ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Оперативнэ штабыр республикэм  щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ йохъуэхъу  Хэкум и хъумакIуэм и махуэмкIэ икIи ахэр къыхуреджэ сакъыну, терроризмэм зыщыхъумэнымкIэ  хабзэхэр ягъэзэщIэну:  
– щытыкIэ къызэрымыкIуэхэр, дыкъэзыухъуреихьхэм я дежкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъунухэр къэвмыгъэхъу; 
– автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;  
– хьэпшыпхэм, автомашинэхэм шэч яхуэфщIамэ, апхуэдэуи теракт ирагъэкIуэкIыну мурад зэраIэм, къагъауэ Iэмэпсымэхэр, пкъыгъуэхэр цIыхухэм зэраIыгъым фыщыгъуазэмэ, щIэпхъаджагъэ лэжьыным пыщIахэм ятеухуа хъыбар гуэр къыфIэрыхьэмэ, хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ экстреннэ  къулыкъущIапIэхэмрэ икIэщIыпIэкIэ хъыбар евгъащIэ;
– хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ цIыху куэд щызэхуэс Iуэхухэр щекIуэкIкIэ хабзэр къызэгъэпэщынымкIэ жэуап зыхьхэмрэ къагъэувхэр вгъэзащIэ.
Дэтхэнэ зы хъыбарри нэсу къапщытэнущ, къаIэрыхьа псоми ятеухуа Iуэхухэр зэфIагъэкIынущ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщын папщIэ.  
Шэч зыхуащIхэм ятеухуа хъыбарыр КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым къезыгъэщIахэм я цIэ къраIуэнукъым, апхуэдэуи республикэм щыпсэухэм фIыщIэ хуащI зэрызэхащIыкIым папщIэ.   
«Линэ пщтыр» телефонхэр:
– КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым: 48-15-48; 
– Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм: 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
– КъБР-м щыIэ МВД-м: 40-49-10 (плъыр часть), 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
– Урысейм и Сдественнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм:  77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
–  Урысей МЧСМ-м и Управлен нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм: 39-99-99 (плъыр часть).
 

 

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штаб
Поделиться: