Жылагъуэ

Ныкъуэдыкъуэхэм къащхьэщож

УФ-м и Къэрал Думэм мэ­къуа­уэгъуэм и 18-м иригъэ­кIуэкIа зэIущIэм етIуанэ еджэ­гъуэу къыщащтащ япэ гупым хыхьэ ны­къуэ­ды­къуэ­хэу гъуэгупщIэр зэратам щы­хьэт щыхьэт техъуэ билет зы­мыIыгъхэр транспортым залымыгъэкIэ кърагъэкIыну хуит зымыщI унафэ.

Нобэ хуэдэу бадзэуэгъуэт

Хэку зауэшхуэм и тхыдэ напэкIуэцIхэм ящыщщ 1941 гъэм бадзэуэгъуэм и 17 - 20-хэм Феодосие къалэм и Iэхэлъахэм щекIуэкIа зауэ гуащIэр. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ящIыгъуу румын шуудзэр а щIыпIэм къебгъэрыкIуэрт, иубыдыну. Абы лIыгъэ хэлъу япэщIэтахэм яхэтащ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыщ Мамхэгъ Хьэзрэталий Мамсыр и къуэр. Абы теухуа хъыбар итащ «ТекIуэныгъэр къэзыхьауэ тщыгъупщэ мыхъунухэр» фIэщыгъэр иIэу 2022 гъэм Уралов Александр къыдигъэкIа тхылъми.

НэгъуэщI дунейхэр

«Дунейм гъащIэ щыIэхукIэ цIыхум къищIэнур зырикIщ, абы зэи къыхуэмыщIэнум елъытауэ», - жиIэгъащ еджагъэшхуэ гуэрым. ГъэщIэгъуэныращи, щIэныгъэм зэи зиужьыху ар зэрыпэжыр нэхъ куууэ къыбгуроIуэ.

ГъащIэм декIуу

Нартан (Къылышбийхьэблэ) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм щIыналъэпсо мыхьэнэ зиIэ, иджырей гъэпсыкIэм ит библиотекэ куэд мыщIэу къыщызэIуахынущ. Литературэ уэршэрхэр, щIэныгъэ икIи щэнхабзэ псалъэмакъхэр щекIуэкI зэхуэсыпIэхэм ещхьу зэрагъэпэща щIыпIэм щIалэгъуалэр зэхуишэсыну, гъащIэм и лъэныкъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехьэлIауэ абыхэм яIэ Iуэху еплъыкIэхэмкIэ щызэдэгуэшэн утыку хъуну аращ жэрдэмщIакIуэхэр я гукъэкIым зэрыщыгугъыр.

Нэм и плъыфэр

Нэм и плъыфэм епха япэ къэхутэныгъэхэр XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм екIуэкIащ. ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIи, цIыхум и нэм и плъыфэ хъунур елъытащ и лъэпкъымрэ и адэ-анэм я нэхэм я плъыфэмрэ. Нобэ щIэныгъэлIхэр арэзы зэдохъу пасэрей цIыху дыкъызытехъукIахэм псоми я нэхэр гъуабжэу зэрыщытамкIэ. Адрей плъыфэхэр лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэхэшэпсыхьурэ къэунэхуауэ жаIэ. 

IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ къыхуигъэщIа

 КIэнцIалий Лиуан
 Хирург цIэрыIуэ, медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIэнцIалий Лиуан Борис и къуэр дунейм зэрехыжрэ илъэсипщIым щIигъуащ. Ауэ ар ягу ихуакъым зэIэзахэм, иригъаджэу щытахэм, и лэжьэгъухэм.

Ар пэжу пIэрэ?

 

 Газет зыбжанэм къытрадзащ цIыхум чэф  къыпкърызымыгъэхьэ хущхъуэгъуэ къызэрагупсысам теухуа хъыбар. Пшахъуэм хуэдэу щабэ ар псым хакIутэри, ираф. ИтIанэ сыт хуэдэ ьфадэри шынагъуэжкъым: я къарур щIэкIыркъым, я акъылыр утхъуэркъым, жаIэр ящIэжу икIи узыкIэлъыплъыжу гупым яхэсщ. ЦIыхум и гушыIэр жанщ, ауэ иригъэлейркъым, Iуэху псори  зэпешэчыф.

 Ар хуабжьу сэбэп къыпхуэхъунущ хьэщIапIэ укIуамэ е хьэгъуэлIыгъуэ Iэнэ убгъэдэсмэ, абы къыдэкIуэуи унэхъыжьу ефэ-ешхэр ебгъэкIуэкIыну къыпхуихуамэ. Езы хущхъуэр зыкIи зэранкъым.

Мазэ хуэдиз иIэжу

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу, Лэскэн ЕтIуанэ, Ерокъуэ къуажэхэм пхыкI автомобиль зекIуапIэр, псори зэхэту километр I2 зи кIыхьагъыр, къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ.  

Зи гугъу тщIыр и зы Iыхьэщ а лъэныкъуэмкIи щызэгъунэгъу республикитIыр, Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ, зэпызыщIэ автомобиль зекIуапIэу «Владикавказ - Ардон - Шэгуолэ (Чикола) - Лэскэн Езанэ - Ерокъуэ - Лэскэн II» зыфIащам. Адыгэ къуажитIым пхыкI километр 12-ри абы щыщщ.

АмкIыщ

АмкIыщыр (синица) зыщыпсэу щIыпIэр зымыхъуэж бзухэм ящыщщ. ЩIымахуэм я нэхъ щIыIэм абыхэм цIыхухэм я псэупIэхэм гъунэгъу нэхъ зыхуащI, апхуэдэу яшхын нэхъ ягъуэтри. Зы махуэм къриубыдэу амкIыщым ешхыф къэкIыгъэхэм зэран яхуэхъу хьэпщхупщ цIыкIу куэд - езы бзум и хьэлъагъам и нехьэкъехуэ. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ, зы амкIыщ унагъуэм жыг 40 хуэдиз хьэпщхупщ зэранхэм щахъумэу. Мэзым и дохутыркIэ йоджэ амкIыщхэм.  Языныкъуэ къэралыгъуэхэм нэхъ пасэхэм унафэ ткIий щыIащ амкIыщхэр букIыну ухуимыту. XIV лIэщIыгъуэм Баварский Людовик къуэдышхуэ япшыныну ятрилъхьауэ щытащ амкIыщ зыукIыу къаубыдхэм.

Кавказым и купщIэхэр къалъыхъуэу

«Кавказ щIыналъэм и къэкIуэнур» телеграм-каналым хъыбар къызэритамкIэ, «Кавказым и купщIэхэр» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ лъэщапIэм и етIуанэ зэхуэсыр Осетие Ищхъэрэ - Аланием иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Кавказ щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм, зэрахьэ хабзэхэм, я жылагъуэ зэхэтыкIэхэм хэлъ щхьэхуэныгъэхэр къэзыхутэ щIэныгъэлIхэр махуищым нэблагъэкIэ зыхэта зэхуэсыр теориерэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ гъэнщIат, «къэхутакIуэрэ» «гъэнэхуакIуэрэ» унэтIыныгъитIым тещIыхьа псалъэмакъ щхьэпэхэмкIи къызэгъэпэщат.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