|
|
Жылагъуэ
5 марта, 2023 - 06:03
Анэ… Сыту мыхьэнэшхуи иIэ, къаруушхуи щIэлъ хьэрфищ фIэкIа мыхъу а псалъэм. Анэмрэ бынымрэ яку зэпыщIэныгъэ быдэ дэлъщ, ахэр зэпэIэщIэ щыхъуми, гухэр зэрощIэ, псэхэр зэрыIыгъщ. Бынымрэ анэмрэ зэпызыщIэ къуэпсыр зэпызычыфын, яку дэлъ лъагъуныгъэр зыхуэгъэкIуэдын зы къаруи щыIэкъым.
4 марта, 2023 - 08:42
Махуэшхуэ псоми яхуэдэу Гъатхэпэм и 8-ми езым и тхыдэ иIэжщ нэгъуэщIхэм къащхьэщыкIыу. Абы гъуэгуанэшхуэ къикIуащ. Псори къыщежьар Нью-Йоркщ. Иджыпсту демократиемрэ захуагъэмрэ дуней псор хуэзыущиину хущIэкъу США-м а лъэхъэнэм гуащIэрыпсэухэр щысхьыншэу щагъэпщIылIырт. Псом хуэмыдэу гугъу ирагъэхьыр цIыхубзхэрт. Ауэрэ я гъащIэ хьэлъэр яхуэмыхьыж хъуащ.
4 марта, 2023 - 07:40
Иджырей мардэхэм тещIыхьауэ амбулаторэ екIу щаухуэ Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм. Медицинэ IуэхущIапIэщIэр зэблэкIыгъуитIу лэжьэнущ икIи махуэм къриубыдэу абы цIыху 90-м нэблагъэм дэIэпыкъуныгъэхэр щагъуэтыфынущ.
4 марта, 2023 - 06:36
Сыт зызыхъуэжынур? УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъазэм щыжиIащ къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэр япэрей Iэмалым хуэкIуэжын зэрыхуейр, апхуэдэуи курыт школхэм щекIуэкI егъэджэныгъэм щынэхъыщхьэхэр игъэбелджылащ. Президентым жиIахэм япкъ иткIэ, сыт дяпэкIэ зызыхъуэжынур?
3 марта, 2023 - 10:09
ЩIыналъэм щыпащэ Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда совет сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ я фэеплъыр хъумэным хуэгъэза «На страже памяти» акцэм.
3 марта, 2023 - 10:07
Гъатхэпэм и 8-р къызэрысу, гъатхэм и махуэшхуэ нэхъ лъапIэ дыдэу къалъытэ «Бзылъхугъэхэм я махуэр» къоблагъэ. Анэхэм, щхьэгъусэхэм, шыпхъухэм, пхъухэм гулъытэ нэхъ лей щыхуащI мы махуэм и тхыдэм уриплъэжынуи гъэщIэгъуэнщ.
3 марта, 2023 - 10:05
Мы гъатхэм илъэс 79-рэ ирокъу балъкъэр лъэпкъым политикэ щхьэусыгъуэкIэ я хэкур зэрырагъэбгынэрэ. 1944 гъэм гъатхэпэм и 8-м балъкъэрхэр я щIыналъэм залымыгъэкIэ ирахуауэ щытащ. СССР-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и къэрал комитетым ищIа унафэм ипкъ иткIэ, Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ цIыхубэ комиссариатым а лъэпкъым ящыщ цIыху 37 713-рэ махуитIым къриубыдэу ирашат ди республикэм. Ахэр Курыт Азиемрэ Къэзахъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат.
3 марта, 2023 - 10:01
Налшык къалэр Урысейм и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм ящыщу къалъытэ.
3 марта, 2023 - 09:50
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, мазаем и 23-26 махуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мин 28-м нэс.
2 марта, 2023 - 15:21
Упсэуну гугъу хъуащ, щыжаIэ зэманым цIыхум щIэгъэкъуэн ухуэхъуным, гуапагъэ пщIэным псапэшхуэ пылъщ. Апхуэдэ Iуэхум нобэ зи зэманрэ къарурэ щымысхьу тезыгъэкIуэдэф бзылъхугъэхэм ящыщщ КъуэщIысокъуэ Зарэ. Ар яхэтщ республикэм и волонтёрхэм икIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр къызэрегъэпэщ.
2006 гъэм Зарэ ехъулIэныгъэ иIэу къиухащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым экономикэмкIэ и магистратурэр. Апхуэдэуи мы гъэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етIуанэр абы щызэрегъэгъуэт КъБКъУ-м ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ ФСО-мкIэ и институтым.
Страницы
|