ЗэIущIэхэр

КIуэкIуэ Казбек Хэку зауэшхуэм и ветеранхэм я щIэблэм яритыжащ я нэхъыжьхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэм я дэфтэрхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щаIущIащ Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта ди лъахэгъухэм я Iыхьлыхэм. Зауэ зэманым къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу и чэзум яIэрыхьэжауэ щытакъым цIыху куэдым. Зэрахьа лIыхъужьыгъэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэр зауэлIхэм зэрыратам теухуауэ къагъуэтыжа тхылъхэм япкъ иткIэ щхьэж хуагъэфэщар зейхэм яIэрыгъэхьэжыным хуэгъэза лэжьыгъэ йокIуэкI.

КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм щыщу Хэку зауэшхуэм хахуэу хэтахэм я унагъуэхэм яритыжащ я нэхъыжьхэм къыхуагъэфэщауэ щыта дамыгъэ лъапIэхэм я дэфтэрхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Бахъсэн къалэм, Бахъсэн, Iуащхьэмахуэ, Дзэлыкъуэ щIыналъэхэм икIыу Хэку зауэшхуэм кIуахэм ящыщу цIыху 40-м къыхуагъэфэща дамыгъэ лъапIэхэр лIыхъужьхэм я унагъуэхэм щаритыжа зэIущIэ.

Рахаев Борис журналистхэм инвестицэ проектхэм яхутопсэлъыхь

КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм щекIуэкIащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм и лIыкIуэхэр зыхэта онлайн-брифинг. Абы щытепсэлъыхьащ республикэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэм ехьэлIа Iуэхухэм, лъэпкъ инвестицэ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэм, пандемием и лъэхъэнэм хьэрычэт IэнатIэм зэрызыщIагъакъуэ щIыкIэм, нэгъуэщI зи чэзу Iуэхухэм.

Политик Iущ Невский Александр теухуауэ

КъБР-м и Парламентым видеоконференц мардэм тету иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Невский Александр илэжьар тхыдэм къызэрыхэнам, цIыхубэм зэращапхъэм.

ДыщэкI Эртан: Ди ехъулIэныгъэхэм я хэкIыпIэр Хэкум худиIэ пыщIэныгъэхэрщ

Тыншкъым хамэщIым адыгагъэр щыпхъумэну, анэдэлъхубзэр щыпIу­рылъыну, хабзэр щызепхьэну. Апхуэдэу щытми, Европэм щыпсэу адыгэхэм зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ «адыгэщ» жезыгъэIэ нэ­щэнэ нэхъыщхьэхэр.
XVII - XVIII лIэщIы­гъуэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм зэбгрипхъа ди лъэпкъэ­гъухэр Европэм и къэрал зыбжанэм щопсэу. Нэхъыбэр зэрысыр Германиерщ. КъуэкIыпIэ Гъунэ­гъум ис адыгэхэм къатепщIыкIауэ аращ европей адыгэхэр, илъэс 30 - 40 ипэкIэ лэжьыгъэ, псэукIэ тынш къалъыхъуэу а къэралхэм Iэп­хъуауэ.

Аширов Денис щIалэгъуалэм я хьэщIащ

«Мэшыкъуэ»-2020

Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэр хабзэ хъуауэ щызэхуэс «Мэшыкъуэ» форумым иджыблагъэ и хьэщIащ Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ цIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэм ЩIалэгъуалэ политикэмкIэ и департаментым и унафэщI Аширов Денис.

АдыгэлI нэсым и щапхъэ

Кукэнэ Мурат 1950 гъэм мазаем и 12-м Адыгэ Республикэм и Тохъутэмы­къуей жылэм, Кукэнэ Рашидрэ Зулихърэ я уна­гъуэм, къыщалъхуащ.

Щэнхабзэм и лъэмыж

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу фэеплъ зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр.

ИлъэсыщIэм нэхъыфIу пежьахэр

Налшык къалэ округым и унэ гупэхэмрэ абджыпс IуплъапIэхэмрэ (витринэхэмрэ) илъэсыщIэм нэхъ дахэу хуэзыгъэхьэзырахэм я деж щрагъэкIуэкIа зэпеуэм кърикIуахэм иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм щыхэплъэжащ.

Тхыдэдж щэджащэм и щIэиныр

Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым иджыблагъэ щекIуэкIащ щIыналъэпсо щIэныгъэ конференц. «Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ епха Iуэхугъуэхэр» фIэщыгъэр зиIа зэхуэсыр ирагъэхьэлIат КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор Къэжэр Валерэ Хьэшыр и къуэр къызэралъхурэ илъэс 70 щрикъуам.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр