ХахуагъэкIэ псыхьат

         Жыг лъагэшхуэхэм я жьауэм щIэт, удз гъэгъа дахэхэр щагъэкIа школ пщIантIэм къуажэдэсхэр къыщызэхуэсат, хьэщIэ куэди къахуеблэгъат, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэгъуэмрэ псоми я нэгум кърихырт, адыгэ пшынэмрэ духовой оркестрым и макъымрэ зэпеуэ къыпфIэщIу зыр щыужьыхым, адрейм къыхидзэрт.

         Гъэмахуэ махуэр пщыхьэщхьэхуэкIуэт, сыхьэти 6 хъуат. ГуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIат къуажэ унафэщIхэр: Быхъуэ Хьэжумар, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Бгъэжьнокъуэ Хьэчим сымэ, егъэджакIуэхэу   Шэфий Абдурэхьим, Калаушин Иван, Шэрхъ Къэралбий, Литовчиковэ Марие, Емкъуж СулътIан, Щоджэн Бжьохъан, Популиу Дмитрий, Секретовэ Иннэ, партым и райкомым и лIыкIуэ Абазэ Ибрахьимрэ партым и обкомым къикIа Шыд Ибрахьимрэ.

         Махуэшхуэ зэIущIэр къызэIузыхар  Зеикъуэ къуажэ Советым и тхьэмадэ Быхъурэ Хьэжумарт. Къызэхуэса псоми ехъуэхъуа нэужь, абы псалъэ иритащ курыт еджапIэм и унафэщI Емкъуж СулътIан. Школыр къэзыух ныбжьыщIэхэм ар гуапэу ехъуэхъуащ икIи аттестат зратыжынухэр  утыкум къригъэблэгъащ. Зи цIэ къраIуахэр зэкIэлъхьэужьу къыдокI: Шэфий Хьэчим, Къущхьэ КIыщыкъуэ, Шурдым Мухьэмэд, Шыд Мухьэз… Зеикъуэ курыт еджапIэр къэзухахэр цIыху пщыкIуий хъурт.

         НыбжьыщIэхэм щехъуэхъум   Быхъурэ Хьэжумар жиIат  псэукIэщIэм хэбэкъуа къуажэр IэщIагъэлIхэм зэрыхуэныкъуэр, нобэ школыр къэзыуххэм  щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтауэ, дохутыр, егъэджакIуэ, гъавэгъэкI хъуахэу къагъэзэжыну зэрыщыгугъыр.

         ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ къуажэдэсхэми къыдэлажьэхэми пщIэшхуэ зыхуащI егъэджакIуэхэу Шэфий Абдурэхьим, Литовчиковэ Марие сымэ, нэгъуэщIхэри.

         - Ди еджакIуэхэр   щыуагъэншэу адыгэбзэкIи урысыбзэкIи матхэ, Пушкин, Лермонтов, Толстой сымэ я IэдакъэщIэкIхэм хуиту къоджэ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэу зэхэт ди егъэджакIуэ гупым дежкIэ ар ехъулIэныгъэшхуэщ. Абы дэ дыхуэкIуащ, зэкъуэту дызэдэлажьэрти. ПщIэ зыхуэтщI ди гъэсэн цIыкIухэ, фигу ивгъэлъ, ныбжьэгъугъэр - къаруушхуэщ.

          Я егъэджакIуэхэм фIыщIэ хуащIу,  зэIущIэм къыщыпсэлъащ еджапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэри абыхэм я адэ-анэхэри.

          ИужькIэ утыкур хуит хуащIащ республикэ псом щыцIэрыIуэ цIыхубэ уэрэджыIакIуэхэу Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Къазий Мамышэ, Щоджэн Iэсхьэд сымэ. ЦIыхухэм фIыуэ ялъэгъуа уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ зыгъэзэщIахэм  триом Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ, Къытрагъэзэжурэ утыкум мызэ-мытIэу кърашащ. АдэкIэ гуфIэгъуэ пшыхьым зыкъыщагъэлъэгъуащ школ самодеятельностым хэт ныбжьыщIэхэмрэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и гъэсэнхэмрэ. Ахэр утыку итыкIэм хуэзыгъасэ Куп Чыланий езыр къэфакIуэ Iэзэт, уэрэджыIакIуэт, макъамэ Iэмэпсымэхэм хуэIэкIуэлъакIуэт.

         ГуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ гъунапкъэншэ къыпщигъэхъуу, махуэшхуэ зэхыхьэр нэхущым нэблэгъэху екIуэкIащ. Нэху къызыхуекIар тхьэмахуэ махуэт, мэкъуауэгъуэм и 22-т. Фашист зэрыпхъуакIуэхэр Совет Союзым къызэрытеуам, Хэкум зауэшхуэр къызэрыращIылIам и хъыбар гуауэр пщэдджыжьым жылэм дэз хъуащ. Ар зэхэзых цIыхухэр къыдэкIыурэ, къуажэ Советым и правленэ бжэIупэм лъэ увыпIэ имыIэжу къыщызэхуэсат. Колхозым и парторгыу а лъэхъэнэм щыта Бгъэжьнокъуэ Хьэчим и гукъэкIыжхэм IупщIу къыхощыж а зэхуэсыр зэрекIуэкIауэ щытар.

         - СощIэж, а зэхуэсыр къыщызэIусхым щыгъуэ къызэрымыкIуэу сыпIейтеяуэ зэрыщытар.Къызэхуэсауэ хъуар щымт, зыри мыбэуэжым хуэдэу. Псори дэ къыдэплъырт, жытIэным ежьэу, зауэ къызэрыхъеяр я фIэщ мыхъущэрэ, ар хъыбарыпцIу жытIэнкIэ къытщыгугъыу.

          ИужькIэ пэкIум къыщыпсэлъащ колхозым и унафэщI Къэрмокъуэ Мухьэмэд. Абы цIыхухэр къыхуриджащ мыгужьеину, хьэжэпхъажэ мыхъуну, атIэ нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ лэжьэну, зауэм дашын хуей хъуми, абыи хуэхьэзырыну, дзэ къулыкъум ирамыджэну нэхъыжьхэми, бзылъхугъэхэми, сабийхэми захуигъэзащ, мыбэлэрыгъыу къару тIууащIэ ирахьэлIэу фронтым ирагъэшэну гъавэхэкIым елэжьыну. Къуажэ Советым и унафэщI Быхъурэ Хьэжумар къызэхуэсахэм къахуеджащ СССР-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Молотов Вячеслав фашист зэрыпхъуакIуэхэр ди лъахэм къызэрытеуам, жьыри щIэри ди псэм  демыблэжу Хэкум дыкъыщхьэщыжын зэрыхуейм теухуауэ къипсэлъахэр иту къаIэрыхьа тхыгъэм…

         ГъавэгъэкI бригадэхэм я унафэщIхэу ЛIызам Хьэмидрэ Сыжажэ Iэдэмрэ къызэхуэсахэм къахэувыкIри жаIащ асыхьэтым зэуапIэм Iухьэну зэрыхьэзырыр. Къуажэдэс бзылъхугъэхэм я цIэкIэ пэкIум къыщыпсэлъащ Щоджэн Бжьохъан икIи быдэу жиIащ,  цIыхухъухэр зауэм дэкIын хуей хъумэ, абыхэм къызэранэкI колхоз лэжьыгъэм цIыхубзхэр еувэлIэну зэрыхьэзырыр, яхузэфIэкI къамыгъанэу текIуэныгъэм зэрыхущIэкъунур.

         Къэпсэлъахэм къызыхураджам пэкIум хэтхэм псори зэдэарэзыуэ еувэлIащ, Хэкум къизэрыхьа фашист зэрыпхъуакIуэхэр мыгувэу зэрырахужыным шэч лъэпкъ къытрамыхьэу.

