ЗЭШЫПХЪУИБЛ(КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр гъатхэпэм и 25-м, мэлыжьыхьым и 8-м итщ). А щIалищыр къицIыхужмэ, я «амирри» къыкъуэкIынщ, Армырами цIэрыIуэнкIэ щIыхуэ зытемылъ хъыджэбзым «IэлъэщI зытелъ пщащэ цIыкIур бэевичхэм ятекIуащ». Я нэхъыбэм ягу Iей илъкъым, уэрэ сэрэ дэщхьыркъабзэщ, «ЦIыхухэм ещхьу зихуэпамэ, цIыхум ещхьхэр къылъыхъунт, Щысхь ямыIэу жьэрыIэзэщ адыгэбзэкIэ цIыхуфIхэр, Адыгагъэм и уэчылщи, лъэпкъым и пщIэм псэр щIатынщ, Зи жьэ зэтезымыпIэжыр яхьри здахьри зыщIэ «шыпхъухэрт»: ЛъэныкъуитIым я зэхуакум удэтыфмэ, зыкъэумыс: Зэмыщхь пфIэщIми, текIуэрщ я хьэр. Нэхъ лъэщ къазэрыхэлъадэу, Къагъуэтащ Кубра и «лъыхъухэр», хъыбарыщIэхэр щыхьэтщ: Къэрэгъул гупсысэм хохуэ. УнагъуитIыр мэгузавэ. Ар хамыгъэIэбэжыххэу, пцIы зэрызэIуащэр хьэкъщ. «Тхьэусыхэр» къыIахыжмэ, Iуэхур зэхуащIыну пIэрэ? Дзэм хэта Уэлид мэбампIэ. Мыр сыт хабзэ? Сыт къэрал? Мэрем махуэм ирихьэлIэу Къэрэгъул здэкIуа мэжджытым ЯгъэтIыса гупым я зым и Iыхьлыщ, адэшхуэ ныбжьщ: РэIис къриджащ пщыхьэщхьэм. Армырами ягу зэрощIэ. КIэщIу жыпIэмэ, мо гупым «бэевичыр» кIэрахыж, Ауэ, къаутIыпщыжами, кIэлъыплъакIуэхэр я куэдщи, Зы зэман, Кавказым икIыу Щамым кIуахэм я сурэт УтхьэмыщкIэкъэ гу къабзэм къуит тыншыгъуэм ухуэнэфмэ, Нэху идзам кIэлъыIэбэжу, бжьыхьэ дыгъэр фэзэхъуэкIщ, Сакъщ, и бзийхэр зэрыщIыIэу, пшагъуэ Iувым хэплъэ жыгхэм ЩIыхуэ пIихкъым къыппэлъэщым - фIыуэ къыпхуищIар ещIэж, Iэдииху и унэ блынхэр кхъуэщын нэщIым ещхьу мачэ, ГъащIэ, гъащIэ, щхьэ уи нэпцIым цIуугъэнэ кIэрыпщIа, Уи IэбэкIэм сыкIэлъоплъри, гу къихьэгъуэ къытлъыбгъэскъым, Сызыхуэхьэзыр зэпытыр уи фэтех гущIэгъуращ, Нихьмэт ипхъу кърагъэкIыжу зэхэзыхыр мэгужьей, Малъхъэр унэм къекIуэлIэжкъым - щхьэусыгъуэм сыти фIэщ, Iэдииху цIыху зэкIуэцIылъкъым, ауэ езыр тэмакъкIыхьми, Тхыгъэ гъэщIэгъуэн къыхуокIуэ: «Нэчыхь зэракъутэж лъэIу» - «Епхъуэ» къызэрыжраIэу, текIуэм дэщIыр лIы хъужамэ… Зи къуаншагъэ умылъагъур фыз IумпIэншэм Iурыбдзэн? Дыжьын куэбжэр улъиямэ, дыщэ куэбжи пхуэгъэжынущ, Зи унащхьэ лъэныкъуабэм IуэхутхьэбзащIэхэр и куэдщ, Уи губампIэм