Литературэ

Мыщэ

УНАГЪУЭ Iуэхум дыкъыдэмыхуэу гъат­хэ махуэ хуабэхэр хуэму екIуэ­кIырт. Илъэситху фIэкIа сымыхъуа­ми, зэбгъэтIылъэкI мыхъун къалэн Iэджэ пщэрылъу сиIэт. Ди адэ-а­нэр лэжьакIуэ кIуа нэужь, си къуэш­ нэхъыщIэхэм сакIэлъыплъын, ди анэш­хуэ Фаризэт сыдэIэпыкъун хуейт. А псом и щIыIужкIэ, пхъэ тыкъырхэмрэ нартыху жэпкъхэмрэ зэман-зэманкIэрэ пэшхьэкум издзэн хуейт, мафIэр зэхэмыкIыжын щхьэкIэ.

Онегин Евгений

 Пушкин Александр

XXXII
Хэмылъу шэч, къыхуэлъэгъунут
Зыхуейм Татьянэ и пIейтейр,
Хуэдгъэгъу ар щхьэдэIуххэм хъунут:
Ягуэшырт-тIэ дэлэн ин Iейр
(ЖытIэнти пэжыр, шыугъэIуэр);
Сагъызу я щхьэтепIэ щIыIур,
Бащырбэхэм цимлянскэр итщ,
Ефэнур, IэфIыр къахьыр, хуитщ;
Къахьащ абдж бгъузэ, ар зракIэ,
Бгы псыгъуэхэм сигу къагъэкIыж
Зизи; сэ си псэм хэмыкIыж,
Уезгъэщхьырт уэ абдж псынщIэ
щхъуакIэм;
ФIылъагъуныгъэм и абдж щыкъу,
Узэрыслъагъур сримыкъут.

Онегин Евгений

 

Пушкин  Александр
 

XVII

Онегин Евгений

Етхуанэ Iыхьэ

ПщIыхь шынагъуэ ухуэмей,
Уэ, сэ си Светланэ!
Жуковский

                         I

Хэкупсэ нэс Бырмамыт Фэуаз

Ар 1925 гъэм Амман къалэм хыхьэ Мухьэджрин хьэблэм къы­щалъхуащ. Фэуаз и адэ Махьейр пащтыхь гвардием илъэс 15-кIэ пщIэрэ щхьэрэ иIэу къулыкъу щищIащ. Къэзылъхуам ижь къы­щIи­хуагъэнщ къуэми. 1942 гъэм Фэуаз дзэм хохьэ. СССР-р зауэ бзаджэм щыIут зэманым ЩIыкурытыхымкIэ (Средиземнэ тенджыз) Америкэм кърашу Палестинэм, Трансиорданием, Иракым, Ираным блаш Iэщэр, гуэдзыр, хьэпшыпхэр зыхъума гупым яхэтащ Бырмэмытыр.

Псоми ещхь, зыми емыщхь Аргун Олег

Куэд щIакъым илъэс  70 гъащIэ ­гъуэгуанэр зэригъэлъапIэрэ Урысеймрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ щIыхь зиIэ я ухуакIуэ Аргун Олег Абубэчыр и къуэм.

Махуэм сурэт ещI, жэщым роман етх

Урысей Федерацэм, Адыгэ, Къэрэшей-Шэр­джэс республикэхэм я цIыхубэ су­рэ­тыщI, УФ-м и Художникхэм, Журналистхэм, ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къат Теувэж ди къэралым фIыуэ къыщацIыху, абы и цIэр щащIэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми, Тыркуми, Европэми.

«Жьынэпсыр» адыгэбзэкIэ къыдокI

Илъэсищэрэ щэ ны­къуэм щlигъуащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Абы лъандэрэ хэхэс адыгэхэр хамэ щIыналъэхэм щопсэу, я хэкум пэIэщIэу, я хабзэмрэ я бзэмрэ зэрамыгъэкIуэ­ды­ным егугъуу.

Си адэ Ацкъан Хьэсбий

Си адэр куэдрэ си нэгу къыщIохьэ мыпхуэдэу: ар щIым хоплъэ, пхыплъыну хэт фIэкIа умыщIэну. ИужькIэ уафэм ходэIухь, зэми и нэр быдэу зэтрипIэу. Апхуэдэм деж сэри уафэм сыходэIухь, ву макъ гуэр зэхэсхыу къысфIэщIу. Нэхъыжьхэм къызжаIауэ сощIэ си адэр зауэм лIыгъэ зэрихьэу зэрыщыIар, кхъухьлъатэзехуэхэм зэрахэтар. Абы теухуауэ езым зыри къыбжиIэнукъым, сэ абы и гум щызэблэкI псор щызыхэсщIэнум сынэсакIэкъым. Ву макъ гуэр къэIуауэ къыщыхъуа – си адэр уафэм ходэIухь, и нэ ­къуэлэнышхуитIым, зэщIэлыдэу, зыгуэр щызолъатэ, зэми хьэндырабгъуэ къысщыхъуу.

А махуэм сэ зэуэн сухат…

Мэкъуауэ Амир Іуэтэж

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