Жылагъуэ

МВД-м къет

Iуэхур прокуратурэм Iэрагъэхьащ

 

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ Управленэм 2022 гъэм жэпуэгъуэм и 17-м  зыхуигъэзащ щIыпIэм щыпсэу, илъэс 77-рэ зи ныбжь цIыхубзым. Абы зэрыжиIамкIэ,  къат куэду зэтет унэм и щIыунэм зыгуэр ихьэри, и къуэм лъакъуэрыгъажитIыр идыгъуащ. Ахэр сом мин 65-рэ и уасэщ.   

Iуэхур зэхагъэкIыурэ, ар зылэжьар наIуэ къащIащ икIи щэкIуэгъуэм и 7-м яубыдащ. Ар  мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа, илъэс 38-рэ зи ныбжь налшыкдэсщ.   

И IуэхущIафэхэр инт

Атэбий Мыхьэмэт ЧыцIбатыр и къуэр 1915 гъэм гъатхэпэм и 22-м Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Жэмтхьэлэ къуажэм къыщалъхуащ. 1930 гъэм щыщIэдзауэ «Мэзхъурей», иужькIэ «Москва» хъужа колхозым Iэхъуэу щылэжьащ. 1937 гъэм советыдзэм дашащ. Польшэм щекIуэкIа зауэм, 1939 гъэм КъухьэпIэ Украинэм, совет-фин зауэхэм хэтащ. 1940 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм къагъэкIуэжа нэужь, щалъхуа къуажэжьым игъэзэжащ, абы дэта «Заря коммунизма» колохозым токару щылэжьащ.

Ныбжьыр зытезымыгъакIуэм и насыпщ

ЩыIэу къыщIэкIынкъым нэхъуеиншэу гъащIэр фIыуэ зылъагъу, нэжэгужэу Iуэху щхьэпэкIэ зи зэманыр зыгъэнщI, и ныбжь фIэину, зэрызигъэтыншыным хущIэмыкъуу, Iэжан- лъэжану цIыхум щхьэпэ, цIыкIуми инми тыншу бзэ къахуэзыгъуэтыф, абыкъыхэкIыуи пщIэрэ гулъытэрэ щымыщIэ цIыхум нэхъ насыпыфIэ.  Апхуэдэщ Хьэтуей адыгэ къуажэжьым къыщалъхуа зи IэщIагъэрэ щIэныгъэкIэ ухуакIуэ, иужь илъэс 30-м цIыхубэ медицинэм ириIэзэ Бетрожь Валерэ. Ди республикэм къыщыдэкI газетхэми, радиоми, телевиденэми куэдрэ къыщыдгъэсэбэпащ абы и чэнджэщхэр. Сэбэп зыхуэхъуауэ фIыщIэ къытхуэзыщIахэри мащIэкъым.

Гъэунэ Борис: ГъащIэм къыхэкIа тхыгъэрщ щIэджыкIакIуэр къызэрыпхудэхьэхынур

Гъэунэ Борис Хъызыр и къуэр 1941 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Къармэхьэблэ къуажэм къыщалъхуащ. Нэгумэ Шорэ и цIэр зезыхьэ курыт школ №I-р къиуха нэужь, 1965 - 1970 гъэхэм ар щеджащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие къудамэм. 

Лэжьыгъэм щыпэрытт

Жэуаплыныгъэ хэлъу, пщэрылъ къыщащIыр егугъуу зыгъэзащIэу зи IэнатIэр езыхьэкIым сыт хуэдэ зэманми пщIэ иIэнущ. «Лэжьыгъэм цIыхур егъэлъапIэ», щIыжаIэжари аращ. 

Зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащIэркъым

Бзэм и щытыкIэм елъытауэ, ООН-м щэнхабзэмрэ щIэныгъэмкIэ и къудамэм бзэ псори лIэужьыгъуитхуу егуэш. НэхъыфI дыдэр «зыхуей хуэзахэм» хеубыдэ, нэхъыкIэр – «кIуэдыжахэм». Адыгэбзэр зыхиубыдэр «зи щытыкIэр тIасхъэхэрщ»: «Сабийхэм я нэхъыбэр мы бзэм иропсалъэ, ауэ абы зыщиубгъу щIыпIэхэр щхьэхуэщ (псалъэм папщIэ, унэм)». Ар дигу къыщIэкIыжар дызытехьэну 2023 гъэр Шэшэныбзэм и илъэсу щытыну ди гъунэгъу республикэм унафэ къызэрыщыдагъэкIарщ. Узэхъуэпсэн щыIэщ.

Абхъаз-адыгэ щIыпIэцIэм щыщу

ЩIыпIэцIэхэм ятеухуа ди тхыгъэхэм ящыщ зым къыщыхэдгъэщат иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм ди гъунэгъу къэрэшейхэр мымащIэу зэрыщитIысыкIар лъахэхутэхэм щхьэусыгъуэ ящIу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыну хуэщIэкъухэр куэду щыIэ зэрыхъуар.

ЩIышылэр жыжьэжкъым

Улахуэхэр

Жылапхъэ кIуэдыжхэр

Гъэм и кIыхьагъкIэ пэрыхьэту цIыхум къигъэсэбэп ерыскъыхэкIхэм ящыщщ кIэртIофыр. Куэдыр зэрыщыгъуазэщи, ди щIыналъэм езым и кIэртIоф лIэужьыгъуэфIхэр иIэжу къекIуэкIащ, къэралыр лъэлъэжыху. Нобэ ди сатущIапIэхэм къыщыбгъуэтыжыркъым ди цIыхум къадекIуэкIа кIэртIоф хьэлыуэ гуакIуэхэр -хужьымрэ тхьэмбылыфэмрэ. А лIэужьыгъуитI къудейр унагъуэ хадэхэми щащIэрти, гъэ псом яхурикъурт.

Зыри зыпэмыплъа тыгъэт

 Хэт хьэщыкъ ямыщIар Налшык и псей щIыхухэм я дахагъым… нэхущ гъуэзым и плъыфэ а жыг телъыджэхэм ягъэдахэ ди щыхьэрым и зыгъэпсэхупIэ паркхэр, лъэс зекIуапIэхэр, уеблэмэ уэрамыбгъухэр. ЗэманыфIкIэ дызэIэбэкIмэ, ар къыщыкIыу зы щIы кIапэ Урысейм иIакъым икIи гъэщIэгъуэныщэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым псей щхъуантIэр япэу къызэрыщыхута щIыкIэр.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