Щэнхабзэм и лъэмыжМахуэшхуэ пшыхьхэр Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Хэкум и хъумакIуэм и махуэм ирихьэлIэу фэеплъ зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы щагъэлъэпIащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр. Университетым щылажьэ нэхъыжьыфIхэм нэмыщI, гуфIэгъуэм кърагъэблэгъащ КъБР-м и Ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ къудамэм и пашэ Абдуллаев Мустэфа, КъБКъУ-м и Ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шурдым Хьэсэн, дзэ къулыкъум къыхэкIыжа, 1-нэ рангым и капитан Сокъур Башир сымэ. Iуэхур яублэн и пэ къихуэу, зэIущIэм кърихьэлIахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ университетым и пщIантIэм дэт фэеплъым.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|