ЗэIущIэхэр

ГъащIэ узыншэм хуаущий

КъБР-м щыIэ УФСИН-м Шэджэм районымкIэ и уголовнэ-гъэзэщакIуэ инспекцэ къудамэм и лэжьакIуэхэр хэтащ «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» урысейпсо Iуэхум.

КIыщокъуэ Алим и гуащIэр и лъабжьэу

Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал щIэныгъэхутэ институтым щекIуэкIащ «А. П. Кешоков и современное гуманитарное пространство» урысейпсо щIэныгъэ-практикэ конференцыр. Ар къызэрагъэпэщащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

КъБКъУ-м лъэпкъ Iуэхухэм щытопсэлъыхь

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым жэпуэгъуэм и 16 - 18-хэм щызэхэтащ «УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм къэрал лъэпкъ политикэр зэрыщагъэзащIэ щIыкIэр» семинарыр. Ар щыщщ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ Ломоносов М. В. и цIэр зезыхьэ Москва къэрал университетымрэ къыхалъхьа проектым.

Терроризмэм пэщIэтынымкIэ цIыхубэр къаруушхуэщ

Бахъсэн къалэм и жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ  щытащ терроризмэм пэщIэтынымкIэ граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зэфIагъэкI Iуэхухэм. Псалъэмакъым и пэщIэдзэм абы кърихьэлIахэр еплъащ террористхэм ягъэжэкъуа ди цIыхухэм ятеухуауэ Суановэ Залинэ триха фильмым.

ХэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж

Мэлбахъуэ Тимборэ  и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм республикэм и щыхьэрым и курыт еджапIэ №8-м  и школакIуэхэмрэ Налшык къалэ администрацэм дэлажьэ  ЩIалэгъуалэ советым и волонтёрхэмрэ щахуэзащ полицэм и къудамэ №1-м  балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ Яковлевэ Галинэрэ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Хьэмырзэ Хьэзэрталийрэ. ЗэIущIэм хэтащ  къалэ администрацэм  Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI пэрыт ГъукIапщэ Линэ.

IэнатIэ гугъум пэрытхэр

Урысей гвардием КъБР-м щиIэ  къудамэм и хэщIапIэм иджыблагъэ Iуэху дахэ щызэхэтащ  - ОМОН-м и махуэр ягъэлъэпIащ.

Зи IэщIагъэм хуэIэижь къегъэлакIуэхэр

МафIэс-къегъэлакIуэ спортымкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым махуищкIэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Максимчук Владимир Михаил и къуэм и фэеплъу.

Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэмрэ ЕгъэджакIуэм и махуэм ирихьэлIэу «Гум и щIалэгъуэ» фIэщыгъэр зиIа пшыхь Налшык къалэ щрагъэкIуэкIащ. Ар щызэхэтащ Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм.

«Хахуагъэм папщIэ» медалхэр яритащ

КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал-лейтенант Ромашкин Игорь «Хахуагъэм папщIэ» медалхэр яритащ республикэ УГИБДД-м и лэжьакIуитIым.

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

Мы гъэм шыщхьэуIум и 27-м Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ  Управленэм и плъыр частым зыхуигъэзащ илъэс 42-рэ зи ныбжь цIыхухъум.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр