ЩIэныгъэм гъунэ иIэкъым

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ЗыужьыныгъэмкIэ и утыкум («Точка кипения») Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. «Сбербанк»-м и лэжьакIуэхэм я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща а Iуэхур теухуат щIалэгъуалэм хьэрычэтыщIэ IэнатIэхэр къызэрызэIуахыфыну щIыкIэм, къыщегъэжьэн хуейм, зэрызаужьыну щIыкIэхэм.

КъБКъУ-мрэ «Сбербанк»-мрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэмрэ «Университет технологие хьэрычэтщIэным и утыкур» къэралпсо пэхуэщIэмрэ япкъ иткIэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм жэрдэмым къигъэув Iуэхугъуэхэм, зыхуигъэувыж къалэнхэм ятеухуауэ къыщыпсэлъащ КъБКъУ-м ЩIэныгъэ-техникэ къэхутэныгъэхэмрэ егъэджэныгъэр зэпымыууэ зэтеублэнымкIэ и къудамэм и унафэщI Махиевэ Танзиля. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, КъБКъУ-р зи цIэ къитIуа къэрал пэхуэщIэм къигъэув Iуэхугъуэхэр зэфIихыну пщэрылъ зыщызыщIыжа еджапIэ нэхъыщхьэ 60-м языхэзщ. А пэхуэщIэм ипкъ иткIэ КъБКъУ-м зыбжанэ лъандэрэ щолажьэ IэщIагъэхэмкIэ Центр.

«IэщIагъэхэмкIэ Центрыр – ди щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ есэныгъэхэм зыщрагъэужь, хуей хъумэ, а есэныгъэхэр щаузэху икIи кIуапIэ щрат щIыпIэщ. Дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми Iэмал иIэнущ бжыгъэрылъанэр зи лъабжьэ уней напэкIуэцI Центрым интернетым щиIэ сайтым къыщызэIуихыну, и зэфIэкIхэмрэ къэхутэныгъэхэмрэ абдеж къыщрилъхьэу лэжьакIуэ къэзылъыхъуэхэм закъригъэцIыхуну. Апхуэдэу ди Центрым зыхуигъэувыж къалэнхэм хохьэ Iуэху зехьэкIэмкIэ, лэжьыгъэ унэтIыкIэмкIэ щIалэгъуалэм щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэныр, нобэрей гъащIэмрэ IэнатIэм игъуэта зыужьыныгъэмрэ ятеухуауэ щыIэ есэныгъэхэр егъэфIэкIуэныр, зэгъэзэхуэныр, IэмэпсымэщIэхэмрэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмрэ хэлъхьэныр. Дэ иужь дитщ зэредгъаджэ программэхэр soft skills-кIэ жыпхъэм итлъхьэну, сыту жыпIэмэ абы Iэмал къыдитынущ ди лэжьыгъэр университетым щIэныгъэ гуэдзэмрэ еджэныгъэмрэ ятещIыхьа и программэ нэхъыщхьэхэм хигъэувэну. Университетым зэрыригъаджэ программэхэм IэщIагъэмкIэ есэныгъэхэр къыуату щытмэ, дэ дызэрылажьэ программэхэм ныбжьыщIэр щыгъуазэ зэрыхъуар и напэкIуэцIым къыщигъэлъэгъуэфмэ, абы IэнатIэ зэригъуэтынум шэч хэлъкъым. Ар гурыIуэгъуэщ – лэжьакIуэ къэзылъыхъуэ IуэхущIапIэхэмрэ хьэрычэтщIакIуэхэмрэ зыхуейр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ къудейкъым, атIэ а щIэныгъэр Iуэхум хипщэу IэнатIэр къэзыIэтынщ. Арыххэуи, IэщIагъэхэмкIэ Центрыр къызэгъэпэщыным и мыхьэнэр мы къыжысIахэм къаIуатэ. Мы къыхэзгъэща Iуэхугъуэхэми, абы къадэкIуэу щIалэгъуалэм я жэрдэмхэм, хьэрычэтыщIэ гукъэкIхэм гъуэгу ягъуэтын папщIэ «Сбербанк»-м и IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкI. Куэд щIакъым «Уи къэкIуэныр уи IэкIэ ухуэ» IэнатIэгъэпс джэгукIэ гъэщIэгъуэныр зэредгъэкIуэкIрэ. Ар теухуат ныбжьыщIэхэм хьэрычэт щIэным хуэунэтIауэ ябгъэдэлъ зэфIэкIхэмрэ есэныгъэхэмрэ зегъэужьыным, псэлъэкIэмрэ Iуэху щIэкIэмрэ щыгъэгъуэзэным. «Сбербанк»-м дэлэжьэныр еджакIуэхэм финанс щIэныгъэ етыным хуэгъэза тхьэмахуэм кърыдогъэубыдэ, а жэрдэмыр къыхэзылъхьэри егъэкIуэкIынымкIэ щIэгъэкъуэн хъури УФ-м Финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэрщ, «Сбербанк»-р абы и IуэхущIэгъу нэхъыщхьэщ», – жиIащ Махиевэ Танзиля.

