ЗэIущIэхэр

НыбжьыщIэхэр ягъэгушхуэ

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ абы дэлажьэ Жылагъуэ советым и зи чэзу зэIущIэ.

Путин Владимир журналистхэм жэуап ярет

УФ-м и Президент Путин Владимир и 15-нэ пресс-конференц иныр эфир занщIэкIэ махуэку кIуам екIуэкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ мы Iуэхугъуэм хуащI гулъытэр гъэ къэс нэхъ ин зэрыхъур.

ТекIуэныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я мыхьэнэр ящымыгъупщэу

ЗэIущIэм хэтащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэ­хэм я архиепископ Феофилакт, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщI Дзасэжь Хьэзрэталий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ - КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм щIыпIэ унафэхэр зегъэкIуэнымкIэ и IэнатIэм и унафэщI Сарбашевэ Светланэ, Налшык къалэ округым и благочиннэ Бобылёв Валентин, депутатхэр, республикэм и министерствэхэм, районхэм я щIыпIэ администрацэхэм я лIыкIуэхэр, дин, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр, КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр, нэгъуэщIхэри.

Ямал

Дэфтэрым хоплъэ

Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм иджыблагъэ щедэIуащ щIыналъэм и бюджетыр 2020 гъэм, 2021 - 2022 гъэхэм зыхуэдэнум.

ЗэIущIэм хэтащ Бахъсэн щIыналъэм и прокурор Бэшорэ Аслъэн, щIыналъэ советым и депутатхэр, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, нэгъуэщIхэри.

Гъэсыныпхъэм епха шынагъуэхэмрэ абыхэм зэрызыщахъумэмрэ

Дыгъэгъазэм и 10-м Налшык къалэм дэт «Газпром газораспределение Нальчик» АО-м и унафэщIым и къуэдзэ - IуэхущIапIэм и инженер нэхъыщхьэ Тутыкъуэ Анзор яIущIащ журналистхэм. Ар тепсэлъыхьащ гъэсыныпхъэм епха шынагъуэхэмрэ абыхэм зэрызыщахъумэ щIыкIэмрэ.

КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэм

Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий Москва щригъэкIуэкIащ Урысейм и Президентым и деж Стратегие зыужьыныгъэмрэ лъэпкъ проектхэмкIэ щыIэ советым и президиумым и зэIущIэр. ВидеокIэ зызэпыщIэнымкIэ щыIэ Iэмалхэр къигъэсэбэпри, абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ

КъБР-м и Парламентым щытепсэлъыхьащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджетыр 2020, 2021 - 2022 гъэхэм ятещIыхьауэ» КъБР-м и Законым и проектым.

Тхыдэм и дерсхэр

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и япэ зэIущIэм щыжиIам щыщ

ЦIыхум гукъеуэ иIэмэ, зэман докIри, е щогъуп­щэж, е а гукъеуэр езым докIуэдыж. Ауэ лъэпкъым и фэбжьыр хъужыху, щIэб­лэм ягу ихуркъым. Дэ илъэс куэдкIэ цIыху­бэр къыхуедджащ, зэ­къуэ­шым хуэдэу, зым Iэ­пыхур зым къищтэжу, ­лъагъуныгъэр ди яку дэлъу дызэдэпсэуным. Иджыри а гъуэгум дытекIынукъым. Ауэ зэнэ­зэп­сэу узэдэпсэун щхьэ­кIэ, зыри щIумыхъумэу, блэкIа зэманми ифIри и Iейри пщымыгъупщэу щы­тын хуейщ.

ЛэжьапIэншэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэр

КъБР-м и Парламентым

КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьапIэ зимыIэу щыпсэухэм езым я Iуэху къызэрагъэпэщыжынымкIэ къэралыр зэрадэIэпыкъум.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр