КъБР-м щыIэ МВД-м къет

Сом 81970-рэ хъу хэщIыныгъэ

Мы гъэм шыщхьэуIум и 27-м Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ  Управленэм и плъыр частым зыхуигъэзащ илъэс 42-рэ зи ныбжь цIыхухъум. Щхьэусыгъуэр жэщым «Лада-Приора» и автомашинэм ахъшэрэ и тхылъхэмрэ, апхуэдэуи банк карточкэ зэрырадыгъукIарт. БзаджащIэм ар къигъэсэбэпри, сом 58470-рэ карточкэм кърихащ. Псори зэхэту сом 81790-рэ хъу хэщIыныгъэ игъуэтат зэдыгъуам.
 

Къалэ Управленэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм фокIадэм и 15-м яубыдащ шэч зыхуащIыр. Ар нэхъапэми суд зытращIыхьа, Бахъсэн къалэм щыпсэу щIалэщIэщ. Абы илэжьамкIэ зиумысыжащ,  къищынэмыщIауэ, къыщIэщащ апхуэдэ щIэпхъаджагъэу щым зэрыпыщIар.
Уголовнэ Iуэху къаIэтащ.

ЩIалэщIэхэм заумысыжащ

Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щыIэ и къудамэм  зыхуэзыгъэза сэрмакъдэсым зэрыжиIамкIэ, и унагъуэр зэщIыгъуу гъунэгъу районым гуфIэгъуэ Iуэху хэтауэ къыщагъэзэжам, я унэм компьютеррэ хьэпшып гуэрхэмрэ, псори зэхэту сом мини 193-рэ и уасэ, щIадыгъукIауэ кърихьэлIэжащ.

Къудамэм уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м и УР-м и оперативникхэмрэ  мы гъэм фокIадэм и 14-м яубыдащ шэч зыхуащI дыгъуакIуэхэр. Ахэр илъэс 20 - 25-рэ зи ныбжьщ, лей зытехьам и къуажэгъу щIалищщ. Абыхэм заумысыжащ, унагъуэм зыри зэрыдэмысыр къагъэсэбэпу, зэрыдыгъуамкIэ.
Ядыгъуар къытрахыжащ. Уголовнэ Iуэху къаIэтащ.

ДыгъуакIуэр хамэтэкъым

2019 гъэм фокIадэм и 11-м Налшык къалэм щыIэ УМВД-м и плъыр частым зыкъыхуигъэзащ цIыхухэм я узыншагъэм щеIэзэ IуэхущIапIэхэм я зым и унафэщIым. ЦIыхухъум зэрыжиIамкIэ, жэщ-махуэм къриубыдэу абы и лэжьапIэ пэшым щIэкIуэдыкIащ сом мин 280-рэ.

Управленэм и полицэ къудамэ №1-м уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм шэч зыхуащI дыгъуакIуэр яубыдащ. Ар илъэс 24-рэ зи ныбжь налшыкдэсщ. Дыгъуар а IуэхущIапIэм и лэжьакIуэу щытащ икIи ар  махуэм къэкIуат Iэмал имыIэу зыхуей тхылъхэр къищтэжыну. УнафэщIыр и пэшым къызэрыщIэкIар щилъагъум, цIыхубзым а дакъикъэхэр къигъэсэбэпри, ахъшэр къищтащ.
Идыгъуам щыщ Iыхьэр къыIэщIахыжащ. Уголовнэ Iуэху къаIэтащ.

Къэралым къыщалъыхъуэрт

ФокIадэм и 11-м къриубыдэу Урысей МВД-м и «Бахъсэн» къудамэм и УР-м и лэжьакIуэхэм яубыдащ къэралым къыщалъыхъуэ бахъсэндэсхэу цIыхухъуитIрэ зы цIыхубзрэ.
Абыхэм шэч хуащI нэгъуэщI щIыналъэхэм щыдыгъуауэ.

Урысей Федерацэм и УК-м и 158-нэ статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыгъэлъэгъуа щIэпхъаджагъэр (дыгъуэн) илэжьауэ яубыдащ мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа,  илъэс 23-рэ зи ныбжь бахъсэндэсыр. ЩIалэщIэр къилъыхъуэрт Урысей МВД-м Москва къалэм щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм.
А махуэ дыдэм полицейхэм яубыдащ зэрыдыгъуам къыхэкIыу къэралым къыщалъыхъуэ, нэхъапэми мызэ-мытIэу суд зытращIыхьа, илъэс 33-рэ зи ныбжь цIыхухъур. Ар къилъыхъуэрт Урысей МВД-м и Управленэу Красногорск къалэм щыIэм и Следственнэ управленэм.
ИужьыIуэкIэ яубыдащ нэхъапэм суд зытращIыхьа,  илъэс 48-рэ зи ныбжь цIыхубзыр, Урысей МВД-м и Управленэу Санкт-Петербург къалэм и Приморскэ районым щыIэм къилъыхъуэр.

Уэрдокъуэ Женя.
Поделиться: