уэздыгъэ, статуя лъапIэхэр къэрал кIуэцIым щащэрт, дыщэмрэ налкъутымрэ къыхэщIыкIахэр доллархэмкIэ КъухьэпIэм щрагъэкIырт.

Ленин Владимир зэригъэувамкIэ, тIощI гъэхэм я кIэухым СССР-м и экономикэм псынщIэу зричын хуейт. СурэтыщI гъуэзэджэхэм я IэдакъэщIэкIхэм къыщIаха ахъшэмкIэ заводхэр, мафIэгухэр, лъэрыгъухэр, нэгъущIхэр къащэхуну я мурадт.

Генерал-майор Бахъсэн Хьэсанш

Лъэпкъ лIыхъужь

Дыгулыбгъуей къуажэм езым и тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэжщ. Абы къикIуа гъуэгуанэм дриплъэжмэ, и пщIэр зыIэт, щIэблэм я щапхъэ, адыгэ лъэпкъым, республикэм хуэщхьэпэ цIыху телъыджэ куэд къыдэкIащ. Абыхэм ящыщщ Хэкум псэемыблэжу къулыкъу хуэзыщIа генерал-майор Бахъсэн Хьэсанш.

ГъэщIэгъуэнщ пцIащхъуэхэр

И кIэр дыкъуакъуэу бзу цIыкIухэр уэгум куэдрэ иболъагъуэ. Абыхэм абгъуэ щаухуэкIэ я IэпщIэлъэпщIагъри умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Я уэрэд къишыкIэми нэжэгужэ уащI. ПцIащхъуэхэм дэ ядэтлъагъум нэмыщI телъыджэ куэд хэлъщ я теплъэми я хьэлми, я ухуэкIэми:

Адыгэ щIыпIэцIэхэр

Мы фIэщыгъэр зезыхьэ къуршылъэ тхыцIэ джафэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыхэщхьэхукI Абын бгым пэгъунэгъущ, метр 921-рэ и лъагагъщ.

«Мир» картэм и Iэмалхэм зыщрагъэужь

КъБР-м и Правительствэм и унафэщI Мусуков Алий лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ «Уасэхэр зэрыщIат лъэпкъ системэ картэхэр» АО-м и генеральнэ директор Комлев Владимир. А зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед.

Зи Iэпэм дыщэ къыпыщ бзылъхугъэ щыпкъэ

Нарткъалэрэ Аруан куейм хыхьэ жылэхэмрэ я мызакъуэу, ди республикэм и нэгъуэщI щIыпIэ куэдми щыцIэрыIуэщ  «Престиж»  дэрбзэр IуэхущIапIэр.  Абы и щхьэусыгъуэр зыщ: IэнатIэм цIыхухэм яхуищIэ Iуэхутхьэбзэр  куэдым гунэс ящохъу и гъэзэщIэкIэкIи  зытещIыхьа мардэхэмкIи. «Престиж»-м и лэжьыгъэр  къызыхуэтыншэу къызэрегъэпэщ абы и унафэщI,   КъБР-м цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ яхуэщIэнымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ НэщIэпыджэ Любэ.

 ХахуагъэкIэ псыхьат

         Жыг лъагэшхуэхэм я жьауэм щIэт, удз гъэгъа дахэхэр щагъэкIа школ пщIантIэм къуажэдэсхэр къыщызэхуэсат, хьэщIэ куэди къахуеблэгъат, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэгъуэмрэ псоми я нэгум кърихырт, адыгэ пшынэмрэ духовой оркестрым и макъымрэ зэпеуэ къыпфIэщIу зыр щыужьыхым, адрейм къыхидзэрт.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