ЗэIущIэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым IуэхукIэ къэкIуащ Урысейм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин Максим

КъБР-м махуитIкIэ щыIащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин М. А. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений сымэ щIыгъуу Топилин Максим къызэхикIухьащ социальнэ IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэ зыбжанэ - КъБР-м Медико-социальнэ экспертизэмкIэ и бюро нэхъыщхьэр, Яныкъуей къуажэм дэт психоневрологие интернатыр.

Сабий сымаджэщхэр зэхагъэхьэж

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат Iэ тридзащ республикэ сабий клиникэ сымаджэщым (РСКС) и къудамэ зыбжанэ зэрызэгуагъэхьэм теухуа унафэм. Абы ипкъ иткIэ, сымаджэщым и къудамэщIэхэм лэжьэн щIадзэнущ 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м.

Я лэжьыгъэр къапщытэж

Урысей МЧС-м и Iэтащхьэ Зиничев Евгений лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Ставрополь крайм и Железноводск къалэм. Абы щригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщапщытэжащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым КъэхъукъащIэ шынагъуэ къэмыгъэхъунымкIэ, абыхэм я Iэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ зыуэ щыт къэрал IэнатIэм (РСЧС) илъэс кIуам и лэжьыгъэм кърикIуахэр. Апхуэдэуи абы щаубзыхуащ 2019 гъэм къапэщыт къалэнхэр.

УсакIуэшхуэр ягу къагъэкIыж

Хабзэ хъуауэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ КIыщокъуэ Алим дунейм щехыжам ирихьэлIэу, пэкIу щекIуэкIащ Налшык щыхуагъэува и фэеплъым деж. Абы щызэхуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, тхакIуэр зыцIыхуу щытахэр, и къуажэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр. ПэкIур къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным теухуа семинарым

УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ, УФ-м и Правительствэм и аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Кириенкэ Анатолий сымэ Москва щрагъэкIуэкIащ «Узыншагъэр хъумэныр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм теухуа семинар. Абы ирагъэблэгъащ къэралым и субъектхэм я гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэу 5 япэ итхэм яхэхуащ

ЕпщIанэ Гайдаровскэ зэхыхьэшхуэм хиубыдэу экспертхэр тепсэлъыхьащ дуней псом елъытауэ Урысейм и щIыналъэхэм яIэ демографие щытыкIэм. КъызэрыщIэкIамкIэ, Урысейм и щIыналъэхэр апхуэдизу зэщхькъыми, я зэщхьэщыкIыныгъэхэр къэрал зызыужьахэмрэ  зыужьыныгъэм и гъуэгум теувагъащIэ­хэм­рэ яку дэлъым хуэдизу жыпIэ хъунущ.
 

Къалэхэр зэIузэпэщ щIыным теухуа зэIущIэ

КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI. иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и деж «Къалэр иджырей псэукIэм хуэгъэпсыныр» проектыр гъэзэщIэнымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ а проектыр республикэм щыпхыгъэкIынымкIэ 2018 гъэм зэфIагъэкIахэм. ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, нэгъабэ республикэм пщIантIэ 90 зэIузэпэщ щащIащ, апхуэдэу цIыхухэр щызэхуэс щIыпIэу 21-рэ, къалэ мыину 4-м я паркхэр зыхуей хуагъэзащ. Мы лэжьыгъэм ипкъ иткIэ 2019 гъэм ятыну субсидиехэр муниципальнэ щIыналъэхэм зэрытрагуэшэнур яубзыхуащ.

Сабийхэм я псэукIэм зыщагъэгъуазэ

Хабзэ дахэ хъуауэ, КъБР-м и Парламентым и депутатхэр ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу яIуощIэ  республикэм и школ-интернатхэм, сабий унэхэм я гъэсэнхэм.

КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и хэхыгъуэщIэм хэтхэм

КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и еплIанэ хэхыгъуэм и япэ пленар зэIущIэм. Республикэм и унафэщIыр чэнджэщэгъу органым хэтхэм ехъуэхъуащ еплIанэ хэхыгъуэр тэмэму къызэрызэрагъэпэщамкIэ икIи адэкIэ лэжьыгъэфI яIэну зэригуапэр къыхигъэщащ.

 

Лэжьыгъэр яубзыху

Дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж щылажьэ Эксперт советым и япэ зэIущIэр. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий икIи советым хэтхэмрэ зэIущIэм кърихьэлIахэмрэ кIэщIу Iуэхум хигъэгъуэзащ.

 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр