Псоми я фейдэ зыхэлъ зэдэлэжьэныгъэ«Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и лэжьакIуэхэмрэ республикэм къыщыдэкI газет нэхъыщхьэхэм я унафэщIхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ IэнатIэхэм яку дэлъ зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным. ЗэIущIэр къыщызэIуихым «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур къыхигъэщащ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ тедзэнымрэ ахэр зэбгрегъэхынымрэ ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр, уеблэмэ ар лъэпкъ, политикэ Iуэхуу къызэрилъытэр. Абы щыгъуэми ибзыщIакъым пощтзехьэхэр къазэремэщIэкIым къыхэкIыу, ныкъусаныгъэ гуэрхэри щIэх-щIэхыурэ къазэрылъыкъуэкIыр икIи ахэр икIэщIыпIэкIэ гъэзэкIуэжа хъуным я нэIэ тет зэпыту зэрыщытыр.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|