Мыщэ

УНАГЪУЭ Iуэхум дыкъыдэмыхуэу гъат­хэ махуэ хуабэхэр хуэму екIуэ­кIырт. Илъэситху фIэкIа сымыхъуа­ми, зэбгъэтIылъэкI мыхъун къалэн Iэджэ пщэрылъу сиIэт. Ди адэ-а­нэр лэжьакIуэ кIуа нэужь, си къуэш­ нэхъыщIэхэм сакIэлъыплъын, ди анэш­хуэ Фаризэт сыдэIэпыкъун хуейт. А псом и щIыIужкIэ, пхъэ тыкъырхэмрэ нартыху жэпкъхэмрэ зэман-зэманкIэрэ пэшхьэкум издзэн хуейт, мафIэр зэхэмыкIыжын щхьэкIэ.
Ди хьэхэр си дэIэпыкъуэгъушхуэт: пщIантIэм и хъуреягъкIэ къыщыкI кIарц жыг лъагэшхуэхэм абгъуэхэр щызыщIа къанжэхэм щахъумэрт ди джэджьейхэмрэ къаз, гуэгуш шырхэмрэ. Я хьэкъ къызэтрагъэнэнутэкъым уафэгум лъагэу зыщызыIэт ­къа­шыргъэхэми. Хьэхэр мыхъуамэ, махуэр зи кIыхьагъым зы щIэжьеи къыданэнтэкъым абыхэм.
АпщIондэху си къуэш нэхъыщIэхэм сакIэлъыплъырт, ахэр згъашхэрт, тезгъэурт. Зы дакъикъи уатеплъэ­къукI ­хъунутэкъым - хадапхэм ит шып­сыранэм ахэр хэпщхьэнкIэрэ хъунут, пщIантIэм дэт псыкъуийм ихуэфынут е, сэ сщIэрэ, джэгуурэ пшахъуэ зыжьэдалъхьэнри хэлът.
Махуэхэр апхуэдэу зэфэзэщу етхьэ­кIырт, зэшыгъуэт. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым псоми зихъуэжащ. ЛэжьапIэ нэужьым ди адэр къыдыхьэжри, ди Iыхьлы Дадэ Хьэбийхэ деж сигъэ­кIуащ. Нэху зэрыщу, пхъэ къишэну ар мэз хозяйствэм кIуэн хуейт. Къуа­жэдэсхэм чэзууэрэ къыщыжраIэ махуэм мэзым кIуэрти, я пхъэ Iыхьэр ­кърашырт. Чэзур къытлъысат. Мэз IэнатIэр Кусовэ къутырым пэгъунэгъут, нэхъ ипэкIэ Ингушым и Кёскем къуа­жэм ар хыхьэу щытащ (иджы Хури­каум щыщщ).
Хьэбийрэ сэрэ къыздэщтэн хуейт нэгъуэщI ди гъунэгъу щIалэхэу Жылэхьэж Будонэрэ Iэпщэ Мыщэрэ. А хъыбарым сэ сыщыгуфIыкIащ. Иджыри къыздэсым мэзым зэи сыщыIатэкъым. Си ныбжьэгъухэм жаIэжырт мэзым мыщэ гъуабжэшхуэ зэрыщалъэгъуар, зи ныбафэр хужь-фIыцIафэ кхъуэпIащэхэ-ри жыг лъабжьэхэм зэрыщыхъуакIуэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, кхъуэпIащэ­ шырхэр апхуэдизкIэ мэзым щыкуэдщи, уи лъакъуэм къыщIозэрыхь, ­цIы­ху­­ми ящышынэркъым. ЩIалэ цIыкIу­хэр абыхэм мэзым щадэджэгу мыхъу­мэ, я адэ-анэхэм къыхуадэртэкъым а псэущхьэхэр унэм къыздахьыну. Мэз хуейм губгъуэмэракIуэр щип­хъат, шэгъэфIэIукIэ бейт. Жы­гыку ­гъуанэхэм бжьэр къопщIыкIри исщ, удз гъэгъам­ фор къыпахрэ итIысхьэжу. Апхуэдэ зы жыгыку гъуанэм фо пэгун къыпхуи­хыну жаIэрт. Ар къохъулIэн щхьэкIэ, япэщIыкIэ бжьэхэр я гъуэм хьилагъэкIэ къипшын хуейт. Ахэр псори зэгъусэу къилъэтрэ къоуэмэ, фIы щIэпхынукъым.
Апхуэдэ хъыбархэм сыщIагъэдэIуа­ти, си нэ къикIырт сэри а фIыгъуэхэр зэзгъэлъагъуну. Хьэбийхэ сежэкIащ, хъыбар езгъэщIэну.     
А лIыр нарт хъыбархэм къыхэщыж лIыхъужьхэм фIэкIа зэзгъэщхь нэгъуэщI щыIэтэкъым, языныкъуэми­ и IэчлъэчагъымкIэ мыщэшхуэм ехьэехуэфыну къысщыхъурт. Абы и нэ лъэ­ныкъуэр зэпымыууэ пхат. Зэм щэкI хужькIэ, зэми - фIыцIафэкIэ. Ар зэ­лъытар и щIакIуэ пыIэр зэрызэри­хъуэ­кIырт. Хьэбий ущIыгъумэ, зэманыр зэ­рыкIуар къыумыщIэу нэжэгужэу ежэкIырт.
Езым зэригъэхъыбарымкIэ, зэгуэ­рым мэзым щыIэу, зы мыщэшхуэ къеб­гъэрыкIуэри и нэм дыркъуэ къытридзат. Нэ лъэныкъуэм зэримы­лъагъужым хуэдэу, ар а мыщэм те­кIуат, и фэри трихри, къыздихьыжат. Абдеж щегъэжьауэ Хьэбий мыщэхэм ещэкIуэн щIидзащ. Щытхъур фIэфIти, и унэ лъахъшэ цIыкIум дыщIишэрти, дигъэлъагъурт пхъэ гъуэлъыпIэхэм ириубгъуа мыщафэхэр. Ауэ мэлыфэм нэхъ ебгъэщхьыну апхуэдэт ахэр. Хэт ищIэрэ, мыхэр сабийщ, жиIэу ды­къигъапцIэрэт?! Хьэбий езыр къуажэм щымэлыхъуэт. Унэми бжэнрэ мэлрэ щикуэдт.
… Жэщым сыжеифакъым, къыс­пэ­щылъ гъуэгуанэм сегупсысырти.­ Къы­зыщызгъэхъурт мыщэхэмрэ кхъуэ­пIащэхэмрэ сещакIуэу, губ­гъуэ­мэракIуэр къэсщыпу, бжьэхэм езыхэм  я  фор  къысхуахьу.
Колхозым шыгу нэхъ ин дыдэу иIэм шитI щIэщIауэ къыдитри, мэзымкIэ дунэтIащ. СыхьэтитI хуэдэкIэ гъуэгу дытетагъэнщ. ­Будонэрэ Мыщэрэ мащIэу щхьэукъуащ, сэ Хьэбий къызжиIэж хъыбархэм си фIэщу ­седаIуэурэ дыкIуащ. Мэзым сызэрыщымыгъуэщэну Iэмалхэм, кхъуэ­пIащэм зыпэщIэзгъахуэ зэрымыхъунум, нэгъуэщIхэми абы сыхуигъэIущырт.
ПсынщIэу дынэсауэ къысщыхъуащ. Мэз хъумакIуэр къытпежьэри, пхъэр щы­зыхуэтхьэс хъуну щIыпIэр дигъэлъэ­гъуащ. Апхуэдэуи ехьэкI хэмылъу къыджиIащ мэзым мафIэ щытщI, хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ къуалэбзухэмрэ дгъащтэ зэрымыхъунур.
Будонэрэ Мыщэрэ асыхьэту пхъэр гум иралъхьэн щIадзащ. Жыжьэ сыIумыкIыну Хьэбий унафэ къысхуищIри, езыр мэзым хыхьащ. Ауэ япэщIыкIэ джыдэ нэхъ жан цIыкIур къызитащ.
Зы сыхьэт хуэдэ дэкIагъэнт алъандэрэ. Хьэбий къигъэзэжыртэкъым. Сыкъэгузэ­вэпати, мурад сщIащ абы и лъыхъуакIуэ сежьэну. ЩIалэхэми зыри яжезмыIэу, си джыдэ цIыкIур къасщтэри, Хьэбий здиунэтIа лъэныкъуэмкIэ сыкIуащ. Удз кIыр ­Iувыр игъэукIурийуэрэ пхыкIа Хьэбий лъагъуэфI дыдэ къигъэнат. Абы сытету сокIуэ, удзым хэс тхьэкIумэкIыхь шыр е нэгъуэщI псэущхьэ спIытIынкIэ сышынапэурэ. Пэжу­ къыщIэкIащ кхъуэпIащэ шырхэр мэзым щыкуэду зэрыжаIар. Гъунэгъу зыкъыпхуа­щIынти, я пэ псыфхэр къыпщахуэурэ ­макъ хьэлэмэтыщэхэр ирагъэщIу бзэхыжынт.
Мэзым къуалэбзу уэрэд лIэужьыгъуэу къыщIэIукIыр зыхуэдизыр къыпхуэбжынутэкъым. АмкIыщхэм лъагъуныгъэ уэрэд кърашми ярейт, кIыгуугухэм я джэ макъымкIэ я шырхэр къалъыхъуэжырт. Сыт хуэдизрэ сыпсэунуми кърисщIэну, абыхэм я джэ макъыр къэзбжын щIэздзат, арщхьэкIэ щэм сынэса иужькIи, зэпамыгъэужу джэрти, а «пцIыупс цIыкIухэр» си фIэщ сщIыжакъым.
Иджыри зы тэлай хуэдэкIэ сыкIуауэ, Хьэбий и шхыдэ макъ зэхэсхащ. Ар губжьа хуэдэт, зыгуэрым техъущIыхьырт. Абдежым зэрымыщIэкIэ щызэхэсхащ мыщэм езауэу зи нэ лъэныкъуэр зыфIэкIуэдар апхуэдэ фэбжь иIэу къалъхуауэ зэрыарар.
А псом мыхьэнэшхуэ езмыту, ар къы­зэрызгъуэтыжа къудейм сыщыгуфIыкIри, и макъыр къыздиIукIымкIэ занщIэу сып­хыкIащ. Сызытет лъагъуэр бамэ къызрих мащэ куум деж щызэпыурт. Сеплъыхмэ, а шэдым хэтт Хьэбий. ЯпэщIыкIэ къысщыхъуащ и нэ лъэныкъуэм зэримылъа­гъум къыхэкIыу, гу лъимытэу ар мащэм ихуа­уэ. КъызэрыщIэкIарати, ар езыр абы ехат, шэдым хэхуа кхъуэпIащэ шырхэр къыхихыжын и гугъэу. АрщхьэкIэ ар шэдым пхыхури, и джыдэри абдеж хэкIуэдат. Апхуэдэ къызэрыщыщIамкIэ кхъуэпIащэхэр игъэкъуаншэу ар хъущIэрт.
Сэ иджы къызгурыIуэрт Хьэбий мыщэм зэрезэуам и хъыбарыр ауэ сытми къызэримыгупсысар, атIэ и нэ лъэныкъуэр зэры­нэфым щхьэкIэ зыми абы цIэ лей зыфIримыгъэщыну арагъэнт.
Хьэбий сыкъызэрилъагъуу къысщыгуфIыкIащ. Къысщытхъуащ, езыр куэдрэ къызэрытым гу лъыстэу и лъыхъуакIуэ сыкъызэрежьам щхьэкIэ. Чий цIынэ хуэсшиину къыщызэлъэIум, си джыдэ жан цIыкIумкIэ асыхьэту къудамэщIэ къыхупызудащ. Ар зыдигъэIэпыкъуурэ шэдым къыхэкIыжащ. Иджыри жыг къудамэщIэ IэплIэ езым къызэригъэпэщри, мащэм ири­дзащ. Кхъуэ­пIащэхэм къагурыIуа хуэдэ, къу­дамэхэм ­теувэурэ ахэри къыдэпщеижащ. КхъуэпIащэхэм Хьэбий и Iуфэлъафэр къа­жыхьырти, занщIэу къыдгурыIуащ ар я анэм зэрыхагъэгъуэщар. Къапщтэмэ, дыхьэшхэнт уакIэлъыплъыну. Ди зэрызехьэ макъыр зэхахри, Будонэрэ Мыщэри къыкIуэцIрыкIащ. Къэхъуар щажетIэжым, ахэри къысщытхъуащ, «лIыхъужь» цIэри асыхьэту къэзлэжьащ.
