Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

2021 гъэм и бжьыхьэм цIыхухэр дзэм къулыкъу щащIэну
гъэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ
 
«Дзэ къулыкъумкIэ къалэнхэмрэ дзэм ­къулыкъу зэрыщащIэмрэ я IуэхукIэ» Феде­ральнэ законым тету икIи 1994 - 2003 гъэхэм къалъхуахэу зи ныбжьыр илъэс 27-рэ иримы­къуахэр икIи запасым щымыIэхэр 2021 гъэм и бжьыхьэм дзэм къулыкъу щащIэну гъэкIуэныр къызэгъэпэщын мурадкIэ унафэ сощI:
1. Къэщтэн мы Указым щIыгъухэу:
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм цIыхухэр дзэм гъэкIуэнымкIэ и комиссэм хэтхэр;
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ цIыху­хэр дзэм гъэкIуэнымкIэ я комиссэхэм хэтхэр;
2021 гъэм и бжьыхьэм дзэм къулыкъу щащIэну ираджэн хуей цIыхухэм я узыншагъэр къэзыпщытэну икIи абыхэм еIэзэну медицинэ IуэхущIапIэхэм я спискэр.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и муниципальнэ районхэм, къалэ округхэм щIы­пIэ унафэр зезыгъакIуэ я органхэм чэнджэщ етын 2021 гъэм и бжьыхьэм цIыхухэр дзэм гъэ­кIуэ­ныр ягъэува пIалъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и дзэ ко­мисса­риатым, Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и гъэзэщIакIуэ властым и органхэм ящIыгъуу къызэрагъэпэщыну.
3. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм, Урысей Федерацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм транспортым щыIэ и Налшык линейнэ къудамэм чэнджэщ етын цIыху­хэр дзэм ягъэкIуэну щызэхуашэс икIи командэхэр щрагъажьэ махуэхэм республикэм и зэхуэшэсыпIэ пунктхэм, гъущI гъуэгу станц­хэм, автовокзалхэм жылагъуэ хабзэр хъу­мэ­ныр къыщызэрагъэпэщыну.
4. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ЩэнхабзэмкIэ министерствэм хуэгъэувын цIыхухэр дзэм къулыкъу щащIэну зэрагъакIуэм пыщIа Iуэхухэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ­хэм къыщагъэлъэгъуэныр къызэригъэпэщыну.
5. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза ­махуэм щегъэжьауэ.
 
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
и Iэтащхьэ КIуэкIуэ  Казбек
Налшык къалэ
2021 гъэм фокIадэм  и 27-м
№104-УГ
Поделиться: