Жылагъуэ

АДЫГЭ МАКЪАМЭМ И КЪАРУР

Тыркум къыщыхъуа щIыхъейм езыр къелри, и пшынэр хэкIуэдат Елхъуэн Абдулэхь. Абы къылъыса фэбжьыр и гум щигъэвыфын папщIэ хуэныкъуэт и пшынэм. Хуейт и гу лъапсэм щIэлъхэр пшынэ Iэпэхэм къаригъэIуэтэну. Арати, егъэзыпIэ хуэхуа хьэщIэщым щIэлъ пшынэр къыщыIэщIалъхьэм Абдулэхь ар игъэбзэрэбзащ, къедаIуэ, къеплъ псоми я гущIэм зигъазэу.
Абдулэхь и пшынэ еуэкIэм дихьэха, Америкэм щыпсэу ди лъэпкъэгъу Алпаслъэн Сумер пшынэ щIэрыпсышхуэ тыгъэу къыхуигъэхьащ абы.

Гуащэхужь

ХьэтIохъущокъуэ Беслъэн, пащтыхьым и дзэпщхэм емызэгъ щыхъум, Къэбэрдейр ибгынэри, Псыжь зэпрыкIащ. Абазэхэхэм яхэтIысхьэри, пащтыхьым и дзэм куэдрэ къезэуащ. Абазэхэхэм илъэсищкIэ ядэзэуауэ, Беслъэн Уарп деж тIысащ, бгым къикIыжри. 

Адыгэ дамыгъэхэмрэ ныпхэмрэ

Нарт эпосым и купщIэр дунейм къызэрытехьэ лъандэрэ (илъэс минищ-минитху ипэкIэ) адыгэхэм къадогъуэгурыкIуэ дамыгъэкIэ зэджэр. Тхыдэр щыхьэт тохъуэ дамыгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм. КъыщежьагъащIэм дамыгъэм и къалэныр IупщIщ: абыкIэ ягъэнахуэрт цIыхум бгъэдэлъ мылъкур – шым, Iэщым, хьэпшыпхэм, Iэмэпсымэхэм, Iэщэ-фащэхэм традзэурэ. Хуэм-хуэмурэ ар хъуащ лъэпкъым и дамыгъэ, и къалэнми зиубгъуащ. Дамыгъэр нэхъ иужьыIуэкIэ традзэ хъуащ ныпхэм. 

Къуршым къех ятIэпсыр къызыхэкIымрэ абы зэрызыщыпхъумэну Iэмалхэмрэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъатхэ къэс щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыуэпс насыпыншагъэхэр къыщохъу ятIэпс къехым епхауэ. Абыхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэр щыхэкIуадэ щыIэщ, гъуэгухэр зэхекъутэ, гужьеигъуэ урегъэувэ. Абы ипкъ иткIэ, упщIэ къоув: сыт къуршым къех ятIэпсыр зищIысыр, дэнэ ар къыздикIыр, сыт хуэдэ IэмалкIэ зыщыпхъумэфыну?

Дунейм и щIэрэщIэгъуэ, гъащIэм и IэфIыпIэ лъэхъэнэ

Мы гъэм илъэси 110-рэ мэхъу Бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэр гъэлъэпIэныр Урысейм къызэрыщыхалъхьэрэ. Гъатхэпэм и 8-р ди къэралми дунейм и нэгъуэщI щIыпIэхэми щаIэт, цIыхубэм я гум, я псэм къехуэбылIэ махуэшхуэ дахэщ. Дунейм и щIэрэщIэгъуэр, гъащIэм и IэфIыпIэр псоми захригъащIэрэ цIыхубзхэр дапщэщи гулъытэ хэха зэрыхуэныкъуэмрэ ар зэрыхуэщIыпхъэмрэ куэдым ягу къигъэкIыжу апхуэдэщ а махуэр. 

Эйнштейн

Дуней псом щыцIэрыIуэщ Эйнштейн Альберт и цIэр. ФизикэмкIэ Нобель и саугъэтыр I92I гъэм къихьауэ щытащ сурэтхэр къызэрыпщыхъум (эффектхэм) теухуа теориемкIэ. ФизикэмкIэ щIэныгъэ лэжьыгъэ 300-м щIигъу, тхыдэмкIэ, философиемкIэ тхылъ куэд итхащ. ЕхьэлIэныгъэм теухуа абы и теорие цIэрыIуэр (теория относительности) цIыкIухэм щадж школым. Ар лIэужьыгъуитI мэхъу. Зыр нэхъ зыубгъуащ. 

Балъкъэр лъэпкъыр щрашам

1944 гъэм, гъатхэпэм и 8-м и пщэдджыжьым балъкъэр лъэпкъым гъуэгуанэм зыхуагъэхьэзырыну унафэ ящIащ. СыхьэтитIым и кIуэцIым, балъкъэр къуажэхэм къыдэнаIатэкъым. Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ ирагъэшащ балъкъэр 37,713-рэ. Архив дэфтэрхэм къазэрыхэщымкIэ, абыхэм я процент 52-р - сабийхэт, 30-р - бзылъхугъэхэрт. Махуэ 18-кIэ гъуэгум щымэжэщIэлIа, щыпIыщIахэм яхэлIыкIащ цIыху 562-рэ. Гъуэгум темылIыхьу здашэм зи псэ нэзыхьэсахэм къапэплъэри гъащIэ хьэлъэт. Гъавэ зытращIэн, зытепсэукIын щIы тэмэм яIэтэкъым.

Адыгэбзэм – гулъытэ хэха

Адыгэ Републикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси I00 щрикъум ирихьэлIэу адыгэбзэр хъумэным, ар сабий гъэсапIэхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ щегъэджыным, егъэджэныгъэ Iуэхур федеральнэ хабзэкIэ щIэгъэбыдэным, анэдэлъхубзэм нэхъыбэ къыдегъэхьэхыным теухуа проект куэд пхагъэкIащ. Абыхэм щытепсэлъыхьащ Адыгейм и Iэтащхьэм деж Адыгэбзэр джынымкIэ щыIэ советым хэтхэм я зэIущIэм.

ЩIыхъей бэлыхьым дигъэгуIащ

Ди жагъуэ зэрыхъунщи, 2023 гъэм мазаем и 6-м Тыркум адыгэхэр щыпсэу и щIыналъэхэри хиубыдэу къалипщIым нэблагъэ щIыхъей бэлыхьым хэхуащ, я псэуп1эхэр зэтрикъутащ, псэущхьэхэр щIиублэрэкIащ я Iыхьлы-благъэ, ныбжьэгъу-жэрэгъу куэди е хэкIуэдащ, е фэбжь хахащ. 

Быныр фIым хуэвгъасэ, хабзэм щIэфпIыкI

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэ­гъуалэ зэгу­хьэ­ныгъэхэм къызэрагъэ­пэщ дауэдапщэхэм Зеущэ Алёнэ жы­джэру зэрыхэтымкIэ къэтцIыхуащ. Иджы­благъэ ар иджыри зы ехъу­лIэныгъэкIэ къы­хэщхьэхукIащ - «Сабий творчествэм и IуэхущIапIэу» Бахъсэн къалэм дэтым и унафэщI хъуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