|
ЗэIущIэхэр
19 июня, 2019 - 05:10
ЩIыпIэ самоуправленэмкIэ советым и 30-нэ сессием и лэжьыгъэм хэтащ щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, районым и прокурор Башорэ Аслъэн, КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министрым и къуэдзэ Къанэмэт Рустам, депутатхэр, нэгъуэщIхэри.
19 июня, 2019 - 05:10
КъБР-м Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ, министерствэм, балигъ мыхъуахэр кIэлъыплъыныгъэншэу къэмынэным, хабзэр къыщызэпауд къэмыгъэхъуным кIэлъыплъ IэнатIэхэм ящIыгъуу, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэм илъэс ещанэ хъуауэ къыщызэрегъэпэщ я учётым щыт, зыхуей хуэмызэ ныбжьыщIэхэм загъэпсэхуныр. Къапщтэмэ, «Лидер» зыфIаща сменэм нэгъабэ щыIащ республикэм и район зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ сабий 70.
5 июня, 2019 - 05:07
Бахъсэн къалэм и паркыр зэIузэпэщ щIынымкIэ проектыр урысейпсо конкурсым хэтащ икIи абы зэрыщытекIуам папщIэ сом мелуан 85-рэ къыхуагъэфэщащ.
24 мая, 2019 - 05:15
Бахъсэн къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и конференц-пэшым щекIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ Махуэгъэпс тафэ хэIэтыкIам тхыдэ-щэнхабзэ заповедник къыщызэгъэпэщыным икIи Къэбардэ Тамбий щыщIалъхьа Iуащхьэм абы и цIэр зытет мывэ сын щыгъэувыным.
1 мая, 2019 - 05:00
КъухьэпIэ-Каспий псыгуэн округым и Бассейн советым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм щригъэкIуэкIащ абы и унафэщI Курбанчиев Гусейн.
26 апреля, 2019 - 05:12
Мэздэгу щIыналъэм щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» фIэщыгъэр зиIэ лъахэдж гъэлъэгъуэныгъэр. КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм къызэригъэпэща махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэу ягъэуват Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, Мэздэгу щIыналъэм щыпсэу щIалэгъуалэм ди республикэм и тхыдэм, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм теухуа я щIэныгъэм хэгъэхъуэныр.
17 апреля, 2019 - 05:05
Телевидением зегъэужьынымкIэ республикэр лъэхъэнэщIэм зэрыхыхьам и дамыгъэ Iуэху Налшык дэт радиотелецентрым щекIуэкIащ. А махуэм КъБР-м и щIыналъэм щагъэувыIащ аналоговэ вещанэр икIи бжыгъэхэр зи лъабжьэ телевиденэм щыхуэкIуащ.
12 апреля, 2019 - 05:20
Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и хабзэхъумэ IэнатIэхэм щылажьэу щIэпхъаджащIэхэм яIэщIэкIуэдахэм я фэеплъ зэхьэзэхуэ IэпщэрызауэмкIэ Налшык щекIуэкIащ. «ЩIалэгъуалэр терроризмэм и бийщ» фIэщыгъэм щIэта Iуэхугъуэм и къызэгъэпэщакIуэу щытащ Урысей МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиIэ управленэ нэхъыщхьэр. Ар диIыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм.
10 апреля, 2019 - 05:17
Налшык къалэ дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм мэлыжьыхьым и 8-м щекIуэкIащ акушер-гинекологхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и школым и зэIущIэ.
10 апреля, 2019 - 05:17
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным пыщIа Iуэхухэр дэгъэкIыныр зи пщэ дэлъ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэу ягъэуващ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталий. Абы теухуа унафэм мэлыжьыхьым и 8-м Iэ щIидзащ УФ-м и Премьер-министр Медведев Дмитрий. КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и Iэтащхьэу и къуэдзэщ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
Страницы
|