КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гъатхэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Зэрыхабзэу, ар Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ къызэIуахащ. ЗэIущIэм щIэсащ КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ - УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбийрэ УФ-м Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ.
ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ къытеувыIащ гъатхэ лэжьэгъуэм депутатхэм гулъытэ зыхуащIын хуей Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм.
- КъБР-м и Парламентым мы иджырей и зэхыхьэгъуэм и иужьрей гъатхэ лэжьэгъуэр нобэ къызэIудох. Ар къэтлъытэу, нэхъри зэщIэкъуауэ, жэуаплыныгъэ тхэлъу ди къалэнхэр дгъэзэщIэн хуейуэ къызолъытэ, - жиIащ Егоровэм. - Псом хуэмыдэу Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр тэмэму зэрекIуэкIынум ди нэIэ тетын хуейщ. ЗэрыфщIэщи, ди къэралым дежкIэ иджырей хэхыныгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэнущ, ди къэкIуэнур зыхуэдэнур игъэбелджылыуэ. Абы къыхэкIыу сыхуейт хэхыныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт и лъэныкъуэкIи законым тету къызэгъэпэщауэ щекIуэкIыну, дэтхэнэ хэхакIуэми и еплъыкIэр фIыуэ егупсысауэ къигъэлъэгъуэну. Апхуэдэуи адэкIэ пыт-щэн хуейщ дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дазэрыдэIэпыкъум. «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэр Къэбэрдей-Балъкъэрми къызэрыщызэIуахам и мызакъуэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ, республикэм щыдогъэзащIэ «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» зыфIэтща Iуэхури. Депутат къэс унагъуэ щхьэхуэхэм я нэIэ тетщи, адэкIи абы и лъэныкъуэкIэ дылэжьэн хуейщ. Ди лIыхъужьхэм яхуэфащэ гулъытэ егъэгъуэтыпхъэщ. Шэч хэмылъу, дызэлэжьын хуейхэм ящыщщ ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ тхъумэнымрэ ди щIалэгъуалэр хэкупсэу къэдгъэхъунымрэ. ЗэрыфщIэщи, Урысейм и Президентым и УнафэкIэ, 2024 гъэр Унагъуэм и илъэсу ягъэуващ. Ди пашэм Iэ щIидзащ бынунагъуэшхуэхэм зэрадэIэпыкъунум теухуа унафэм. Абы ипкъ иткIэ, бынунагъуэшхуэу Урысейм къыщалъытэ сабиищрэ нэхъыбэрэ зиIэхэр. Дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуащ къэралыр абыхэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэр. Абы щыгъуэми щIыналъэ къэс хуитщ бынунагъуэшхуэхэм зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм дыщIагъуну. Мы Iуэхум и лъэныкъуэкIи цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэр къэтлъытэу, жэрдэм къыхэтлъхьэну сфIэкъабылщ. КъищынэмыщIауэ, гъатхэ лэжьэгъуэм егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, цIыхухэм я псэукIэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ къыхэтлъхьэ дэтхэнэ законопроектри и кIэм нэдгъэсын хуейщ, зэхыхьэгъуэщIэм Iуэху ныкъуэщI къыхуэдмыгъанэу. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт депутатхэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм зэращыщыр, хэхакIуэхэм жаIэм едаIуэ къудей мыхъуу, зи гугъу ящI гугъуехьхэр зыхуэдэр зыхащIыкIыныр. Къыхэзгъэщынщи, лэжьыгъэ гугъу къытпэщылъщ, икIи дэтхэнэми и къалэныр зэригъэзащIэм теухуауэ щытынущ диIэну ехъулIэныгъэри.
ЗэIущIэм Налшык суд IуэхущIапIэ №15-м зэзыгъэкIуж хеящIэу щыхахащ Безрокъуэ Маринэ. Депутатхэр арэзы техъуащ «КъБР-м юридическэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэу зэрыщратым теухуауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ, «КъБР-м туризмэм зыщегъэужьыным ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» «КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ ехьэлIа Iуэхухэр къыщызэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 6, 9-хэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законхэм я проектхэм.
Ульбашев Мухьэрбий зэIущIэм къыщызэщIикъуэжащ 2023 гъэм и бжьыхьэ лэжьэгъуэм зэфIагъэкIа Iуэхухэр. Сенаторым зэрыжиIамкIэ, къалэн нэхъыщхьэу ягъэзэщIахэм ящыщщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ IэмалыщIэхэр яубзыхуу къызэращтэжар. Псалъэм папщIэ, ахэр пенсэ ахъшэкIэ къызэгъэпэщыныр, егъэджэныгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ ехьэлIауэ хуэгъэкIуатэ щыIэхэр нэхъыбэ яхуэщIыныр зрагъэхъулIащ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм Iэмал яIэщ еджапIэ нэхъыщхьэхэм квотэ щхьэхуэхэмкIэ щIэтIысхьэну, я бынхэр чэзум хэмыту школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ къащтэну. 2024 гъэм и кIэ пщIондэ СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ятелъ кредит щIыхуэр щамыт я пIалъэм хущIагъуащ. Ульбашевым къыхигъэщащ КъухьэпIэ къэралхэр Урысейм зэран къыхуэхъуну иужь щит зэман мытыншым хэту 2024 гъэм и бюджетыр зэхагъэувэн хуей зэрыхъуар, ауэ гугъуехьхэм емылъытауэ, республикэм и бюджетыр зыхуэдэ хъуам арэзы укъызэрищIыр. Апхуэдэу бюджетым къыдыщIагъум процент 12-кIэ хагъэхъуащ, икIи сом мелард 20-рэ мелуан 200-м щIигъу ар хъуну къабжащ. Сенаторым жиIащ, лъэпкъ Iуэхухэм хыхьэу, 2023 гъэм республикэм щIыналъэ проект 45-рэ зэрыщагъэзэщIар, псоми зэхэту сом мелард 12 я уасэу.
Ульбашев Мухьэрбий фIыщIэ псалъэхэр яхужиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым, республикэ унафэщIхэм, адэкIи жыджэру зэдэлэжьэну зэригуапэри дыщIигъуащ.
ЗэIущIэм хэтахэр едэIуащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм 2023 гъэм зэфIигъэкIами.
Унагъуэхэм щызекIуэ хабзэхэр Урысей Федерацэм нэхъ быдэ щыщIыным теухуауэ къэралым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ зэIущIэм и Iуэху еплъыкIэ къыщигъэлъэгъуащ «Родина» урысейпсо политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщI, сымаджэ хьэлъэхэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ «Милосердие 07» IуэхущIапIэм и унафэщI Кузьминов Олег.