Мэзым дыкъыщыхэкIыжым, къедгъэ­ла кхъуэпIащэхэр зыкъомрэ ди ужьым иту къэкIуащ. ИкIэм-икIэжым ахэри ткIэ­рыхужри, дэри псынщIэ-псынщIэу пхъэр гум из зэрытщIыным иужь дихьэжащ. ДыкъыщыкIуэжым гъуэгум зы псыкъуий къыщилъагъуху, Хьэбий зэрызигъэкъэбзэжар­ фIэмащIэу, аргуэру къыщыувыIэрт. Ап­щIон­дэху щIалэ цIыкIухэр къыщIэддзэжу-рэ дыдыхьэшхырт. Хьэбий къыдэлъэIурт къуа­жэм а къэхъугъэр хэIущIыIу щыдмыщIыну. Арати дызэгурыIуащ бжьыхьэм щыми мэл пшэр зырыз къыдитмэ, а Iуэхур ди щэхуу къызэрынэжынымкIэ. Хьэбий и псалъэр иIыгъыжат, дэри къызэрыдгъэгугъамкIэ къэдгъэпцIэжакъым.

Фо

А МАХУЭР си дежкIэ угъурлыуэ ежьатэкъым - сыхэжеят. Зэрызехьэшхуэ ­макъ гуэрым сыкъызэщигъэуащ. Си къуэш нэхъыщIитIым (ТIимошэ - илъэситI, Вовэ щы хъуат) къызэрыкIауэ къуейщIейуэ унэр къызэхажыхьырт. Хьэ мэжэлIахэми я банэ макъыр зэпагъэуртэкъым. А псори зыщыгугъ сэ си ныбжьыр илъэсиплI ирикъупатэкъым.
Ди анэшхуэ Фаризэт и пэшым щIэт хьэкушхуэм илъ мафIэр зэхэкIыжати, унэр упщIыIужат. Пхъэ къэхьын хуейт, ауэ ди анэшхуэр сымаджэт, ди адэ-анэр нэхумыщым лэжьакIуэ дэкIат.
ТIимошэ цIыкIу и пщэдджыжьышхэр гъэхуэбэжын хуейт, щIыIэу пхузыIуигъэ­хуэнутэкъым. Арати, Iуэхушхуэ къыс­пэщылът. Вовэ апхуэдиз ­гугъуехь пылътэкъыми сыгузавэртэкъым. Джэ­дыкIэ гъэва жыпIэми, чыржын, кхъуей, шатэ хъуми, хэплъыхь имыщIу, сытри абы ишхынут.
Ди анэр фэтыджэн хьэкукIэ пщафIэрт. Сабийхэр абы гъунэгъууи дыбгъэдигъэхьэртэкъым, мафIэс къэдгъэхъуным тешыныхьу.
Фэтыджэн хьэкур, къапщтэмэ, абы щыгъуэм къуажэдэсхэм я дежкIэ хьэпшып лъапIэт, дэтхэнэми къыхуэщэхуну щыттэкъым. Колхозым лэжьапщIэр гъавэкIэ иту арат - илъэскIэрэ улахуэ ялъагъуртэкъым. Дэ ди Iуэхур нэхъ тыншт: ди адэ-анэр школым щылажьэрти, ахъшэ гуэр къаIэрыхьэрт.
Хьэкур къызэщIэзгъэплъэхукIэ зэман куэд зэрыдэкIынур къызгурыIуэрт, ТIимоши гъынэнэн щIидзагъэххэт. Си щхьэм ­къихьащ - гъунэгъум есхьэкIынщи, шхыныр згъэхуэбэжынщи аращ, жысIэу. Вовэрэ ТIимошэрэ псынщIэу схуапэщ, шхыныр зэрылъ шыуан цIыкIур къэспхъуа­тэри, сыдэкIащ. АрщхьэкIэ гъунэгъухэми я пэшхьэкухэр упщIыIужат. Нэхъыжьхэр лэжьакIуэ дэкIат, сэ схуэдэ сабийхэм сыт къапыпхынт?!
Си Iуэхур къызэрызэмыхъулIам сринэщхъейуэ сыкъыдыхьэжащ. Сыт сщIэнт, хьэкум мафIэ исщIыхьыну и ужь сихьащ. Абы щхьэкIэ унащхьэм сыдэпщейуэ нартыху жэпкъ къесхьэхын хуейт. Абдеж къыщыщIидзащ а махуэм гъэщIэгъуэну къысщыщIахэм.
Унащхьэм нэгъуэщI фIыгъуэ куэди телъу къыщIэкIащ. Самэу зэтелът сэ­хураныщхьэхэри джэшри. Унащхьэ кIы­фIым и зы плIанэпэм, кхъуэщын щIагъым, тхьэрыкъуэхэм абгъуэхэр щаухуат, адрейм унэбзу цIыкIухэр дэст, ещанэм - жьындухэр, еплIанэм - хьэрхьупхэр. Унащхьэр зэхуагуэшами ярейт. Абгъуэхэм ­къиIущэщыкIырт кърашагъащIэ къуалэбзу шырхэр.
