|
|
Жылагъуэ
3 июня, 2023 - 08:00
«Егъэлеиныгъэ зыхэмылъ ерыскъы зэхьэлIэкIэм (шхэкIэм) и махуэ» жыхуаIэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 2011 гъэращ. Ар Урысей Федерацэм къыщагупсыса и жэуапт Америкэм и штат зэгуэтхэм (США) «увыIэжыкIэ зымыщIэ шхэкIэ» зыфIащу, сыт и щIысри щашх хъу махуэу а къэралым къыщаублам.
3 июня, 2023 - 07:03
Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэрэ депутатхэмрэ «Нэмыс» республикэ социально-реабилитацэ центрым щыIащ.
2 июня, 2023 - 13:11
Зауэр къэхъея нэужь япэу ирагъэкIуэкIа парт зэхуэсым кърихьэлIахэм жылэр щытыкIэ гугъум къикIын папщIэ ящIапхъэр, колхозым къыщалэжьыр фронтым зэрырагъэшэну щIыкIэм, къуажэм къыдэнахэм зэрадэIэпыкъунум, нэгъуэщIхэми егупсысауэ икIи унафэ тэрэз ящIауэ щытащ.
2 июня, 2023 - 13:08
Зэман кIыхькIэ узыдэлэжьа, гуфIэгъуи гугъуехьи Iэджэрэ къыбдэзыIэта цIыхум уи нэ мыджылу щытхъупс къебгъэжэхыныр къысхуегъэзэгъыркъым. Езы Мухьэмэди апхуэдэ щытхъум хуэныкъуэу къыщIэкIынукъым. Алыхьым къритауэ абы иIэщ дэтхэнэри зыщIэхъуэпс фIыгъуэ псори - акъыл жанрэ IэщIагъэ нэсрэ, унагъуэ дахэ, бын дыгъэхэр, ныбжьэгъу пэжхэр.
2 июня, 2023 - 12:35
Сабий литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэхэм ящыщщ Щоджэн Леонид. Ар Бахъсэн районым хыхьэ Куба къуажэм къыщалъхуащ. Курыт школ нэужьым дзэм къулыкъу щищIащ, иужькIэ Донбасс шахтэхэм щылэжьащ. I966 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къиухри, илъэс зыбжанэкIэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу щылэжьащ Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм, Бахъсэн, Налшык къалэхэм щыIэ курыт школхэм. I973 – 2002 гъэхэм ар КъБКъУ-м щыIащ тхыдэмкIэ егъэджакIуэу икIи музейм и унафэщIу.
1 июня, 2023 - 10:31
Я гъащIэ лъагъуэм зэтехуэу куэд хэплъэгъуэнут а тIум. ТIури зауэм ипэм къыщыщIэдзауэ икIэм нэс хахуэу хэтат, иужькIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэрагъэгъуэтат, егъэджакIуэу щызэдэлэжьат Зеикъуэ дэт 2-нэ къуажэ школым. Зи гугъу сщIыр республикэм щыцIэрыIуэу къекIуэкIа егъэджакIуэ, гъэсакIуэ, узэщIакIуэ, зи цIэр уахътыншэу лъэпкъ тхыдэм къыхэна, Къулъкъужын Ищхъэрэ къуажэм 1921 гъэм къыщалъхуа Багъ Николайрэ ар зи гъусэу ди унагъуэм нихьауэ щыта си лъэпкъэгъу Шафий Хьэчимрэщ.
1 июня, 2023 - 08:47
Алхъо жылэкIэ зэджэу щыта къуажэшхуэм (иджы Курп Ищхъэрэ) къыщалъхуа КIэрашэ Хьэзрит Хэку зауэшхуэм къикIыжа нэужь, колхозым и парткомым и къызэгъэпэщакIуэу увауэ щылажьэрт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым нэхъ хэкIуэтауэ ар пщIантIэм дыхьэжри, и къуэ Михаил зришэлIащ: «Уэ инышхуэ ухъуащ, псори къыбгурыIуэн хуейщ, - зыгуэрым зэрытригъэгушхуэр къыхэщу къыщIидзащ абы. - Колхозым и парт ячейкэм жэуаплыныгъэ ин зыпылъ Iуэху пщэрылъ къыпщищIащ. Ар Iэмал имыIэу бгъэзэщIэн хуейщ! Зауэм хэта ди къуажэдэсхэр абыкIэ къыпщогугъ. Гъуэлъи зыгъэпсэху, партым пщэрылъ къыпщищIар пщэдджыжь ныбжесIэнщ».
1 июня, 2023 - 08:00
Дапхуэдэу пIэрэ электрон Iэмалхэр къызэрежьам зыгуэр якIэригъэхуа пэтми, зи пщIи, зи хэхъуи, зи къаруи хэмыщIа газет лъэрызехьэхэр зэрылажьэр? Дэ сыт абыхэм яхуэдэ дыщIэмыхъур? Узэгупсысын ди куэдщ, ди жэуапхэри зэщхьыну къыщIэкIынкъым.
1 июня, 2023 - 07:41
«Уэ хьэрычэт щIэи, сэ берычэт хэслъхьэнщ», – жиIащ, жаIэ, Тхьэм. ЦIыхур дунейм къызэрытехьэрэ жэрдэмыр имыжагъуэу, зыпэрыт Iуэхум зыщебгъэукъуэдий хъуну лъэныкъуэхэр къилъыхъуэу, ар зэрыбэгъуэну Iэмалхэр зэпигъэувэу къокIуэкI. ЩыIэныгъэм и екIуэкIыкIэм теухуауэ хьэрычэт зиIэ цIыхум къыхилъхьэ гупсысэм псэуныгъэм зригъэузэщIыну, жылагъуэм и щыIэкIэм зригъэужьыну IэмалыфIхэр иIэщ.
1 июня, 2023 - 06:00
Къэбэрдей-Балъкъэрым ис цIыхухэм Хэку зауэшхуэмрэ абы и лъэхъэнэмрэ ягъэлъэгъуа хахуагъэмрэ ипэкIэ кIуэтэным халъхьа гуащIэмрэ гъуни-нэзи иIэкъым. Зауэм хэта лIыхъужьхэм къадэкIуэу, тылым щылэжьа цIыху щыпкъэхэм ятеухуа хъыбархэр куэдщ, къуажэдэсхэр зэкъуэувэурэ жылэр къызэрырагъэлам, зэрызыфIагъэувэжам, гъащIэщIэм зэрыхуэкIуам укъыщыджэкIэ гуфIэри, нэпсри зэщIыгъущ. Апхуэдэ зы хъыбар телъыджэщ химие щIэныгъэхэмкIэ доктор Шурдым Барэсбийрэ Шэфий Хьэчим и цIэр зэрихьэу Зеикъуэ къуажэм дэт 2-нэ курыт еджапIэм и лэжьакIуэ Шыбзыхъуэ Марьянэрэ ягъэхьэзырауэ къытхуатхар.
Страницы
|