СурэтыщI, егъэджакIуэНалшык дэт Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ музейм Нарткъалэ щыщ сурэтыщI Чернощёковэ Ольгэ и IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ. Ар IэщIагъэм зэрыхэтрэ илъэс 30 зэрырикъуам теухуащ. Чернощёковэр сурэтыщIу, утыкур гуащэхэмрэ хьэпшыпхэмкIэ игъэщIэращIэу щолажьэ Нарткъалэ дэт ЩIалэгъуалэ театрым, Сабий художественнэ школым, Налшык щыIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ ГъуазджэмкIэ школ №2-м гъуазджэр щрегъэдж. Музейм и пэшитIым щагъэлъагъуэ хьэпшыпхэр 50-м ноблагъэ. Абыхэм яхэтщ театрым зэрыщыджэгу фэилъхьэгъуэхэр, гуащэхэр, хьэпшыпхэр, сурэтхэр, эскизхэр. Гуащэхэм яхыболъагъуэ таурыхъхэм, литературэ тхыгъэхэм къыхэщыж лIыхъужьхэри. Бзылъхугъэм щIыуэпсыр, цIыхухэр къызыхэщ сурэтхэр, натюрмортхэр и куэдщ.
Поделиться:
Читать также:
10.11.2026 - 17:30 →
Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и щIыхькIэ
08.11.2026 - 12:10 →
УсакIуэм и фэеплъу
26.10.2026 - 16:04 →
Къафэр зи псэм хэлъ
27.09.2026 - 10:00 →
Адыгэ фащэр зи IэщIагъэ
13.09.2026 - 13:29 →
И адэм и щIэинхэмкIэ музейм хуоупсэ
| ||




