ЗэIущIэхэр

Гъуэгу зэпэщхэм гъащIэр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Пятигорск къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ГъуэгухэмкIэ федеральнэ агентствэм и уна­фэщI Новиков Роман.

Псы къабзэр Бахъсэн щIыналъэм и жылагъуэ куэдым ялъэIэсынущ

Урысейм и Правительствэм Бахъ­сэн Iуфэм Iус жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным трагъэкIуэдэн папщIэ сом мелардитIым щIигъу ­къиутIыпщынущ. Абы теухуа заяв-кэр махуитI япэкIэ Москва щыпхигъэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм, УФ-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат жэпуэгъуэм и 21-м иригъэкIуэкIам, щыдаIыгъащ километр 77-рэ зи кIыхьагъ бжьамий псы жапIэ Бахъсэн районым щыухуэнымкIэ инфраструктурэ проект иныр икIи абы папщIэ федеральнэ бюджетым и ­бюджет кредиту сом мелард 2,1-рэ КъБР-м хухэхыныр.

Нартыху бэв кърахьэлIэ

Урысейм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министр Патрушев Дмитрий видеоконференцым и Iэмалыр къигъэсэбэпри, мы гъэм гъавэу Iуахыжамрэ ахэр зыхуей зэрыхуагъэзамрэ теухуа зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. 

Хъумэн, зегъэужьын, егъэфIэкIуэн

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и XIII зэхуэсыр иджыблагъэ Налшык къалэ ще­кIуэкIащ. 

«Сыт пощтыр зищIысыр?»

Къэбэрдей-Балъкъэрым и пощт лэжьакIуэхэм Письмом и дунейпсо тхьэмахуэмрэ Пощтым и дунейпсо ­махуэмрэ ирихьэлIэу зэIущIэ хьэ­лэмэтхэр щрагъэкIуэкIащ республикэм и курыт школхэм.

ЕгъэджакIуэхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Парламентым щагъэ­лъэпIащ «Урысейм и егъэджакIуэ нэхъыфI» урысейпсо зэпеуэм илъэс блэкIахэм щытекIуа егъэджакIуэхэр. Ахэр гуапэу къригъэблэгъащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

Iуэхугъуэ купщIафIэхэр къапэщылъщ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр къызэрызэIуаха зэIущIэм депутатхэр щедэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2021 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэзэщIам теухуауэ КъБР-м и Правительствэм ищIа отчётым.

КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ зэрыжиIамкIэ, республикэ бюджетым и хэхъуэр сом мелард 21-рэ мелуан 938,3-кIэ ягъэзэщIащ, къигъэсэбэпар сом мелард 21-рэ мелуан 269,4-рэщ. Профицитыр сом мелуан 668-рэ мэхъу.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2021 гъэм и бжьыхьэм цIыхухэр дзэм къулыкъу щащIэну
гъэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ
 
«Дзэ къулыкъумкIэ къалэнхэмрэ дзэм ­къулыкъу зэрыщащIэмрэ я IуэхукIэ» Феде­ральнэ законым тету икIи 1994 - 2003 гъэхэм къалъхуахэу зи ныбжьыр илъэс 27-рэ иримы­къуахэр икIи запасым щымыIэхэр 2021 гъэм и бжьыхьэм дзэм къулыкъу щащIэну гъэкIуэныр къызэгъэпэщын мурадкIэ унафэ сощI:
1. Къэщтэн мы Указым щIыгъухэу:

Бжьыхьэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и бжьыхьэ лэжьэгъуэр фокIадэм и 30-м къызэ­Iуахащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ я экономикэм ехьэлIа Iуэхухэр

УФ-м и Правительствэм и ЗэзыгъэуIу центрым къэралым и вице-премьер Новак Александр щригъэкIуэкIа зэIущIэм республикэхэм я Iэтащхьэхэу КIуэкIуэ Казбекрэ Меликов Сергейрэ къыщыхалъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Дагъыстэнымрэ экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным ехьэлIа проект нэхъыщхьэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр