Литературэ

Лэжьыгъэращ цIыхур зыгъэдахэр

Критик, литературэдж, щIэныгъэлI цIэрыIуэ ХьэкIуащэ Андрей Хьэнащ­хъуэ и къуэр Тэрч районым хыхьэ Арыкъ (Борыкъуей) къуа­жэм 1929 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м къыщалъхуащ. 1948 - 1952 гъэхэм ар ­щеджащ Ленинград дэт къэрал университетым и филологие ­факультетым. Налшык къигъэзэжа нэужь, Къэбэрдей радиовещанэм мазэ зытIущкIэ щыIащ. АдэкIэ, Къэбэрдей къэрал пединс­титутым и аспирантурэм щIэтIысхьэри, 1955 гъэм ар къиухащ.

Ди литературэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа

Лъэпкъ литературэр, лъэпкъыбзэр курыт еджапIэм щIэсхэм ябгъэ- дэзылъхьэхэм, нэхъ щIалэIуэхэм я ­гугъу умыщIмэ, куэд яхэту къыщIэ­кIынкъым ХьэкIуащэ Андрей иримыгъэджа. Абы я закъуэ! Адыгэ газетым, радиом, телевиденэм, нэгъуэщI Iэ­натIэ зэмылIэужьыгъуэхэм нэхъапэм Iута, ноби Iут цIыху Iэджэм къызэранэ­кIащ а лIы щэджащэм и «школыр», цIыху куэдым сэбэпышхуэ яхуэ­хъуащ абы и дерсхэр.

И адыгэгур хамэ щIыналъэм щызыхъумэфа КIубэ Щэбан

Лъэпкъым и тхыдэм хэмыгъуэщэн лъагъуэ, Iэужь дахэ къэзыгъэна адыгэ щIалэр 1890 гъэм Адыгейм хыхьэ ХьэкIуринэхьэблэ къыщалъ­хуащ.

ЗЭШЫПХЪУИБЛ

ЗэдзэкIыгъэр нимыгъэсу, Куу лэжьакIуэ макIуэ нобэ,
ЩIалэм емыгупсысыфу зэныкъуэкъужащ зыкъомрэ.

ЗЭШЫПХЪУИБЛ

Уи гурыфIыр къелъэфажьэ, фэрыщIыгъэр зыпщIэхэх,
Гугъэ лъэрымыхьым пежьи, уи гур псалъэкIэ къэщтэф.

ЗЭШЫПХЪУИБЛ

(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 25-м, мэлыжьыхьым и 8-м итщ).

  А щIалищыр къицIыхужмэ, я «амирри» къыкъуэкIынщ,
РэIис къелмэ, акъылыншэм гъащIэ иIэу къыщIэкIынщ.

Армырами цIэрыIуэнкIэ щIыхуэ зытемылъ хъыджэбзым
Хъыбар зэпыщIапIэу щыIэм ущыхуэзэт и унэцIэм.

«IэлъэщI зытелъ пщащэ цIыкIур бэевичхэм ятекIуащ».
Пэжи пцIыи, ауэ цIыхухэр лъэныкъуищ зэрищIыкIащ.

ЗЭШЫПХЪУИБЛ

Ипэм деж, укIытэм ихьу, лъэныкъуитIри тIэкIу
Iэнкунт,
Угупсысэ-умыпсалъэу, илъэс дапщэ пхуехьэкIын?

КъэкIуагъащIэу, псэупIэщIэм жэщитI хуэдэ щрахауэ,
Мыгъэзэш шей къахущIехьэ, шэ гъэпщтакIэ зэIихауэ.

Iэнэм нызохьэс щыжиIэм, Щабэ и хьэ банэ макъ
Я куэбжэпэм къыщыIуати, Кубра цIыкIур щIэлъэтащ.

- Сыт ар? - Уэзир къогузавэ, бзэ къыхихым гу лъимытэу.
- Жэмхэр къыдохьэжри, ди хьэр, япежьауэ тIэкIу мэшхыдэ.

Ар къэзыпсэлъа Iэкуандэ, бзагуэ хъуамэ нэхъ къищтэнт,
Ауэ хьэщIэ нэмысыфIэр, жэуапыншэу къэбгъэнэнт?!

ЗЭШЫПХЪУИБЛ

Данэху унэр къыщилъэскIэ хъыданищ IэщIэлъу плъагъумэ,
«ЗэрищIынур сщIарэт», - жыпIэу, куэдрэ умыгъэщIагъуэ.

ЗЭШЫПХЪУИБЛ

ЯПЭ IЫХЬЭ

ПЭУБЛЭ

Тхьэуэ Лъагэм и дахагъэр зэуэ ищIкъым нэIурыт,
Дзыхь хуэпщIыфу уригъасэу, пIалъэ кIыхь къыппеубыд.

Махуэр кIуэкIэ гъащIэм хэщIкъым. ГущIэгъубэм Iуэху уищIамэ,
ПлъапIэ псоми теIэбэнур тэмакъкIыхьхэрауэ жаIэ.

«Къэрэндащыр» урысыбзэщ, «къалэм» жызыIэр хьэрыпщ,
Хьэрф изытхъэ Iэмэпсымэм и анэдэлъхубзэр сыт?

Ди бзэм псалъэ хуримыкъуу зигу темыхуэ щIалэ гуэрхэм
«Рытх» фIащауэ зэхэсхащи, вдэну сщIамэ, есхьэжьэнут.

Лондон щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ цIэрыIуэ

Лондон щыпсэу адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Федерацэм, Дуней псом я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, Сочэ къалэм дыгъэгъазэм щекIуэкIа ЕтIуанэ дунейпсо кинофестивалымрэ SIFFA киносаугъэтымрэ къы­зэзыгъэпэща икIи абы и президент хъуа,

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