«ЩIэныгъэм гъунэ иIэкъым. ЗэIущIэхэм къищынэмыщIауэ, пэIудзауэ дерсхэр щедгъэкIуэкI куэдрэ къохъу. Ар ди гъащIэм къыхыхьа щIэхэм ящыщщ. Апхуэдэу пщIэ зыщIамыт вебинар зыбжанэ екIуэкIащ. «Дауэ ахъшэр зэрыпхъумэнур икIи зэрыбгъэбэгъуэнур» фIэщыгъэр зиIэ а вебинарым и лэжьыгъэм хэтащ КъБКъУ-м цIыхубэ хуитыныгъэмкIэ, экономикэмрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ и къудамэм щIэс ныбжьыщIэхэр. Къыхэгъэщын хуейщ а Iуэхугъуэхэм хэтахэр Сбербанкым и Ипщэ-КъухьэпIэ банкым иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэхэм зэрыщытекIуар, абы и стипендиер мызэ-мытIэу къызэрахьар. Апхуэдэ зэIущIэ щхьэхуэ къыхузэрагъэпэщауэ щытащ хамэ къэрал щыщу ди деж щеджэ щIалэгъуалэм папщIи. ЩыIэщ нэгъуэщI лэжьыгъэ лIэужьыгъуэ куэд – дэтхэнэми гулъытэ хэха ди еджапIэм щыхудощI, зэрыдгъэкIуэтэнуми дыщыхущIокъу», – къыпищащ и псалъэм Махиевэм.

«Сбербанк»-м и IэщIагъэлIхэр зэIущIэм щытепсэлъыхьащ еджапIэр къэзыух икIи лэжьыгъэ къэзылъыхъуэ щIалэгъуалэм я кIэн къыщикIынкIэ хъуну IэнатIэхэм. «Япэ лъэбакъуэр сыт щыгъуи чыгъуейщ, уеблэмэ дзыхьщIыгъуэджэу къэзылъытэхэр мащIэкъым. Ди щIыпIэм щыпсэухэм къызэралъытэмкIэ, Iуэху къызэрызэбгъэпэщын мылъку убгъэдэмылъмэ, хьэрычэтщIэным ухэмыхьэмэ нэхъыфIщ, ухисхьэнущ. А щхьэусыгъуэ дыдэр тегъэщIапIэ хуохъу банк IуэхущIапIэхэм ахъшэ къеIыпхмэ, яхуэмыпшыныжыну жаIэу цIыхухэр зэрагъащтэм. Дауи, къегъэжьапIэ ухуейщ. Ауэ ахъшэрагъэнукъым нэхъыщхьэ дыдэр, атIэ тегушхуэныгъэмрэ щIэныгъэмрэщ. Иджырей бизнес-технологиехэм щIэныгъэр Iэмалыншагъэу къагъэув, ехъулIэныгъэ уиIэн щхьэкIэ къызэрыгуэкI пэублэ есэныгъэхэр уеджэурэ зэбгъэгъуэтын хуейщ. XXI лIэщIыгъуэм щIэныгъэ уимыIэу зы Iуэхуи къыпхузэгъэпэщынукъым икIи пхудэхынукъым. Абы гупсысэр еувалIэмэ, сыт хуэдэ жэрдэмри гъащIэм хыупщэфынущ, – жиIащ «Сбербанк»-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБКъУ-р къэзыуха Уэзрокъуэ Азэмэт. – ХьэрычэтыщIэ IэнатIэм зыщыбужьын щхьэкIэ, IэнатIэщIэхэр къызэIупхын папщIэ, лъэбакъуэу пчыфынур уи нэгу къыщIыхьэу, зы Iуэхум адэкIэ къыкIэлъыкIуэнур гурыгъуазэу къыпхуэщIэу зэхэщIыкI уиIэн хуейщ. Ар къыбдалъхуауэ щытыпхъэ хьэлкъым, ар щIэныгъэ зрагъэгъуэткIэ къагъэIурыщIэ есэныгъэщ. Фи нэгу къыщIэувэ Iуэхугъуэм ищхьэкIэ фыкъыхэплъэфу, лъэбакъуэ зырызыххэу ар зэрывгъэкIуэтэным хуэдэу зэпкърыфхыфу, Iуэхум хэпшэ хъунухэр къыхэфхыфу зевгъасэ. КъомыхъулIэмэ – Iуэхур IэщIыб щIын хуейуэ аракъым, атIэ ар зы лъэбакъуэу къэлъытауэ адэкIэ ущIэкIуэтэн щхьэусыгъуэу къыплъыкъуэкIауэ аращ».

Апхуэдэу Уэзрокъуэ Азэмэт «Сбербанк»-м къызэригъэпэща, егъэджэныгъэм пыщIа программэхэм я гугъу ищIащ. Псалъэм къыдэкIуэу, «ЕджапIэ 21» зи фIэщыгъэ программэм ипкъ иткIэ ныбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэ хыхьэну, абы иужькIэ курс кIэщIхэм хыхьэу программист IэщIагъэр зрагъэгъуэтыну Iэмал зэраIэр къыхигъэщащ.

Псалъэмакъ нэхъыщхьэхэр зэфIэкIа нэужь, хьэщIэхэмрэ хэгъэрей ныбжьыщIэхэмрэ зэуэршэрылIащ, зыгъэпIейтей упщIэхэм я жэуапхэр зэIэпахащ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться: