|
|
Жылагъуэ
13 марта, 2023 - 11:42
Дэ сыт щыгъуи ди гур узу дигу къыдогъэкIыж Кавказ зауэм иужькIэ ди лъэпкъэгъухэр хамэ щIыналъэхэм къызэрыщыхутар икIи мы зэманым ахэр къэрал куэдым зэрыщыпсэур. АрщхьэкIэ апхуэдэу къызыщыщIар ди закъуэкъым: щхьэусыгъуэ зэмыщхьэхэм къыхэкIыу пащтыхь империем иIэпхъукIащ нэгъуэщIхэм щыщхэри, псом хуэмыдэу дунейм и щIыпIэ псоми щыпсэу урысхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Америкэ Ипщэм абыхэм я бжыгъэр зы мелуаным щыщIегъу.
13 марта, 2023 - 09:55
Николай Езанэр Лермонтовым щIыщышынэн щхьэусыгъуэ щыIа? Пащтыхьымрэ прапорщикымрэ: а тIум шурэ лъэсрэ я зэхуакут. Ауэ Лермонтовым хуэдэ прапорщикхэрщ 1825 гъэм и кIэухым пащтыхьыр тезыдз пэтар. Лермонтовыр «зэманым и лIыхъужьхэм» ящыщ зыт. Ар фIыуэ ялъагъурт, абы дэплъейрт жылагъуэм щыщ либералхэр. Ахэр хьэзырт пащтыхьыгъуэм пэщIэувэну, ахэрщ къызыхэкIар Герцен, Чернышевскэ хуэдэхэр, «народовольцы» жыхуаIэхэр.
13 марта, 2023 - 09:52
Адэ-анэм яхэлъ хабзэм дэплъей быныр гъэса мэхъу. Тэрч къалэм дэт «ПМК 6» акционер зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэу илъэс куэдкIэ лэжьа ГуэщIокъуэ Михаилрэ Тэрч налмэс Iэмэпсымэ заводым и лэжьакIуэу щыта Самарэрэ япхъу АфIэунэ Неллэ гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуар и адэ-анэрщ, абыхэм я лэжьэкIэмрэ дуней тетыкIэмрэт. Зи Iуэхум хэзыщIыкI, сабийм и гъэсэныгъэм егугъу егъэджакIуэфI дыдэхэр зэриIами Неллэ ирогушхуэ.
13 марта, 2023 - 09:50
Яхчал – мылылъэ кумб
Нерон фIэфIу щытащ шагъырым мыл хэдзауэ ефэну. А Iуэхум и блыгущIэтхэр гугъу иригъэхьырт. Гуп защIырти, мылылъэ бгыщхьэхэм кIуэрт. Мылыр къакъутэрт, ар Iэщыфэм кIуэцIашыхьырти, мыткIуу кърахьэхырт. Мыл къыгуэудахэм хъумапIэ хэха яIэт, щIэх мыткIун хуэдэу.
13 марта, 2023 - 09:46
Адыгэу мин 40 исщ Германием. Адыгэ Хасэу 13 щолажьэ, къалэ зырызым дэту. Нэхъ инхэм ящыщщ Мюнхен, Кёльн, Мангейм, Вупперталь, Берлин къалэхэм дэтхэр. Адыгэ нэхъыбэ зыдэсыр Кёльнщ.
Германием щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я нэхъыбэр Тыркум икIауэ аращ. Илъэс 50-60 ипэ Тыркум ис цIыхухэр Европэм лэжьэну кIуэуэ щытащ. Абыхэм ящыщу аращ Европэм и сыт хуэдэ къэрали Iэпхъуа адыгэхэр.
13 марта, 2023 - 09:33
Хабзэ зэрыхъуауэ, федеральнэ законодательствэр ягурыгъэIуэным, цIыхухэм яIущIэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хиубыдэу, Тэрч районым и прокурор НэгъэцIу Заур Дей къуажэдэсхэмрэ хьэрычэтыщIэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэмрэ яхуэзащ.
12 марта, 2023 - 14:42
«Гъатхэпэм и 8-р - дэтхэнэ унэми» урысейпсо акцэм хиубыдэу Шэрэдж районым и полицейхэр щыIащ зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда я лэжьэгъухэм я унагъуэхэм.
12 марта, 2023 - 13:41
Урысейм и Социальнэ фондым и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм илъэс 17 ныбжьым нэсым хиубыдэу 41167-м яхуигъэуващ къэралыр ядэIэпыкъуу мазэ къэс яритыну ахъшэр.
12 марта, 2023 - 10:36
Республикэм и хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я сабийхэри хэтащ «Сэлэтым деж кIуэ письмо» акцэм.
12 марта, 2023 - 07:32
Налшык мазитIым щIигъуауэ зыщызыгъэпсэху, Сирием и дамыгъэ нэхъ лъапIэу щыт «Республикэм и ЛIыхъужь» орденыр зыхуагъэфэща, генерал Чэпай Алаудин иджыблагъэ ди редакцэм къеблэгъати, и гурыгъу-гурыщIэхэм ди гуапэу зыщыдгъэгъуэзащ.
Страницы
|