Жылагъуэ

Курп Ищхъэрэм и тхыдэм теухуауэ

«Терек» газетым и редактор нэхъыщхьэ Беслъэней Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа «Нижний Курп. Селение князей Ахловых. Страницы истории» къыдэкIыгъуэ гъэщIэгъуэныр иджыблагъэ дунейм къыщытехьащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм.

ЩIыналъэхэр зэхуэдэн хуейщ

Си ныбжьэгъум къызжиIащ: «ФатIимэ (и ­пхъурщ зи гугъу ищIыр) сом мин 25-рэ мазэ къэс къысхурегъэхьри, абы зыкъыдигъэужьыжащ».

Адыгэшыр урысей шы лъэпкъыжьщ

Адыгэшыр уанэш лъэп­къыжь дыдэхэм ящыщщ. Абы и цIэм ущрохьэлIэ шы зехуэным теухуауэ дуней псом щызекIуэ псалъалъэхэм. Шым зэрихьэ цIэм IупщI ещI ар къызэзыгъэпэща лъэпкъым лъыкIэ зэрепхар, адыгэ гъащIэм илъэс мин бжыгъэкIэ пыщIауэ къызэрекIуэкIар.

Асфальтыр узыншагъэмкIэ зэранщ

Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэм ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэхэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.

Лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр ирагъэфIакIуэ

Бахъсэн къалэм террорым пэщIэтынымкIэ и комиссэм иджыблагъэ школакIуэхэр IуигъэщIащ а щIыпIэм и спортсмен цIэрыIуэхэм.

Комисcэм и зэIущIэ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и цIыхубз колоние №4-м щекIуэкIащ административнэ комиссэм и зэIущIэ. Абы щыхэплъащ суд зытращIыхьахэр и пIалъэр къэмысу яутIыпщыжыным, ямыпшына тезырыр нэхъ щабэкIэ зэрахъуэкIыным.

ЕтIуанэу къытригъэзэжащ

Урысей МВД-м и къудамэу Лэскэн районым щыIэм и участковэ уполномоченнэхэм я нэIэм щIэт административнэ щыпIэр къыщызэхакIухьым къыщIагъэщащ Хьэтуей къуажэм Лениным и уэрамым тет унэр зей къуажэдэсым езыр-езыру газ кIуапэм бжьамий пидзауэ.

Нэхъапэми а цIыхухъур административнэ жэуапым ирашэлIауэ щытащ апхуэдэ IуэхукIэ.
Хабзэм ебэкъуам теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ. Ар ягъэпшынэнущ е илъэситIкIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.

 

Ахъшэ нэпцIхэр ирагъэкIырт

2018 гъэм шыщхьэуIум и 21-м Урысей МВД-м и управленэу Налшык щыIэм и плъыр частым къэпсэлъащ Суворовым и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тыкуэнхэм ящыщ зыр зейр.

Адэжь щIыналъэм и мывэри дыщэщ

ЗэIущIэ  гуапэхэр

«Гу къабзэхэр» щIалэгъуа­лэ зэгухьэныгъэм и зэхэшакIуэ Къарэ Ратмир ди ­гъуазэу, Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Благовещенкэ къуажэм ба­дзэуэгъуэм и 24-м дыщыIащ. А жылэмрэ абы къедза Грабовец къу­тырымрэ дэсщ Сирием къи­кIыжа адыгэ уна­гъуэу 20-м щIигъу.

Дызэдэгуашэу, дызэрыIыгъыу

Ди щIыпIэр лъэпкъ куэдым адэжь хэку яхуэхъуа щIыналъэщ. Нэхъыжьхэм къытхуагъэна хабзэфIхэм ящыщщ лъэпкъхэр зэш пэлъытэу, зым и дамэпкъыр адрейм щIэдгъакъуэу, ди республикэм ифI къызэрыкI Iуэхухэр зэфIэтхыу дызэдэпсэуныр. Апхуэдэу хъуащ 1957 гъэм и гъатхэпэ мазэми – балъкъэр лъэпкъыр я хэку къагъэзэжыну хуит щащIыжа зэманым.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