         Зауэр къэхъея нэужь япэу ирагъэкIуэкIа парт зэхуэсым кърихьэлIахэм  унафэ къащтат жылэр щытыкIэ гугъум къикIын папщIэ ящIапхъэм, колхозым къыщалэжьыр фронтым зэрырагъэшэну щIыкIэм, къуажэм къыдэнахэм зэрадэIэпыкъунум, нэгъуэщIхэми теухуауэ.

-ЗэIущIэм сэ щыжысIащ лэжьакIуэIэ зэрытхуримыкъур, ауэ абы емылъытауэ хозяйствэм къилэжь ерыскъыпхъэм хэгъэхъуэн зэрыхуейр,- дыкъыщоджэ Бгъэжьнокъуэм и гукъэкIыжхэм.

А Iуэхум теухуауэ яIэ еплъыкIэхэм тепсэлъыхьащ коммунистхэу Быхъурэ Хьэжумар, Щоджэн Бжьохъан, Бырс Анзор, Сэбаншы Къантемыр, Къэрмокъуэ Мухьэмэд сымэ. ЕхьэкI-къехьэкI хэмылъу тэмэму зэпсэлъа, зэчэнджэщап    нэужь, зэIущIэм хэтахэм унафэ тщIащ колхоз лэжьыгъэм жьыкIэфэкIэхэри, унэгуащэхэри, сабийхэри къетшэлIэну, дауэ тщIыми нэхъапэм къетхьэлIэу щыта гъавэм, гъэшым, лыхэкIым хуэдэу хуэдиткIэ нэхъыбэ   къэдлэжьу къэралым еттыну, фронтым едгъэшэну.

Абы щыгъуэ къащта унафэмрэ ар ехъулIэныгъэ яIэу зэрагъэзэщIамрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм напэкIуэцI щхьэхуэу хэуващ.

1957 гъэм Налшык къыщыдэкIа «Къэбэрдейм и тхыдэ» тхылъым итщ «Псори ТекIуэныгъэм папщIэ!» къыхуеджэныгъэм щIэту гъавэхэкIыу зеикъуэдэсхэм фронтым Iутхэм хурагъэшар зыхуэдизыр, бийр къызэтезыгъэувыIэ щIытрэ быдапIэ зэмылIэужьыгъуэу мазищым къриубыдэу республикэм щаухуахэр.

Маршал Жуков Георгий и гукъэкIыжхэм къыхощыж 1942 гъэм и бадзэуэгъуэм и кIэух, шыщхьэуIум и пэщIэдзэ махуэхэм Кавказ Ищхъэрэм и Iуэхур зыIутар.

- А лъэныкъуэмкIэ щызауэ ди дзэхэм я Iуэхур щIагъуэтэкъым,- етхыж Жуковым.- Бийр и фIэщ екIуауэ къыпхритхъыу къакIуэрт, Ставрополь лъэныкъуэр зэтеIыгъэныр зи пщэрылъ 37-нэ армэм и зауэлIхэр ипщэкIэ икIуэтын хуей хъурт, зэрыпхъуакIуэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирамытыфми, я къарур къызэрагъэтIэсхъэным хущIэкъу зэпытурэ. ШыщхьэуIум и 5-м Ставрополь нэмыцэхэм яубыдащ, и 9-м Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм хэт къалэхэр къащтэри, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэхэм ирахулIащ,- къыхигъэщащ абы.

Хэкур зыхъумэхэмрэ зэрыпхъуакIуэхэмрэ ди республикэм иту зэзэуэн щыщIадзар шыщхьэуIум и 12-рщ. 15-16 махуэхэм Бахъсэн псыхъуэм и ипщэ Iуфэм (Зеикъуэ щегъэжьауэ Прохладнэ нэс) щитIысыкIащ генерал-майор Захаровым и унафэм щIэту 37-нэ армэм хэт 2-нэ гвардейскэ дивизэр икIи мазитIрэ ныкъуэкIэ яIыгъащ бийр адэкIэ ямыгъакIуэу.

