ЗЭШЫПХЪУИБЛРэIис шей ефакIуэ зэрыкIуар ЗэдзэкIыгъэр нимыгъэсу, Куу лэжьакIуэ макIуэ нобэ, И гум пшагъуэ зэрытелъыр хузыфIэкIкъым щIихъумэн - Яущэху, фIым и хьэтыркIэ, Iэмал зыхуамыгъуэт гуэрхэр, Е зэригъэцIыхуагъащIэщ, фIэемыкIущ ищIын и гугъу, Ахэр хузэмыгъэзахуэу махуэ псор ирихьэкIауэ, «Нобэ пасэу хуит сыхъуати, сымыгугъэу сыкъежьат». ЩIымахуэпэ дыгъэр щIыIэщ - РэIис ецIыху Куу и хьэлыр: ФщIэжрэ Лермонтов и усэр: «А тIур фIыуэ зэрылъагъут, Мыхэри укIытэхыным и бэлыхьым имыукIыу, Данэху шыпхъур зэрыдэкIуэр пщыкъуэм хуигъэхъыбаращ… Пэжщ, лъыхъу къахуэкIуэнум йожьэ: «тырку-инджылыз» Лондон щыщыр Нобэ-пщэдей нэчыхь Iуэхухэр къыдахыну я мурадщ, РэIис Шекспир и сонетми щIытехуар игу зэрыхэщIырт, Кубра цIыкIуми щхьэусыгъуэр ищIэтэкъыми, и РэIис Ауэрэ маршынэр хьэблэм нэсыжащи, йокI хъыджэбзыр, «Къызэтыж си телефоныр, уи «чырбышыр» узотыж… Уэзир Данэху здынэсахэр хуеIуэтэж и къуэш нэхъыщIэм, Модрейм и псэр къыхохьэжри щIэмыхьэжу егъэзэж - Пщащэм, унэм зэрыщIэс щыгъынхэр щитIэгъауэ, ЕупщI щхьэкIэ, асыхьэтым гурыгъуазэкIэ къищIат Шей ефэнущ! Шей ефэнущ! Мис, шейхэдзэр хьэзырыбзэщ, Дэри, Шекспир Iэзэм ещхьу, зэгуэкIуахэм я зэхуаку КIЭУХ Гур дахагъэм зэрыхуеIэр езы дыдэм щогъупщэж, ЛIыгъэ хэлъхьи зэплъэкIыжыт, сыт зытекIуэдар щIалэгъуэр? Псыежэхым ситхьэлакъым, пщтыри щIыIи сыкъелащ, Бгъэм едмыгъэхьа гуэгушхэр шыуанышхуэм щыдогъавэ, Сыт-тIэ сыщIэбгъэлIэжынур? ЯфIэпсэу! Пэлъэщ, къытех, Уэрыншауэ дауэ хъуну ух зимыIэ санэхуафэр? СыхэгъэкI е сахэгъэхьэ - си ужь итырщ гъуэгур зейр, ГъащIэм кIуапIэ закъуэу иIэр фIэгъэнапIэ умыхъунырщ, Узытетыр ебгъэфIакIуэу укъыщIэкIмэ, уехъулIащ. А зыращ хъуэпсапIэ нэсыр, щIегъуэжынухэр дыхьэшхми, Уи нэхъыфIыр зытегъакIуэ, дахэу пхэлъыр зэгъэцIыху, Псэм и IэфIым ущысхьамэ, тхылъымпIэжьщ зеплъэфа ахъшэр, Махуэ блэкIым зыпщIыхэдзэ, пцIым илIыкIи зыкъэщIэж, ГъащIэр пхъуантэщ, псэм зэрихьэу, фIыкIэ блажьэмэ нэхъыфIкъэ? Мы сатырхэр зэшыпхъуиблым я хъыбарым и кIэухщ
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 17:22 →
Сабийхэми яхуэгуапэт
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
|