|
|
Жылагъуэ
29 июля, 2023 - 09:01
Дэтхэнэ лъэпкъми и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр абы и анэдэлъхубзэращ, и тхыбзэращ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм и щIэныгъэрылажьэхэм, егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыныр зи пщэрылъ къулыкъущIэхэм гулъытэ хэха хуащI щIыналъэм къихъуэ щIэблэм лъэпкъ щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным.
28 июля, 2023 - 16:25
Дунейм и къэхъугъэ нэхъ шынагъуэ дыдэхэм ящыщ зыуэ къалъытэ вулканхэм я къэукъубииныр. АбыкIэ бжьыпэр иIыгъщ Индонезием. Хы Щэхум цIыкIу-цIыкIуххэу хэпхъа абы и хытIыгухэм я дэтхэнэми щыIэщ щIэх-щIэхыурэ къыщиуд мафIэ жьэгуи 127-рэ.
28 июля, 2023 - 16:10
Электрон пощтыр щатхкIэ ипэмкIэ къызэрагъэлъагъуэ «@» пощтыр къэунэхуным куэдкIэ нэхъапэ ятхыу щытауэ къыщIокI.
28 июля, 2023 - 13:45
Сом мелуанитIым щIигъу
КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ Налшык къалэм фэтэр куэд хъу унэхэр зи нэIэм щIэт и IуэхущIапIитIым я унафэщIхэм я хуитыныгъэхэр къагъэсэбэпу хабзэм зэребэкъуар.
28 июля, 2023 - 10:07
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экономикэм пыщIа щIэпхъаджагъэхэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, къыщIагъэщащ «Р-57-Р» ООО-м и унафэщI Локьяев Р.Ж. хабзэншагъэ зэрилэжьар, «Демографие» лъэпкъ проектыр пхыгъэкIыным къыхуаутIыпща бюджет ахъшэм хэIэбащ ар.
Абы Налшык къалэм спорт объект зыбжанэ щыщаухуэм лэжьыгъэ гуэрхэр зэфIагъэкIа хуэдэу дэфтэр нэпцIхэр игъэхьэзыращ икIи къэралым сом мелуани 3,1-м щIигъу хэщIыныгъэ иритащ.
27 июля, 2023 - 14:00
Май районым и прокуратурэм диIыгъащ УФ-м и УК-м и 264.1 статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ Л. зэрагъэкъуаншэр.
ЗэраубзыхуамкIэ, Л. чэфу машинэр зэрызригъакIуэм къыхэкIыу административнэ жэуапым ирашэлIами, абы дерс гуэр къыхихакъым икIи аргуэру фадэ ефауэ рулым дэст.
Судым Л. къуаншэу къилъытащ икIи сыхьэт 240-кIэ ягъэлэжьэнущ, илъэси 2-кIэ транспорт зригъэкIуэну хуиткъым.
Абы къыдэкIуэу, суд зытращIыхьам и автомашинэр къытрахащ икIи къэралым ейуэ ятхащ.
27 июля, 2023 - 12:27
Мыпхуэдэ «зэпеуэм» зыкIи игъэдахэркъым бжьыпэр щызыIыгъхэр. Мыбдеж Iэмал зэриIэкIэ икIэмкIэ укъыщыщIидзмэ, нэхъыфIщ. Аращ дэтхэнэ къэралми я цIыхухэм фадэу щрафыр зыхуэдизыр къэзыхутэ бжыгъэхэу иджыблагъэ къытрадзахэм дыщIагъэгуфIар. Урысейр 56-нэ увыпIэм щытщ! Ди япэ итщ къэрал куэдыкIей. КуэдкIэ дакъыкIэроху пашэныгъэр зыубыдахэу Чехием, Литвам, Латвием, Австрием, Кук и ХытIыгухэм. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ газетхэм къытрадзар США-м и тIасхъэщIэх IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм (ЦРУ) зэхуихьэса хъыбархэм япкъ иткIэ ягъэхьэзыра дэфтэрхэрщ.
27 июля, 2023 - 10:44
Ахъшалъэхэр щыIэщ ахъшэ зэрыщыIэ зэман лъандэрэ. ГъущI ахъшэ жьгъейхэр къэпжьейм илъу зэрахьэу япэу ирагъэжьащ XII - VI лIэщIыгъуэхэм Азие ЦIыкIум щыIа Лидие пасэрей къэралыгъуэм щыпсэуахэм.
27 июля, 2023 - 10:44
Адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу зыгъэшэрыуэ ЖьэкIэмыхъу Саминэ япэ классыр къиухауэ, етIуанэм кIуэну зегъэхьэзыр. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм хъыджэбз цIыкIур хьэщIапIэ макIуэ, мэджэгу, балигъхэм ядоIэпыкъу, тхылъ йоджэ.
- Сыт пхуэщIэр, Саминэ, мамэ ущыдэIэпыкъукIэ?
- Хьэкъущыкъухэр сотхьэщI. Иджыри сопхъэнкIэф. Сэ езым сысейуэ жыхапхъэ цIыкIу сиIэщ, ауэ пхъэнкIийр иджыри Iусхыжыфыркъым.
- ТIэкIу упщэфIэфрэ?
27 июля, 2023 - 09:24
Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм коррупцэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ КъБР-м и Суд нэхъыщхьэм судхэр щекIуэкIкIэ секретару щысым зэрихьэ щIэпхъаджагъэр.
КъызэрыщIагъэщамкIэ, абы хабзэм ебэкъуар къигъэгугъащ, ахъшэ къыпэкIуэнумэ, КъБР-м и Налшык къалэ судым и хеящIэм деж ягъэхьа уголовнэ Iуэхур апхуэдэхэм щыхэплъэ следствэ IэнатIэм аргуэру щыхэплъэжын папщIэ иригъэхьыжыну. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэм пэкIуэу сом зы мелуан къритын хуейуэ хуигъэуващ.
Страницы
|