ебэдзауэу, игу хигъахъуэу имыIуэхухэм, УепсэлъылIэмэ бэшэчу, и гур здэжэр гъэщIэгъуэнщ: «Си гъунэгъум, жи, - маршруткэм уэрэд къыщеуащ дыгъуасэ, - Махуэр макIуэ, гъащIэр макIуэ, фIыри Iейри гум ихунщ, «СигъэлIэху сефэнущ жеIэ», - къыхидзэнщ фадафэ зиIэм, ЖьантIэр зейм фIэмылIыкIыжхэм ныкъуэкъуэныр я нэрыгъщ - Уи щхьэгъусэр къыпфIэIуэхумэ, адэ-анэр мэхъу тIуащIэ. Уи щхьэIуэху фIэкIа зумыхуэу дунейм утетыну гугъу? Ди ехъулIи ди хилъафи зи унафэр ГъэунэхуакIуэрщ - Нихьмэт зыми пэрымыуэу жаIэ псори ядиIыгъми, «МынэхъыфIу зыри къэхъукъым. Жьэми дажьэдэхужынщ... Мыгъэзэш и хъыджэбзитIыр сытым хуэдэу зэраншу, Iэдииху и бланэ жэрыр мис а гупым къахэнауэ, Iэкуандэ зэпIэзэрыти унагъуэ хъарзынэ исщ, НэхъыщIищым я дэкIуэгъуэщ. Данэху хуабжьу зегъэщIагъуэ, ХьэлкIэ зэщхькъым зэшыпхъуиблыр, щхьэж щIэщыгъуэ гуэр бгъэдэлъщ. Данэхурэ Уэзиррэ «Уэзир къешэ!» - хъыбарыщIэр унэм дауэ къыщIахьами, «Хэт?» - имыщIэ хуэдэу зещIри, гуфIэ нэпцIу зыкъеIэт. Зэхихат Данэху зыгуэрхэр Iум Уэзир теуэршэрыхьу, Зэрыхэдэр ибзыщIыфрэ, е тегушхуэгъуей къудей? ИпэжыпIэкIэ, «къэшэным» зэкIэ зыри жраIакъым, Кубра жэщыр хэкIуэтауэ Iэуэлъауэм къегъэуш. «Сыт къоузыр? Сыт ущIэгъыр?» - упщIэ къомыр трекIутэ. Кубра цIыхум жимыIэфым теIэбэнкIэ тIасхъэщIэхщ: РэIис ечэнджэщу щытмэ, къыдэIэпыкъункIи хъунущ. Iум Уэзир, Нихьмэт и гъусэу махуэ гуэрым къыщIэнат. ЩIалэм Iуэхур щыбгъэдэслъхьэм, си гугъат къыздиIыгъыну, «Ар хъун Iуэхукъым, - Нихьмэт пещэ. - Уэзир сытхэр къыщыущI?» ЗэшыпхъуитIыр Iэнэзехьэу къащхьэщытт ар щызэхахым. Дауэ Iуэху мыр? НыбжьыщIитIыр щыму фIыуэ зэролъагъу. Ди Тхьэу ЛъапIэ! Шэч хэлъыжкъым. Арат Данэху щIыдэмыкIуэр! «Абы нобэ гу щылъыптэр? - РэIис къоупщI Кубра цIыкIу. - Иджы хагъэзыхьыпати, щхьэусыгъуэ къигъуэтауэ, «Сыт епсалъэкIэ? Уи дэлъхум хэт ухуэзыщIынур псэгъу?» «Адэ-анэр щыгъуэзамэ, Iэмал гуэр щыIэнкIи хъунут». А уэ пщIитIыр зэгуроIуэ: яущэхунущ ялъэкIыху. Данэху Уэлид нысэ хуэхъумэ, РэIис Кубра IэщIэкIыну? Данэху дэрбзэр телъыджэщ, гур къыдэфэу фащэ ед: Данэху и анэ Нихьмэт, Уэлид и адэшыпхъум ипхъущ. Ауэ динкIэ зэфIахыфу