2-нэ гвардейскэ дивизэмрэ полковник Купарадзе и унафэм щIэт 392-нэ Куржы дивизэмрэ хэт зауэлIхэм я дамэпкъыр егъэкъуауэ ядэзэуащ Бахъсэн щыщ партизанхэр. КъищынэмыщIауэ, Бахъсэн районым щыпсэу жьыри щIэри хущIэкъуащ зэрыпхъуакIуэхэм ди лъахэр нэхъ щIэх зэрабгынэным, партизанхэмрэ Дзэ Плъыжьым и зауэлIхэмрэ яхузэфIэкI псомкIи зыщIагъэкъуащ, бийм теухуа хъыбару къаулъэпхъэщыфыр Iэрагъэхьащ, ерыскъырэ щыгъынкIэ ядэIэпыкъуащ.

1942 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм республикэм щызэхэт колхозхэм планым щIигъуу мэл мин 90-рэ Iэщышхуэу мини 5-рэ къэралым иратащ. ИкIуэтурэ Бахъсэн щхьэдэхыпIэр къызэринэкIыу Грузием кIуэну зи гугъа 392-нэ Куржы дивизэр щытыкIэ гугъум къихутат. Бахъсэн дивизэр абыхэм ядэIэпыкъуащ, ЛашкIутIэ пэмыжыжьэ мэзым щагъэпщкIуауэ яхъумэ мин бжыгъэ хъу колхоз Iэщыр зэрыщыту дзэм иратри.

Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къарууэ яIэр, я кхъухьлъатэхэмрэ танкхэмкIэ щIэгъэбыдауэ, ирахьэлIэри ди сэлэтхэм зэтраIыгъа гъунапкъэхэм я нэхъ тIасхъэр къыпхратхъащ жэпуэгъуэм и 25-м. ЩэкIуэгъуэм и 2-м 37-нэ армэм Налшык къызэринэкIын хуей хъуащ, дзэзешэхэм ящIа унафэм ипкъ иткIэ. ЩэкIуэгъуэ-дыгъэгъазэ мазэхэм  хъийм икIауэ бийм пэщIэтар Жэмтхьэлэ Ипщэмрэ Ищхъэрэмрэ, Лэскэн Езанэм щыщ партизанхэм я гуп зэгъэуIуахэрщ А зэхэуэ гуащIэхэм  хэкIуэдащ Согуэ Мэжид, Быхъурэ Хьэжумар, Къэнщауэ Хьэмел, Проселенцев Григорий, КхъуэIуфэ ФIыцIэ, Маринич Надеждэ сымэ.

1943 гъэм и япэ махуэхэм, щIышылэм и 1-м, Дзэ Плъыжьым и сэлэтхэр Налшык къыIэщIагъэкIыжыну бийм ебгъэрыкIуащ. ЩIышылэм и 3-м и пщыхьэщхьэм Долинск лъэныкъуэкIэ къыщыдыхьэу ди зауэлIхэм Налшык яубыдыжащ, Жэмтхьэлэ Ипщэ, Жэмтхьэлэ Ищхъэрэ, Къэщкъэтау, Хьэсэней къуажэхэр нэмыцэхэм къыIэщIагъэкIыжри.

1943 гъэм щIышылэм и 4-м Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм фашист зэрыпхъуакIуэхэр дагъэкъэбзыкIащ. А махуэ дыдэм пэкIушхуэ щекIуэкIащ «Ударник» кинотеатрым деж.

Шурдым Барэсбий, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор. Шыбзыхъуэ Марьянэ, Шэфий Хьэчим и цIэр зэрихьэу Зеикъуэ дэт курыт еджапIэм №2-м и лэжьакIуэ.
Поделиться: