Бахъсэн и жыг хадэхэм мыIэрысэ къыщрахьэлIэжБахъсэн районым и хозяйствэхэм мыIэрысэ къыщыпачыжу хуежьащ. Ар къызэрыгуэкI жыг хадэхэми пасэу къызыпыкIэ иджырей хадэхэми щыбэгъуащ. Иджырей жыг хадэу гектар 293-м нэхъыбэу щагъэкIыр щIэупщIэшхуэ зиIэ «Гала», «Редчиф». «Джеромини» лIэужьыгъуэхэрщ. «Бахъсэн и жыг хадэхэр» ООО-м иджыпсту махуэ къэс цIыху миным нэблагъэм мыIэрысэр къыщыпачыж. Ар пластикым къыхэщIыкIауэ районым къыщыщIагъэкI контейнерхэм иралъхьэри тонн мин 25-рэ зыщIэхуэ хъумапIэм ирашалIэ. А IуэхущIапIэм мыIэрысэр щызэхадзри щIыIэлъэу щым щIалъхьэ. И фIагъри и IэфIри фIэмыкIуэду мыIэрысэр абы зы илъэскIэ хъума щыхъунущ.
Поделиться:
Читать также:
16.12.2025 - 16:30 →
Ди Пщызэбий
16.12.2025 - 16:15 →
И зэран къомыкIмэ…
16.12.2025 - 13:02 →
ЩIыналъэхэр ягъэдахэ
16.12.2025 - 09:00 →
Iуащхьэмахуэ лъапэ зрагъэужь
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
| ||




