|
ЗэIущIэхэр
8 августа, 2021 - 09:44
ШыщхьэуIум и 4-м «Вечерняя Москва» газетым и редакцэм web-семинар щекIуэкIащ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэм папщIэ.
7 августа, 2021 - 14:55
«Моё детство - война» урысейпсо зэпеуэр ирагъэжьащ. Абы хэтыну ирагъэблагъэ журналистхэр, тхыдэджхэр, егъэджакIуэхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, волонтёрхэр - Урысейм исхэмрэ хамэ къэрал щыпсэу ди хэ- куэгъухэмрэ.
7 августа, 2021 - 13:44
КЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм и Iэтащхьэм и нэIэ щIэту йокIуэкI курыт школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуагъэхьэзырыр. ИджыкIэ школи 176-мрэ сабий IыгъыпIэу 134-мрэ къагъэщIэращIэ, зэлъыIуах. КъищынэмыщIауэ, IэщIагъэлIхэм къапщытэ зэрырагъаджэ тхылъхэмрэ щIэныгъэ-педагогикэ литературэкIэ школхэр зэрыхуэщIар.
7 августа, 2021 - 11:41
АДЫГЕЙ. "Узыншагъэр хъумэн" лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ мы махуэхэм Адыгэ Республикэм къыIэрыхьащ "Диагностика" мобильнэ зыщагъэхъуж-узыншагъэр къыщапщытэ комплекс (МЛПК).
5 августа, 2021 - 07:35
"Территория смысла" урысейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэр и гуащIэгъуэу йокIуэкI. Ар мы гъэм къыщызэрагъэпэщащ Солнечногорск къалэм. Абы хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэгъуалэ гупи.
Адрей гъэхэм хуэмыдэу, 2021 гъэм лIэужьыгъуитIу зэхэтщ форумыр. Абы и сэбэпкIэ зэхыхьэм ныбжьыщIэ нэхъыбэ къыхэша хъунущ, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэр къэунэхунущ.
4 августа, 2021 - 13:35
Иджыблагъэ Къэзан щекIуэкIащ «Урысейр ислъамым и дунейщ: KazanSummit 2021» экономикэмкIэ XII-нэ дунейпсо зэхыхьэр. Ар къыщызэрагъэпэщащ «Казань Экспо» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ центрым.
1 августа, 2021 - 08:15
«Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и лэжьакIуэхэмрэ республикэм къыщыдэкI газет нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ IэнатIэхэм яку дэлъ зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным.
31 июля, 2021 - 08:28
Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александр бадзэуэгъуэм и 29-м Пятигорск къалэм щригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуа зэIущIэ.
31 июля, 2021 - 07:25
Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим. Абы щыIущIам КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек министрыр щыгъуазэ ищIащ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм и ехъулIэныгъэхэм, «Налшык» курортым зэрызрагъэужьынум и мастер-планым.
30 июля, 2021 - 13:24
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ щIыналъэм 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну щIыкIэр убзыхуным теухуа зэIущIэ.
Страницы
|