Жылагъуэ

Куэдрэ щыпсэу щIыпIэхэр

ЦIыхухэр нэхъыбэ дыдэрэ щыпсэу щIы­пIэхэм хабжащ Кавказ Ищхъэрэ федераль­нэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгуиплI. Илъэс етIуанэ хъуауэ урысей рейтингым япэ увыпIэр щеубыд Ингуш Республикэм. 

Ди щыхьэрыр зэIузэпэщ ящI

Налшык и уэрам нэ­хъыщ­хьэм, Лениным и проспектым, и лъэс зе­кIуа­пIэм йолэжь.

Дахагъэм и пщалъэхэр

Дахагъэм лъэпкъ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зэхуэдэу еплъыркъым. 

Псэм щыщIэр наIуэ къэзыщIыфыр

Къэралым и къалащхьэ Москва иджыблагъэ къыщыдэкIащ ди лъа­хэгъу адыгэ щIэныгъэлI, бзэм и философ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Семэн Iэмырхъан ТIутIэ и къуэм и къалэмыпэм къыпыкIа «Ecce homo, или Жизнь вопреки» тхылъ гъэщIэ­гъуэныр.

КъегъэлакIуэхэм зыгъэсэныгъэхэр ирагъэкIуэкI

Налшык дэт «Гидрометаллург» заводым щекIуэ­кIащ мафIэсым пэщIэтыным теухуа зыгъэсэныгъэхэр. Гулъытэ хэха хуащIащ шынагъуэ зыпылъ ­химие пкъыгъуэхэр икIутмэ, абыхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымрэ щIыдагъэхэкIхэм мафIэ щIэ­нэмэ, гъэункIыфIынымрэ. 

ЗыгъэпсэхупIэхэр къызэрагъэпэщ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и ­Федеральнэ Зэхуэсым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ, социальнэ IуэхухэмкIэ хабзэгъэувхэм я ­советхэм я комиссэхэм я зэIущIэм.

«Лэгъупыкъум» сабийхэр зыхуей зэрыщыхуэзэм зыщагъэгъуазэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, «ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ фонд» компание зэIухам къыхуаутIыпщ мылъкур зыхухэха­­- хэм ятегуэшэныр зи нэIэ щIэт советым и унафэщI Степашин Сергей, «ЩIыналъэхэм ­зегъэужьынымкIэ фонд» компанием и генеральнэ унафэщI Цицин Константин сымэ щыIащ Донецк ЦIыхубэ Республикэм къра­шауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ сабийхэм я деж. НыбжьыщIэ 35-м я узыншагъэр щы­зэтрагъэувэж «Лъэгъупыкъу» сабий центрым. 

НыбжьыщIэхэр наркотикхэм щахъумэ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхур республикэм щызэхаублащ. 

И зэхуэдитIыр къытрахыжащ

Урысей МВД-м и къудамэу Май районым щыIэм 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 3-м зыхуигъэзащ Май къалэм дэт ООО-м и унафэщI, илъэс 58-рэ хъу налшыкдэсым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, блэкIа жэщым, дыгъуакIуэм чырбыш блыныр зэтрихщ, IуэхущIапIэм и лъэщапIэм щIыхьэри, гъуаплъэ кIапсэрэ бжыгъэрылъанэ видеорегистраторымрэ щIихащ. ФIадыгъуар сом I25000-рэ и уасэщ.
Хабзэхъумэхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу яубыдащ шэч зыхуащIыр. Ар нэхъапэми суд зытращIыхьа, илъэс 24-рэ зи ныбжь майдэсырщ. Абы и псэупIэр къыщащым къагъуэтыжащ видеорегистраторыр зэрылъамрэ электрокIапсэхэмрэ.

IуэхущIапIэ мыинхэм заужь

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ инновациехэмкIэ и IуэхущIапIэ мыинхэм я лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэща щIыкIэм теухуауэ зэIущIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Жылагъуэ