Гъавэмрэ нартыху жэпкъымрэ дзыгъуэр хищIати, жьындухэм ахэр къа­зэрыIэрыхьэу, я шырхэм хуахьырт. Ин хъуами, и щхьэхынагъэм е нэгъуэщI щхьэусыгъуэм къыхэкIыу абгъуэм къи­мылъэтыкIыу зы тхьэрыкъуэ шыр ­исти, ар къыздесхьэхащ. Хьэкум мафIэр щызэщIэзгъэнэху, ТIимошэ абыкIэ тезгъэуну си мурадт. Пэжуи, тхьэрыкъуэр къызэрыIэрыхьэу, абы зиущэхуащ.
НэгъуэщI зы гугъуехьи щыIэт а зэманым. МафIэдзыр гъуэтыгъуейт. Мазэм къриубыдэу зы пхъуантэ цIыкIу е тIу унагъуэм къаIэрыхьэу арат. Арати, щтаучым къыхезгъэх хъуаскIэкIэ мафIэ сщIыну сыхуежьащ. Бэлыхь зэрыстелъым си анэшхуэм гу щылъитэм, и щхьэнтэ щIагъым щIэIэбэри, зы мафIэдзыпэ фIэкIа зэрымылъыж пхъуантэ цIыкIур къыщи­гъуэтыжри къысхуишиящ. АбыкIэ схущIэмыгъанэмэ, мафIэншэу махуэ псом дыкъэнауэ арат.
Пэшхьэкум пхъэмрэ хьэуазэмрэ изгъэзагъэри, сызэрыщымыгугъауэ, си мурадыр къызэхъулIащ. ТIимошэ и пщэдджыжьышхэр зыфIэзгъэхьащ. Си анэ­ш­хуэри, сэри, Вови зы Iуэхугъуэшхуэ зэфIэдгъэкIам хуэдэу дыгуфIэрт.
АдэкIэ мурад сщIащ унащхьэм къис­ха тхьэрыкъуэр дэсхьеижыну. Нэхъы­щIэм бзум лей къытригъэхьэнкIэ шынагъуэ щыIэт. Абгъуэхэр зэхэзгъэгъуа­щэ хъунутэкъым. Къуалэбзухэм хамэ яфIэфIкъым. Тхьэрыкъуэр и абгъуэм изгъэтIысхьэжри, зэми сыпщу, зэми лъэ­гуажьэмыщхьэурэ, сызытеувэр сымы­лъагъуу, унащхьэ кIы­фIым сыщызекIуэрт. АрщхьэкIэ нартыху жэпкъ Iуащхьэм сы­къеджэрэзэхри, плIанэпэ нэхъ кIыфI дыдэм дэту къыщIэкIа зы дзэху гуэрым щхьэкIэ сеуащ. ЗыкъэсщIэжа нэужь, абы сиIэбащ, арщхьэкIэ быдэу зыгуэр ижыхьа фIэкIа зыри къысIэрыхьакъым. Нартыху жэпкъ­кIэ фIыуэ ситIыхьащ, зымащIэ дыдэ къыгуэзгъэхури, ар си Iэрылъхьэу унащхьэм сыпIащIэу сыкъехыжащ. Си Iэм IэщIэлът зы гъуабжафэ гуэр. Бжэ блыпкъхэр, IункIыбзэ къэбхэр, хьэмкIэшыгухэр щыулъиям деж щахуэу слъэгъуа дагъэ Iувым (тавотым) щыщ хуэдэт. Ар къыщызгурыIуэм, хыфIэздзэжри, си щхьэ Iуэху зесхуэу сежьэжащ.
Джэдкъазым я шхын естащ, ­къаз ­хъушэр Курпыпс схуащ. Шэджагъуэ­хуэкIуэу фIэкIа сигу къэкIыжакъым пщIантIэм «дагъэ Iувыр» къызэрыдэзнар.
СыкIуэрэ сеплъмэ, мо дыгъэ гуащIэм дэлъар пIащIэу зэбгрыжат, ауэ зэпышырт, и фэри хьэуазафэ-гъуэжьыфэ хъужат. Апхуэдэуи губгъуэ удз гъэгъа мэ гуа­кIуэр къыпихырт. КъызгурыIуэртэкъым бжьэхэри абы къепщIауэ и щхьэщыгум щIыщызелъатэр.
IэпхъуамбэмкIэ абы сыхэIэбэри себзеижащ. Фоуэ къыщIэкIащ ар. Абы сыщыгуфIыкIри, гъуаплъэ тепщэч цIыкIурэ сэрэ сIыгъыу тезгъэзащ унащхьэм. СэмкIэ аргуэру зы IыхьэфI къыгуэзгъэхури, сыкъежэхыжащ. Дыгъэм фор къыщызгъэтIатIэри, си къуэш цIыкIухэми абы щыщ езгъэшащ. Ди анэшхуэм зыкъедгъэщIакъым, ди адэ-анэм дажриIэжынкIэ дышынэри.
Махуэ щIагъуэ дэмыкIыу, апхуэдэу щэхуу унащхьэм сыдэкIуейуэ, фом щыщ къесхьэхырт. Зыми зыкъедмыгъащIэу илъэс ныкъуэ хуэдиз дэкIащ, щIымахуэр къэсащ. Фор зэкъуэшищым едгъэмэрэкIуэхырт. Си къуэш цIыкIухэр щIэупщIэххэртэкъым ар къыздисхым, яшх къудеймэ ядэрт.
Гъатхэр къэсри, Раздольнэм дэс ди адэшхуэм фо банкI къытхуигъэхьащ. Ди анэм дауэ дыхимыгъэзыхьами, ар ди щIэщыгъуэжтэкъыми, къызэрытфIэIуэхуа щыIэкъым. «ФыщыкIащ», - жиIэри, ди анэр увыIэжащ.
АрщхьэкIэ мыгувэу ди щэхур къыщIигъэщащ ТIимошэ. «Мишэ, фо къызэт!», «Мишэ, фо къызэт!» - жиIэурэ ар къыздэлъейрт.
«Сыт абыкIэ жиIэну зыхуейр?» - жаIэу, нэхъыжьхэм сыщыхагъэзыхьым, зыкъэзумысыжын хуей хъуащ. ЯжесIащ унащхьэм фо къызэрыщызгъуэтар икIи иджыри къэс абы щыщ щэхуу зэрытшхар.
Фор зэрылъыр апхуэдизкIэ хьэлъэти, зым и закъуэ къарукIэ къыпхуехьэхынутэкъым. Ди адэм абы Iэмал къыхуигъуэтащ: унащхьэ кIуэцIым щIэп кIапсэ щрищIэщ, абы фор зэрылъыр кIэрищIэри, дызэпекъуурэ ар къетхьэхащ. Зыми ямыщIэу къыщIэкIащ ар къыздикIар. Ди анэшхуэ Фаризэт хуигъэфэщащ: «Хэку зауэшхуэм и зэманым къуажэр щаубыдам щы­гъуэ пщIантIэм дэса нэмыцэхэр армырауэ пIэрэ ар къэзыгъэнар?!» - жыхуиIэу. Абы жиIэжу зэрыщытамкIэ, абы щыгъуэм и бынхэр и гъусэу унэшхуэм къыщIахури, ятIэ чырбышкIэ щIауэ пщIантIэм дэта лэгъунэлей лъахъшэ цIыкIум мазищкIэ щIагъэсат. ИужькIэ совет сэлэтхэр къуажэм къызэрыдыхьэр нэмыцэхэм щызэхахым, апхуэдизкIэ пIащIэу ахэр щIэпхъуэжати, унэм я хьэпшып куэд къыщIанауэ щытащ: бжэмышх, гуахъуэ, дзэху фалъэ, спирт зэрыт гъуху, IэфIыкIэ, нэгъуэщIхэри. Нэхъ лъапIэ дыдэу абыхэм къащыгъупщар фэ морэ дахэм кIуэцIыт патефонымрэ нэмыцэ маршхэмрэ сэлэт уэрэдхэмрэ ­зытет пластинкэ пщIы бжыгъэхэмрэт. ­Фаризэт ахэр илъэс куэдкIэ ихъумат, гуфIэгъуэ махуэхэм фIэкIа къыкъуимыхыу…
Къэдгъуэтыжа фор апхуэдизкIэ куэд хъурти, уеблэмэ ди гъунэгъухэми, благъэхэми, хьэщIэхэми, абы кърихьэлIэ псоми яIудгъэхуэну тхузэфIэкIащ. ­Вовэ нобэр къыздэсым Iэнэм фо темыту пхупэрытIысхьэнукъым.

КIэрашэ Михаил. ЗэзыдзэкIар Багъэтыр Луизэщ.
Поделиться:

Читать также: