Зи усыгъэр щыгъэу зэрылъэлъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Урысей Федерацэм, хамэ хэгъуэгу куэдми щыцIэрыIуэ усакIуэшхуэ Къэшэж Иннэ псэужатэмэ, мы мазэм илъэс 80 ирикъунут. Иннэ Москва къыщалъхуами, и адэ Инал ди къуажэгъут, езыри апхуэдизкIэ гурэ псэкIэ ди къуажэм къыкIэрыпщIауэ щытащи, дыдей дыдэу фIэкIа зэи тлъытакъым, илъэс бжыгъэ дахэ ирикъухукIи абы теухуа пшыхьхэр едгъэкIуэкIащ. Апхуэдэ Iуэху дахэ екIуэкIащ иджыблагъи.

 ЩэнхабзэмкIэ унэм и сценэм деж фIэлът Иннэ и сурэтыр. Сценэм ит адыгэ Iэнэ лъакъуищым шылэ хъарыр къепхъухащ, Иннэ и тхылъыщIэ иджы къыдэкIахэр, адыгэ пыIэ, къамэ телъхэщ. Ахэр псори Иннэ и усэхэм къыхэкIа хуэдэщ…

Пэшым щIэсщ ди хьэщIэ лъапIэхэр: Налшык, Шэрэдж куейм, КъалэкIыхьым (Прохладнэ), Дзэлыкъуэкъуажэ къикIахэу, егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, Къэшэж лъэпкъым и лIыкIуэхэр, Иннэ и творчествэр фIыуэ зылъагъу къуажэдэсхэр. Абыхэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Дэхъушокъуэ Исмэхьил, тхакIуэ, журналист, я уней тхылъ тедзапIэм и унафэщI Котляровэ Марие, Шэрэдж куейм къикIа хьэщIэхэр, къуажэ администрацэм и унафэщI КIуэкIуэ Ахьмэд, нэгъуэщIхэри.

Прохладнэ къалэм дэт ГъуазджэмкIэ сабий унэм и унафэщI Перегудэ Наталье и гъэсэнхэр и гъусэу ди хьэщIащ а пщыхьэщхьэм. ЕджакIуэхэр Къэшэж Иннэ и усэхэм къеджахэщ, езы Наталье къуажэдэсхэм псалъэ дахэкIэ зыкъытхуигъэзащ икIи Махотэ Вероникэ ищIауэ Иннэ и сурэт тыгъэ къытхуищIащ, Къэшэжым и плIанэпэ илъэс зыбжанэ хъуауэ къыщызэдгъэпэща школ музейм щIэтлъхьэну.

- Мы сурэтым и гъусэу ди псэм щыщ Iыхьи къыщыдогъанэ фIыуэ тлъагъу усакIуэшхуэм и щIыналъэм, - жиIащ абы.

Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIащ Къэшэж Иннэ и усэхэр, поэмэ псори щызэхуэхьэса тхылъ, томитI хъууэ. Марие а къыдэкIыгъуэм гуапэу къытхутепсэлъыхьащ, тхылъхэри къытхуишащ, къуажэм дэт еджапIищымрэ библиотекэмрэ папщIэ.

- Си гуапэщ мыпхуэдэ Iуэхугъуэ дахэм сыкъызэрырихьэлIар. Шэрэдж щIыналъэм къыбгъэдэкIыу сэлам гуапэ фызох. Къэшэж Иннэ и творчествэр фIыуэ долъагъу, - жиIащ а районым и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Байсиев Хьэрун. - «Возьми меня в Балкарию» уэрэдым и закъуэ сыт и уасэ! Ди балъкъэр къуажэ Бабугент и уэрамхэм ящыщ зым Къэшэж Иннэ и цIэр фIэтщащ. ЦIыху псори зэхуэдэкъым. «Адыгэ усакIуэм и цIэ щхьэ ди уэрамым зэрихьэн хуей?» - къызжезыIа щыIэщ. Абы сеупщIащ: «Уигу ирихьрэ «Возьми меня в Балкарию» уэрэдыр?» - «НтIэ». - «ПщIэрэ а уэрэдым и псалъэхэр зытхар?» - «Хьэуэ» - «НтIэ, умыщIэмэ, Къэшэж Иннэщ зытхар». - «НтIэ а жыхуэпIэм памятник хуэгъэувын хуейщ!» - къызжиIащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а усэр Иннэ щитхар ди щIыпIэ дахэхэм щыщыIа зэманырщ.

 Апхуэдэ пслъэ гуапэхэм иужькIэ Хьэрун къармэхьэблэдэсхэм сурэт дахэ тыгъэ къытхуищIащ.

Ди еджакIуэхэм усэрэ уэрэдкIэ ягъэдэхащ зэхуэсыр. Ди пшыхьыр апхуэдэу яIэтащ Алмэ зэшыпхъу-пшынауэхэм, ЩэнхабзэмкIэ унэм зыщызыгъасэ къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм, усакIуэм и пшыхьыр къыддагъэлъэпIэну къэкIуа уэрэджыIакIуэхэм.

Иннэ къызыхэкIа лъэпкъым къыбгъэдэкIыу Къэшэж Абу пшыхьым къекIуэлIа псоми фIыщIэ яхуищIащ. Ди гуапэщ зи усыгъэр щыгъэу зэрылъэлъ ди лъахэгъу усакIуэм жылагъуэм ноби пщIэрэ гулъытэрэ зэрыщигъуэтыр.

ЛЫХЬ Людмилэ. Къармэхьэблэ къуажэ.
Поделиться: