Зэдэлэжьэныгъэхэр зэтраухуэИджыблагъэ Къэзан щекIуэкIащ «Урысейр ислъамым и дунейщ: KazanSummit 2021» экономикэмкIэ XII-нэ дунейпсо зэхыхьэр. Ар къыщызэрагъэпэщащ «Казань Экспо» дунейпсо гъэлъэгъуэныгъэ центрым. Ди республикэм щыщу зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат, КъБР-м жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор, КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Ахубеков Шамиль сымэ. Хабзэ хъуауэ ирагъэкIуэкI зэхуэсыр Урысей Федерацэм и хэгъэгухэмрэ ислъамыр щызекIуэ къэралыгъуэхэмрэ экономикэ и лъэныкъуэкIэ щызэдэлажьэ утыкушхуэу къэплъытэ хъунущ. Абы къекIуэлIа псоми Iэмал яIэщ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэну щIыкIэр яубзыхуну, проект щхьэхуэхэр зэгъусэу къызэрагъэпэщынымкIэ зэгурыIуэну, къэралым и экономикэ Iэмалхэмрэ инвестицэ зыхэплъхьэ хъуну иIэхэмрэ ягъэлъэгъуэну. Къапщтэмэ, зэIущIэм и къалэн нэхъыщхьэ дыдэр сату-экономикэ, щIэныгъэ-техникэ, щэнхабзэ, нэгъуэщI лIэужьыгъуэхэмкIи зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэнырщ. Ди республикэм икIа гупыр абдеж лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ Болгар ислъам академием и ректор Тимерханов Айнур икIи зэгурыIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ студентитI Болгар академием и магистратурэм щIагъэтIысхьэну.
Поделиться:
Читать также:
25.10.2026 - 13:20 →
Узыгъэгупсысэ тхыгъэхэр
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
25.09.2026 - 12:26 →
Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ
16.09.2026 - 14:16 →
Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм яIущIащ
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
| ||




