Егъэджэныгъэм зэрызрагъэужьыр

КъБР-м и Правительствэм щекIуэкIащ егъэджэныгъэм зегъэужьынымкIэ 2030 гъэ пщIондэ ящIапхъэхэмрэ Егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм 2023 гъэм къри­убыдэу илэжьахэр къапщытэжынымрэ ятеухуа зэIущIэ. 

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий ар къыщызэIуихым и гугъу ищIащ егъэджэныгъэм и мыхьэнэм, ди республикэм абы и щыты­кIэр щегъэфIэкIуэным сэбэп хуэхъу Iуэхугъуэхэм. 
- «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ про­ектым и фIыгъэкIэ Iуэхур зыкъомкIэ ефIэкIуащ. Илъэс къэс республикэм щаухуэ школыщIэхэр, сабий садхэр, егъэ­джэныгъэм и IуэхущIапIэхэр зыхуей хуагъазэ, зэрахьэ, зэрагъэпэщыж. 
2023 гъэм фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм къы­щы­зэIуахащ еджакIуэ 1785-рэ зы­щIэхуэ школищ - ахэр дэтщ Нарткъалэ, Прохладнэ, Куба. Мы гъэм и бжьыхьэм Налшык, Бахъсэн, Май, Прохладнэ къалэхэм, Красносельскэ, Сэр­макъ, Псынабэ къуажэхэм лэ­жьэн щыщIадзэнущ курыт еджа­пIэщIэхэм. Абыхэм екIуэ­лIэнущ еджакIуэ 4539-рэ. Аргуэру 2025 гъэм абыхэм къахыхьэнущ цIыкIу 5150-рэ зы­щIэхуэну школибгъу. Иужьрей илъэситIым къриубыдэу зэрахьащ школ 60, иджыри 2026 гъэ пщIондэ зыхуей хуагъэзэнущ 50 хуэдиз. 
Егъэджэныгъэм и къэухьыр школ ухуэныгъэхэм къыщыувыIэркъым, дауи. Иужьрей илъэсхэм школакIуэхэм папщIэ къызэIуах иджырей техноло­гиехэр зыхэт егъэджапIэхэр. Апхуэдэщ «Точка роста» цент­рыр, «Кванториум», «IT - кубы» технопаркхэр. Физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ сабийхэр дегъэхьэхынымкIэ Iэмалхэми зэпымыууэ къахохъуэ, щIэныгъэ куу зиIэ IэщIагъэлIхэр республикэм иIэщ. Егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм зыуэ щыт я федеральнэ системэ мэлажьэ, щIэныгъэ-методикэ Iэмалхэр и нэIэ щIэту. Абы егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм зэпымыууэ щыхагъахъуэ, - жиIащ Мусуковым. 
Правительствэм и Унафэ­щIым къыхигъэщащ егъэджэ­ны­гъэм хэтхэм я улахуэр хэгъэхъуэным, сабийхэр зэреджэн тхылъ къахуэщэхунымрэ школым щыгъэшхэнымрэ илъэс къэс мылъку щхьэхуэ зэрыхухахыр. 
- Егъэджэныгъэр зыхуей хуэ­зэу къызэгъэпэщынращ республикэм мылъку нэхъыбэ зытригъэкIуадэр. Абы и щхьэ­усыгъуэри гурыIуэгъуэщ - егъэ­джэныгъэр фIэкIыпIэ зимыIэ Iуэхущ. Пэжщ, къызыхуэтыншэу дызыхуей псори зэпэщ хъуа­къым иджыри, лъэпощхьэпохэри щыIэщ, егъэфIэкIуапхъэр куэд мэхъу. Абы и лъэныкъуэкIэ къыхэгъэщыпхъэщ гъэсэныгъэ, егъэджэныгъэ IэмалыщIэ­хэр къэгъэунэхуныр; зэфIэкI зиIэ щIалэгъуалэм щхьэж зыхэ­зэгъэну унэтIыныгъэкIэ ядэлэ­жьэныр, сабийхэм заужьыным пасэу гулъытэ хуэщIыныр, - жиIащ Мусуковым. 
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор илъэс кIуам ялэжьахэм теухуауэ къыщыпсалъэм, къыхигъэщащ ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ягъэува 2023 гъэм егъэджэныгъэм и Iэмалхэр егъэфIэкIуэным теухуа­уэ ягъэзэщIа проектхэр; сабий зэчиифIэхэм гъуэгу езыт Iуэхугъуэхэр; зэпымыууэ ирагъэ­кIуэкIа республикэ, щIыналъэ зэхьэзэхуэхэмрэ олимпиадэ­хэмрэ. 
Илъэсым республикэм ще­кIуэ­кIа егъэджэныгъэ Iуэху­гъуэхэм хэтащ цIыху мин 20-м щIигъу. КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къыбгъэдэкI щIыхь дамыгъэхэр хуагъэфэщащ цIыху 400-м нэблагъэм. 
Мыхьэ­нэшхуэ иIэу республикэм ще­кIуэкIа Iуэхухэм ящыщу министрым къыхигъэщащ егъэ­джэ­ныгъэ IуэхущIапIэхэм я уна­фэщI­хэр зыхэта «Егъэ­джэ­ны­гъэр: къэкIуэнум теухуа еп­лъыкIэ» зэхыхьэр, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэIущIэр, егъэджэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм я «ЕгъэджакIуэр классым щIэмысу» сурэт зэпеуэр, Налшык и школ №33-м и пщIантIэм егъэджакIуэм и фэеплъ къызэ­ры­щызэIуахар, нэгъуэщIхэри. 
- ЕгъэджэныгъэмкIэ, сабий зэчиифIэхэр тегъэгушхуэнымкIэ мыхьэнэ ин иIэу къыдолъытэ «Антарес» щIыналъэ центрым. Илъэс кIуам щхьэж зыдихьэх и лъэныкъуэкIэ абы зыщрагъэужьащ школакIуэ 900-м щIигъум. 2023 гъэм «IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр»  федеральнэ пэхуэщIэм къытепщIыкIыжащ «Профессионалитет» проектыщIэр. Республикэр хэтащ федеральнэ щIэныгъэ грантхэм я зэпеуэ­хэм. 
Урысей щIэныгъэ фондым щIэ­ныгъэ къэхутэныгъэхэр къы­­зэгъэпэщыным хухихащ сом мелуани 2,2-рэ. Абы республикэми мылъку хилъхьэжащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и ­саугъэтыр хуагъэ­фэщащ щIэныгъэлI ныбжьы­щIэу тхум. Республикэм и егъэджакIуэ ­нэхъыфIхэм текIуэныгъэхэр, ехъулIэныгъэхэр щы­зыIэ­ра­гъэхьащ федеральнэ мы­хьэнэ зиIэ зэпеуэхэм, - жи­Iащ                      Езауэм. 
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, егъэджэныгъэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым хуабжьу зыщиужьа пэтми, иджыри гулъытэ хуэныкъуэ, Iэмал щхьэ­хуэхэр къызыхуэгупсысыпхъэ Iуэхугъуэхэри щыIэщ. 
Езауэ Анзор тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэм зегъэужьы­ным теухуауэ 2030 гъэм нэсыху яIэ къалэнхэмрэ мурадхэмрэ. Гулъытэ хэха хуащIынущ егъэ­джэныгъэ утыкушхуэ ухуэным, бжыгъэхэм тет технологиехэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм егугъуным, сабийхэм зэрадэ­лажьэ IэмалыщIэхэр гъэунэху­ным, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ пэхуэщIэхэм. АдэкIи пащэнущ егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм хагъэхъуэным, щIэблэр хэкуп­сэу къыдэгъэкIуэтеиным егу­гъу­ным, къалащхьэм пэжыжьэ къуажэхэм щыщ сабийхэм зыщрагъэужь IуэхущIапIэхэр къызэгъэпэщыным, зи узыншагъэр мыщIагъуэхэмрэ унэм щIэсу ирагъаджэхэмрэ ядэIэ­пыкъуным. 
ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ зи гугъу ящIа Iуэхухэм зэреплъыр, упщIэ зиIахэм министрым жэ­уап яритащ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ. 

Поделиться: