ЗэIущIэхэр

Псыхъурейрэ Кубарэ щыIащ

Бахъсэн  щIыналъэ

Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур, и къуэдзэхэр и гъусэу, районым хыхьэ Псыхъурей, Куба къуажэхэм дэт социальнэ IуэхущIапIэ зыбжанэм щыIащ.

Къуажэхэр зыхуей хуэгъэзапхъэщ

Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур иригъэкIуэкIащ зи чэзу зэIущIэ.

Политик ныбжьыщIэхэр

КъБКъУ-м Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджэныгъэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм гъатхэпэм и 1 - 3 махуэхэм зэхыхьэ ин щекIуэкIащ. «УнэтIакIуэ» республикэ Iуэхум хэтащ ныбжьыщIэ 80-м щIигъу.

Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр ягъэлъапIэ

Анэдэлъхубзэм и махуэм ирихьэлIэу зэIущIэ гъэщIэгъуэн щрагъэкIуэкIащ Налшык къалэ дэт «ДыгъафIэ къалэ» лицейм. Абы кърихьэлIат Адыгэ Республикэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист, композитор цIэрыIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI, усакIуэ Ацкъан Русланрэ.

ЛIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ

Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ.

Армеец ныбжьыщIэхэм я щIыналъэ зэхуэс

Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм къыщызэIуахащ ар­меец ныбжьыщIэхэм я урысейпсо ­жы­лагъуэ зэщIэхъееныгъэм и IV щIыналъэ слётыр. Абы ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и еджакIуэ ныб­жьы­щIэу 100-м щIигъу зэщIэ­хъее­ныгъэм хагъэхьащ.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

ЛIыхъужьхэм пщIэ хуащI

Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъуам теухуауэ Бахъсэн къалэм пэкIу щекIуэкIащ.

Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм зыужьыныгъэщIэ ягъуэтынущ

Мазаем и 14 - 15-хэм Сочэ къалэм щекIуэкIа инвестицэ зэхыхьэшхуэм нэхъ зыубгъуауэ хэтахэм ящыщщ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» акционер зэгухьэныгъэр. Абы къыхилъхьа проект нэхъыщхьэхэр теухуащ «Архъыз», «Iуащхьэмахуэ», «Ведучи» курортхэм 2019 - 2021 гъэхэм зегъэужьыным.

Гъэсыныпхъэр лъапIэ щIэхъуар сыт?

КъБР-м Инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм дыгъуасэ щытепсэлъыхьащ республикэм гъэсыныпхъэм и уасэм щIыщыхагъэхъуам.

Гулъытэ зыхуащIыну Iуэхухэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм хэтащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ и министр Топилин Максим, лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Бабушкин Игорь, федеральнэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къикIахэр.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр