Школхэр гъэ еджэгъуэщIэм хуагъэхьэзырКЪЭРЭШЕЙ-ШЭРДЖЭС. Республикэм и Iэтащхьэм и нэIэ щIэту йокIуэкI курыт школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуагъэхьэзырыр. ИджыкIэ школи 176-мрэ сабий IыгъыпIэу 134-мрэ къагъэщIэращIэ, зэлъыIуах. КъищынэмыщIауэ, IэщIагъэлIхэм къапщытэ зэрырагъаджэ тхылъхэмрэ щIэныгъэ-педагогикэ литературэкIэ школхэр зэрыхуэщIар. Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид и унафэкIэ, 5-9-нэ классхэм папщIэ сом 92 986-рэ и уасэ тхылъхэр къащэхуащ, ахэр къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ мыгувэу трагуэшэнущ. Гулъытэ хэха хуащI еджапIэхэр шынагъуэншэу щытыным, мафIэсым зэрыщахъумэ Iэмэпсымэхэр щIэшэным. Iэтащхьэм зэрыжиIамкIэ, дэтхэнэ школми щылэ-жьэн хуейщ хъумакIуэ-мафIэс сигнализацэр, полицэр къызэрыраджэ телефоныр, къэзыщIым и номер къызытридзэ телефон-автоматыр, видео камерэхэр, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|