Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм я фащэхэр ядынущ

Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Къэщкъэтау жылэм «ВоенТекстильПром»-м и къудамэ дэрбзэр IуэхущIапIэ дызэрыт илъэсым и япэ мазищым къриубыдэу къыщызэIуахыну загъэхьэзыр. Абы метр зэбгъузэнатIэ минищым щIигъу иубыдынущ икIи лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэрагъэпэщынущ цIыхуи 150 - 200 хуэдиз.

Дэрбзэр IуэхущIапIэм и IуплъапIэр зыхуей хуэгъэзэнымрэ унащхьэр телъхьэнымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр и кIэм нагъэблэгъащ. Иджыпсту ухуакIуэхэм еужьэрэкIыу пэш кIуэцIхэр къращIыкI. Ар зэрызэфIэкIыу абыхэм щIагъэувэнущ иджырей мардэм къитIасэ дэрбзэр Iэмэпсымэхэмрэ зыхуеину нэгъуэщI обрудованэхэмрэ.

IуэхущIапIэм щадынущ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм, полицэм, МЧС-м, нэгъуэщIхэми я фащэхэмрэ лэжьыгъэкIэ къагъэсэбэп щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэмрэ.

ХЬЭЩОКЪУЭ Анзор.
Поделиться: