КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ «Узыншагъэр хъумэн» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным теухуа семинарымУФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Скворцовэ Вероникэ, УФ-м и Правительствэм и аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Кириенкэ Анатолий сымэ Москва щрагъэкIуэкIащ «Узыншагъэр хъумэныр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным пыщIа Iуэхухэм теухуа семинар. Абы ирагъэблэгъащ къэралым и субъектхэм я гъэзэщIакIуэ орган нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэр. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек. Лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным хуэгъэзауэ КъБР-м щызэхалъхьащ щIыналъэ программэу хы: «Медико-санитар дэIэпыкъуныгъэм зегъэужьыныр», «Гу-лъынтхуэ узыфэхэм япэщIэтыныр», «Сабийхэм я узыншагъэр хъумэным зегъэужьыныр, сабийхэм иджырей медицинэ дэIэпыкъуныгъэ зэрырат инфраструктурэ зытегъэувэныр», «Онкологие узыфэхэм япэщIэтыныр», «Узыншагъэр хъумэнымкIэ къэрал информацэ системэ зэгуэт зытегъэувэныр и лъабжьэу узыншагъэр хъумэным хуэгъэза бжыгъэ технологиехэр къызэгъэпэщыныр», «Узыншагъэр хъумэным пыщIа медицинэ IуэхущIапIэхэр щIэныгъэ куу зиIэ лэжьакIуэхэмкIэ къызэгъэпэщыныр».
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
25.09.2026 - 12:26 →
Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ
16.09.2026 - 14:16 →
Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм яIущIащ
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
| ||




