18 сентября, 2019 - 05:05
«Адыгэхэм я махуэр Бахъсэн районым и къуажэхэм фокIадэм и 20-м щагъэлъэпIэнущ, къыкIэлъыкIуэ щэбэт махуэм Налшык и ипподромым Бахъсэн район муниципалитетым и жэрдэмкIэ шыгъажэшхуэ щрагъэкIуэкIынущ», - къыщыхигъэщащ район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур щIыналъэм и унафэщIхэмрэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэмрэ я зэIущIэм.
Къызэхуэсахэм зэпкърахащ иджыпсту къэув къалэн нэхъыщхьэхэр: бюджет ахъшэр къызэрагъэсэбэпыр, мэкъумэш щIапIэхэр бэджэнду зэратым пэкIуэ ахъшэр къызэрыхахыр, къуажэхэр зэIузэпэщ зэращIыр.
11 сентября, 2019 - 05:20
КъБР-м и Правительствэм
КъБР-м и Правительствэм хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. Абы Iуэхугъуэ 18-м щыхэплъащ.
4 сентября, 2019 - 05:19
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щыщ щIалэгъуалэ гуп иджыблагъэ хэтащ АНО-м (Автономнэ мыкоммерцэ зэгухьэныгъэ) къыхилъхьа проект пашэхэм ящыщу «Урысейр Iэмалхэм я къэралщ» зэпеуэм и щIыналъэпсо Iыхьэм. Владикавказ щекIуэкIа а зэхьэзэхуэм щытекIуахэм яхэхуащ ди лъахэгъухэр.
4 сентября, 2019 - 05:17
Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унэм иджыблагъэ щызэхэтащ Iэтащхьэм и нэIэм щIэту лажьэ коллегием и зэIущIэ. Район администрацэм и пресс-IэнатIэм и унафэщI Чылар Аринэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, абы щытепсэлъыхьащ мы гъэм курыт школыр къэзыухахэм ята къызэрыщIэкI къэпщытэныгъэхэм къарикIуахэмрэ щIыпIэм щылажьэ школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырымрэ.
30 августа, 2019 - 05:10
Хабзэ хъуауэ, мы лъэхъэнэм дэнэкIи щокIуэкI шыщхьэуIу зэIущIэхэр. Республикэпсо пленарнэ зэхуэсышхуэм и пэ къихуэу ди щIыналъэм щызэхашэ район егъэджэныгъэ IэнатIэхэм къызэщIаубыдэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм я зэхыхьэхэр. 2019 - 2020 гъэ еджэгъуэщIэм ирихьэлIэ апхуэдэ зэхуэсхэм щыхоплъэж илъэс блэкIам яIа ехъулIэныгъэхэмрэ зыхунэмысахэмрэ, лъэхъэнэщIэм зэфIахыну лэжьыгъэхэр щаубзыху, мурадыщIэхэр къагъэнахуэ.
9 августа, 2019 - 05:20
Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м щыIэм и коллегием и зэIущIэм 2019 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэм щыхэплъэжащ, етIуанэ илъэс ныкъуэм гу нэхъ зылъытапхъэхэр щаубзыхуащ.
9 августа, 2019 - 05:02
ЛитературэмкIэ Нобель саугъэтыр зыхуагъэфэща, зи тхыгъэхэр бзэ тхущIым щIигъукIэ зэрадзэкIа тырку тхакIуэ цIэрыIуэ Памук Орхьан и «Рыжеволосая женщина» романыр 2017 гъэм япэу урысыбзэкIэ къыдэкIащ. Толстой Лев и лэжьыгъэхэм Памук зэрыдахьэхыр къалъытэри, и щIэблэм ар Москва ирагъэблэгъащ икIи Лениным и цIэр зезыхьэ къэрал библиотекэм абы и тхылъым и лъэтеувэ пшыхь щращIэкIащ. ЗэIущIэ гъэщIэгъуэным зригъэхьэлIащ режиссёр, киноактрисэ, композитор, драматург, сценарист Жэман Iэминэ.
24 июля, 2019 - 05:17
КъэхъукъащIэ къызэрымыкIуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр медицинэ центрым щрагъэкIуэкI зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. ЩытыкIэм зыщигъэгъуэзэну иджыблагъэ абы щыIащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат.
26 июня, 2019 - 05:15
Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим иригъэкIуэкIащ и къуэдзэхэмрэ IуэхущIапIэм и къудамэхэм я унафэщIхэмрэ зыхэт ЗэзыгъэуIу советым и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ къалэм псы къыщIэшыпIэу иджыри щы щыухуэным, апхуэдэу щIыпIэм псыщIэгъэлъадэр къанэ щымыIэу щызэфIэгъэувэжыным егъэщIылIауэ зэфIагъэкIыпхъэхэм.
21 июня, 2019 - 05:10
Бахъсэн районым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и къуажэ щIыналъэхэм комплекснэу зегъэужьыным теухуа зэIущIэшхуэ.
Страницы