мыпхуэдэ Iуэху куэд уIуощIэ, И гупсысэхэм яхэдэу ди РэIису пщIэр йокIукI, И Iэ и лъэ игъэдалъэу, тIэкIуи и щхьэ хуэпсэлъэжу, «Сыт уигу къеуэр?» «Зыри» «ЖыIэ» «Уэзир… Данэху … мис аращ». «Сыт-тIэ зыри щIыжимыIэр?» «ДызэрызэIыхьлым щхьэкIэ…» «ФIыуэ зыкъебгъэлъагъунум - фIыуэ лъагъу» - латин псалъэжь. НэкIэ фIэкIа зэрымыщIэу Алыхьышхуэм щыгугъахэм Гум пэрыуэм ЛIыкIуэ лъапIэр къыхуэхъуну шэфэхьэт? Апхуэдэ тэмакъкIыхьагъыр псапэ зэрымыхъур наIуэщ, ФIылъагъу-дыгъэр акъыл-мазэр фагъуэ щIынкIэ батэгъэшщ. Сытыт-тIэ Уэлид ибзыщIыр РэIис псори зэIищIэхукIэ? Армырами «къэкIуэжахэм» ираудэкIын ягъуэт. Ар гунэсу зэхэдгъэкIмэ, нэхъ щIэщыгъуэу тхуэIуэтэнущ. Уэлид и щэхур Уэлид и адэр Нихьмэт и анэм и дэлъху дыдэт, Димэшкъ дэст. Ауэ къызэкъуих хъыбарыр тхыдэ гъэщIэгъуэным хуокIуэ: ИпэжыпIэкIэ Уэлидым и адэ дыдэм и ныбжьэгъут, Сабий цIынэр хамэ щIыпIэм къэзыгъанэ лIыр гузавэт - Мори, зэрыщхьэгъусэншэу, щIалэ цIыкIум кIэлъыкIуэху, Ауэрэ зэманыр макIуэ, гъащIэр куэдкIэ ещхькъэ псысэм - Алжир жыжьэрт ар къыщыхъур, нысэри а хэкум щыщт. Щамым зауэ къыщыхъейуэ къуажэхэр щызэтекIуадэм, Алжир къраша нысащIэр нэхъ пасэжу зэгъэжат, Дзэм здыхэтым, хьэл хуэхъуауэ есэжат ар щIыпIэхъуэжым, Езым дежкIэ хъыбарыщIэр занщIэу хэти дзыхь хуищIынт? ЗыпIа адэр нэхъ лъапIэжу и гум илът Уэлид алъандэм. Ауэ лъэныкъуитIым дежкIи а насыпыр мэхъу тIуащIэ - Iэмал зимыIэххэу фIэщIыр къыхуащIауэ тыгъэ щэху Усэм ещхь псори усэкъым Усэм и сатыр ухуэкIэм мардэ къыхуэгъуэтыгъуейщ: Псалъэр гум тэрмэш хуэщIыныр цIыху узыщI IэщIагъэ дахэщ. Iейкъым уакъыгурыIуэныр, гу лъызмытэ зысщIми, пцIыщ. Щапхъэм и хьэтыркIэ, уиIэщ шыгъу, кIэртIоф, джэдгын, тхъуцIынэ - Мис апхуэдэ дыдэу «гъащIэ» зыфIэтща къэхъукъащIэ къом Еплъ псы къызэрыкIуэм ищIэм: бжьыгъэр йокIри къабзэм хохъуэ. Жэщи махуи къыттелъалъэ псалъэхэми хэщыпыхь, Итхым гъуджэм ещхьу къищым зицIыхужу аркъудейщ. Ауэ… жэщ зэхэмыкIыжым щIымахуэкур и лъэпагъмэ, (КъыкIэлъыкIуэнущ).
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 17:22 →
Сабийхэми яхуэгуапэт
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
|